Календарь событий

28 февраля 2023

ЕгъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ я илъэсым пожьэ

НыбжьыщIэхэм я республикэ библиотекэ Мечиев Кязым и цIэр зезыхьэм щекIуэкIащ усэ къеджэнымкIэ «Сегодня славим мы учителей» зэпеуэр. Ар къызэрагъэпэщащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и нэIэм щIэту, егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ я илъэсым и щIыхькIэ.
 Я ныбжькIэ зэхуэмыдэу еджакIуэ 45-р мы зэхьэзэхуэм я зэфIэкI щеплъыжащ. Ахэр къеджащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и иджырей усакIуэ пажэхэм, лъэпкъ литературэхэм я классикхэм адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ ятха усэхэм.

Гуауэм зэкъуигъэуващ

Иужьрей махуэхэм дуней псор зыгъэгумэщIыр Тыркумрэ Сириемрэ щIыр шынагъуэу зэрыщыхъеярщ, абы кърикIуа насыпыншагъэхэрщ. Тыркум щIыр щыхъеям хиубыдащ Мараш къалэм къегъэщIылIа адыгэ къуажэ 40-м нэблагъэ. Кахраманмараш къегъэщIылIа Къаншыуей, Инаркъуей, Ендэрей, Анзорей, Маргъущей, Къамшыкъей адыгэ жылэхэм, нэгъуэщIхэми лъапсэхэр щызэтекъутащ, унэ куэд щIым щыщ хъужащ. НобэкIэ къызэрабжам тепщIыхьмэ, унэ къэуахэм щIипIытIауэ къагъуэтыжащ адыгэу I50-м щхьэдэх. Абыхэм яхэтщ зэрыунагъуэу хэкIуэдахэр. И щхьэр ерагъыу зыхъумэж адыгэ лъэпкъым аргуэру хэщIыныгъэшхуэ къылъыкъуэкIащ.

Щэху

Гупсысэр-псалъэкIэ

Онлайн сатур гъавэхэкIым

 ФIагъ лъагэ зиIэ ерыскъыхэкIхэр цIыхухэм зыIэрагъэхьэн папщIэ, абыхэм фермерхэр яIугъэщIэн хуейщ. Сыту жыпIэмэ. гъавэхэкI е IэщхэкI ирехъу, дапхуэдизу ахэр мыгурыхьми, здэщыIэр зымыщIэм дауэ ахэр зэрызыIэригъэхьэнур?
А къалэным зэрыпэлъэщ щIыкIэм топсэлъыхь Урысей мэкъумэш банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Сокъур Алим.

Лъэпкъыбзэр щэнхабзэм и къежьапIэщ

Дэтхэнэ зы лъэпкъми, и инагъ-цIыкIуагъым емылъытауэ, езым и бзэ иIэж хабзэщ. Ар жьэрыIуатэбзэуи тхыбзэуи щытынкIэ мэхъу. Абыхэм хуэм-хуэмурэ заужь, ахэр жыпхъэщIэхэм йохьэ, йофIакIуэ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, лъэпкъ псоми зэхуэдэу заужьыркъым, атIэ зыгуэрхэр япэ йощ, языныкъуэхэр яужь къонэ. Ар апхуэдэу щIэхъум щхьэусыгъуэ зыбжанэ иIэщ, ауэ нэхъыщхьэр лъэпкъ щхьэхуэхэм я цIыху пэрытхэр езыхэр къызыхэкIа лъэпкъым зэрытелажьэрщ, абы и зыужьыныгъэм гулъытэ зэрыхуащIырщ.

ИгъащIэкIэ тIорысэ хъунукъым

Китайм къыщагупсысащ игъащIэкIэ узрикъу сабын. Пэжщ, ар жырым къыхэщIыкIащ икIи игъэкIуэдыр фIейракъым, атIэ мэрщ. Сабыныр къахуэсэбэпыну жаIэ мэ гурымыхь кIуэдыгъуейхэм зэпымыууэ хэтхэм. Псалъэм папщIэ, бжьыныхумэр зэуэзэпсэу егъэкIуэдыф.
Израилым къыщагупсысащ хьэуам псы къыхэзыш Iэмэпсымэ. Iэмэпсымэм и фIыгъэкIэ, хьэуа щыIэхуи псыи щыIэнущ. ЩIэныгъэлIхэм къагупсыса Iэмэпсымэм хьэуар щIыIэ ищIурэ кърехуэкI, апщIондэхункIэ игъэкъабзэурэ и псыIагъэр къыщIеш. Хэт емыфэнрэт хьэуам къабзэу къыщIакъузыкIа псы!

