Календарь событий

04 марта 2023

Хьэсэней щIы щхьэфэ зэтекIар щызэрагъэпэщыж

Хьэсэней Ипщэм псы къыщIэлъадэу и пIэ икIа щIы щхьэфэр икIэщIыпIэкIэ зэрагъэпэщыжыну унафэ ищIащ КIуэкIуэ Казбек. 

Республикэм и зауэлIхэр щыгъупщэркъым

Къэбэрдей-Балъкъэрыр яужь итщ зауэ Iуэху щхьэхуэм хэтхэм хурагъэшэну псапэхуэщIэхэм. 

БгъэдыхьэкIэ щхьэхуэхэр зэрахъуэкI

Республикэм и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иджы­благъэ иригъэкIуэкIа законхэр къыдэзыгъэкI орган нэхъыщ­хьэм и зи чэзу зэIущIэм щы­хэплъащ Iуэху зэмылIэужьыгъуэу тIощIым нэблагъэм.

И нэIэм щIэт щIыналъэхэм ялъогъуазэ

КIуэкIуэ Казбек мы махухэм лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ ­Херсон областым хыхьэ щIыпIэхэм ящыщу ди республикэм и нэIэм щIэтхэм.

И купщIэращ нэхъыщхьэр

Махуэшхуэ псоми яхуэдэу Гъатхэпэм и 8-ми езым и тхыдэ иIэжщ нэгъуэщIхэм къащхьэщыкIыу. Абы гъуэгуанэшхуэ къикIуащ. Псори къыщежьар Нью-Йоркщ. Иджыпсту демократиемрэ захуагъэмрэ дуней псор хуэзыущиину хущIэкъу США-м а лъэхъэнэм гуащIэ­рыпсэухэр щысхьыншэу щагъэпщIылIырт. Псом хуэмыдэу гугъу ирагъэхьыр цIыхубзхэрт. Ауэрэ я гъащIэ хьэлъэр яхуэмыхьыж хъуащ.

ДэIэпыкъуныгъэхэм я фIагъым хэхъуэнущ

Иджырей мардэхэм тещIы­хьауэ амбулаторэ екIу щаухуэ Бахъсэн районым хыхьэ Куба къуажэм. Медицинэ Iуэху­щIа­пIэщIэр зэблэкIы­гъуи­тIу лэ­жьэнущ икIи махуэм къриу­быдэу абы цIыху 90-м нэблагъэм дэIэпыкъуныгъэ­хэр щагъуэтыфынущ.

Iэпэм къыпыкI дахагъэ

Зэпыу имыIэу зызыхъуэж гъащIэм щIэуэ къыщежьэм кIэух иIэкъым. Нобэ къагупсысар пщэдей яфIэгъэ­щIэгъуэныжкъым, ауэ адыгэ цIыхубзым и теплъэмрэ абы и Iэпэ къызыпекIуэкIым хилъ­хьэ дахагъэмрэ сыт щыгъуи узыгъэпIейтейщ. 

Сыт зызыхъуэжынур?

Сыт зызыхъуэжынур? УФ-м и Президент Путин Владимир Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым Зэры­зы­хуигъа­зэм щыжиIащ къэралым и еджапIэ нэхъыщ­хьэхэр япэрей Iэмалым хуэкIуэжын зэрыхуейр, апхуэдэуи курыт школхэм щекIуэкI егъэджэныгъэм щынэхъыщхьэхэр игъэбелджылащ. Президентым жиIахэм япкъ иткIэ, сыт дяпэкIэ зызы­хъуэжынур?