Календарь событий

01 марта 2023

Армырауэ пIэрэ?

Кавказ Ищхъэрэм къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ щIыпIэ дахащэхэу нэхъ удэзыхьэххэм ящыщщ Фыщт Iуащхьэжьым и Iэхэлъахэр.

ЛъэпкъыцIэр зымыгъэкIуэдыр

Адыгэ жьэгум и мафIэр Тыркум щигъаблэу, къызыхэкIа лъэпкъым щхьэкIэ и псэр итыну хьэзыру псэуащ тхыдэдж, хеттолог Чурей Алий. Ар иджыблагъэ дунейм ехыжащ илъэс 86-м иту. Куэдым къызэкъуамыхыфын къарурэ гулъытэрэ хэлъащ Алий, ныбжьэгъугъэм, къуэшыгъэм япэ иригъэщ зы Iуэхуи щымыIэу. Алий адыгэ тхыдэм хэлъхьэныгъэ куэд хуищIащ, хьетхэм я деж щегъэжьауэ къэхутэныгъэ куэд иригъэкIуэкIри, и лэжьыгъэхэр зэрыт тхылъ зыбжани къыдигъэкIащ. Тыркум ис адыгэхэм ящыщу абы и закъуэщ хьэттхэм тетхыхьыр, хеттологыу щыIэр.

ГъащIэр - псэупIэщ, джэгупIэкъым

Гъатхэпэм и 20-м илъэси 195-рэ ирокъу Норвегием къыщалъхуа, зи IэдакъэщIэкIхэмкIэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа драматург Ибсен Генрик. Абы и тхылъхэр дунейм къыщытехьар XIX лIэщIыгъуэра щхьэкIэ, зи пщIэм хэмыщI «классикэр» зэи пасэрей хъуркъым. Аращ купщIэ зыщIэлъ, гъащIэми цIыхуми я уасэр гунэсу уэзыгъэлъагъуф Ибсен нэхъ гъунэгъуу зэдгъэцIыхуну щIыхуэфащэр.

Дабжын щыщIадзар

Япэ дыдэу цIыхухэм ятеухуа хъыбархэр зэхуахьэсын щIадзауэ щытащ тэтэрхэмрэ монголхэмрэ тепщэу щыщытам. Абы и щхьэусыгъуэри налог къыхэхынырт.

Иджы щIыр кIуэцIрощэт

ЗэгурымыIуэныгъэмрэ зэныкъуэкъумрэ пщызыгъэгъупщэ нэщIэбжьэ къыщыхъуащ Тыркум. Дуней псор щыхьэт техъуащ щIыуэпсыр дэ нэхърэ куэдкIэ зэрынэхъ лъэщым, цIыху цIыкIур зэрымахэм. ЩIыхъейр мыужьыхауэ, къытрегъазэ, мин бжыгъэкIэ абы ихьа гъащIэм къыхигъахъуэу. ЩIэныгъэлIхэр хуэхьэзырщ щIыхъейм кърикIуэнкIэ хъуну псыдзэм, ауэ сыт епщIэнур щIыпIэ-щIыпIэкIэ Тыркум и щIыр зэрыщыпхыщэтым?

Тхыдэм къыщыхъуакъым

1941 гъэм фокIадэм и 8-м щIидзэри, махуэ 900-м нэблагъэкIэ бийм и къапхъэным итащ Ленинград къалэр. Гитлер и «Барбаросс планым» ипкъ иткIэ, Германием СССР-р мазитI-щым иубыдын хуейт. Къалэ нэхъыщхьэхэу Москварэ Ленинградрэ зыIэрагъэхьэмэ, адэкIэ псори псынщIэ дыдэу къехъулIэну къащыхъурт. Генерал-фельдмаршал Браухич Вальтер зи пашэ «Север» дзэм хэт бригадэу 4-м, дивизэу 45-м, зауэлIу мин 950-м нэсым я пщэ дэлът Нева и Iуфэм Iус къалэр махуэ бжыгъэкIэ къащтэн хуейуэ. Ауэ ленинграддэсхэр бэлэрыгъакъым.

«Урысхэм затыркъым!» жызыIар адыгэ щIалэт

Адыгей журналист, усакIуэ цIэрыIуэ, зауэлI хахуэ Андырхъуей Хъусен Хэку зауэшхуэм хэкIуэдащ, абы и цIэр ноби ящыгъупщакъым къыдэкIуэтей щIэблэм. Ар псэ зэпылъхьэпIэ щихуам жиIа псалъэхэр и щапхъэщ цIыхум хэлъыфынкIэ хъуну хахуагъэм, хэкупсагъэм, лIыхъужьыгъэм.

НОБЭ

Гъатхэпэм и 1, бэрэжьей

Граждан зыхъумэжыныгъэм и дунейпсо махуэщ

Гуапагъэ зэжеIэным и дунейпсо махуэщ

СПИД узыфэр зыпкърытхэм ящымымэхъэшэным и дунейпсо махуэщ

1897 гъэм къалъхуащ КъБАССР-м щIыхь зиIэ и нартыхугъэкI, и гуащIэм къыпэкIуауэ орден, медаль зэмылIэужьыгъуэхэр зрата Щауэ Данил.

Дунейм и щытыкIэнур