Напэм къыщыщIэдзауэ кIапэм нэс ящэ

Куэбжэм укъызэрыдэбэкъукIыу, занщIэу узыкIэрыхьэ Iуащхьэ хъуреишхуэр щхъуантIэ дахэу щытащ, укIэрыплъэн къудейр гухэхъуэу. Унагъуэхэм къыдаутIыпщыкIа шкIащIэ, танэ къэжэпхъахэм я хъупIэр бэгъуат. Удзымэр къыпIурыуэрт зыщумыгъэнщIу... Иджы нэгъуэщIу зихъуэжащ а щIыпIэ дахащэр къыумыцIыхужыну, дыгъэм илыпщIа къум нэщIым ещхьу, плъыжьыфэ хъуащ.

МардэщIэхэр и лъабжьэу

Iуащхьэмахуэ районым хыхьэ Эльбрус жылагъуэм иджырей жыпхъэхэм тету амбулаториещIэ щаухуэ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм цIыхухэм япэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэхэр щрат и IуэхущIапIэхэр къэгъэщIэрэщIэжын» щIыналъэ программэмкIэ.

ЩIалэгъуалэм гъуэгу яхухеш

КъэкIуэнур зейр щIалэгъуалэр зэрыарар, ахэр лъэпкъым и гъащIэм къыпызыщэ къарууэ зэрыщытыр, еджэну, лэжьэну гукъыдэж зиIэм узэрыдэIэпыкъур псыхэкIуадэ зэрымыхъур и фIэщ хъууэ, абы папщIэ лъэкIи къимыгъанэу мэпсэу ЩIДАА-м и тхьэмадэ, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым сенатору щыIэ Къанокъуэ Арсен. Абы и псалъэхэм щыхьэт тохъуэ мы интервьюм щыжиIахэри. 

ЩIэдзапIэ зиIэм кIуапIэхэр къигъуэтынущ

Налшык къалэм дэт, дзюдо бэнэкIэ лIэужьыгъуэм щыхуагъасэ «Локомотив» спорт IуэхущIапIэм иджыблагъэ «Япэ итхэм я зэщIэхъееныгъэм» и щIыпIэ къудамэр къыщызэIуахащ, абы ехьэлIа гуфIэгъуэ зэIущIэшхуи щекIуэкIащ.

ЩIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я дунейм

Сочэ къалэм дэт, «Сириус» зи фIэщыгъэ, щIэныгъэмрэ гъуазджэмрэ я паркым иджыблагъэ щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я II Урысейпсо зэIущIэшхуэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ щIэныгъэрылажьэхэри.

Пэсэреибзэу бзэ псоми я лъабжьэ

Иужьрей илъэсхэм щIэныгъэм зыкъигъэзащ адыгэ дунеймрэ щэнхабзэмрэ дежкIэ. Псалъэм папщIэ, Канадэм щыIэ Макмастер университетым и профессор Коларуссо Джон адыгэбзэр куууэ едж, кIуэдыжа убыхыбзэм, абазэбзэм, абхъазыбзэм, бжьэдыгъубзэм, шапсыгъыбзэм йолэжь. КъищынэмыщIауэ, нобэр къыздэсым щIэныгъэм хуэмыгъэкъарууа тхыгъэжьхэм къоджэф ар, «Нартхэр» эпосыр инджылызыбзэкIэ зэридзэкIащ, США-м и Президенту щыта Клинтон Билл Кавказ IуэхухэмкIэ и чэнджэщэгъуу лэжьащ. Коларуссо и къэхутэныгъэхэр зытеухуар санскритымрэ адыгэбзэмрэ зэрызэкIуалIэр къэхутэнырщ.

Сетхэ я Iуащхьищ

Адыгэ Республикэм и Куэшхьэблэ щIыналъэм хиубыдэ Еджэрыкъуей жылагъуэм и Iэхэлъахэм итщ Сет Iуащхьищыр. Ахэр къызэрыунэхуам теухуауэ хъыбар гъэщIэгъуэнхэр къокIуэкI. Абыхэм ящыщ зым къызэриIуэтэжымкIэ, Iуащхьэхэр щытащ иджыри нартхэр щыпсэуа лъэхъэнэжьым.

НОБЭ

Мазаем и 28, гъубж
Куэдрэ узримыхьэлIэ узыфэхэм я дунейпсо махуэщ
ЦIыхур жеиным и дунейпсо махуэщ
1937 гъэм
къалъхуащ адыгэ усакIуэ-уэрэдус цIэрыIуэ Къанкъул ФIыцIэ.
1942 гъэм къалъхуащ усакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Сонэ Абдулчэрим.
1955 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Щэрдан Нодар.