Календарь событий

14 марта 2023

НОБЭ

Гъатхэпэм и 14, гъубж
1853 гъэм адыгэбзэкIэ къыдэкIащ Берсей Умар и «Адыгэ псалъалъэр».
1995 гъэм Налшык экономико-правовой лицей къыщызэIуахащ.
1937 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, литературэдж, критик, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къэрмокъуэ Хьэмид.

ГушыIэхэмрэ ауанхэмрэ

 СулътIан къуажэ шхапIэм шэджэгъуашхэ щищIати, шхынзехьэм уасэу ахъшэ зэкIэрыт иритауэ къигъэзэжым пэплъэт. АрщхьэкIэ къыхуахьыжыну зыри пIащIэртэкъым. Ар зыгуэркIэ зэрымыарэзым гу лъызыта, шхапIэм и унафэщI щIалэр къыбгъэдыхьэу Iуэхур зытетыр зригъэщIа иужь, къеупщIащ: «Ахъщэ зэптар пцIыхурэ?» «СцIыхуркъым.

Адыгэхэмрэ Лермонтовымрэ

УсакIуэ Лермонтов Михаил, зэрытщIэщи, и тхыгъэхэм щыщ куэд триухуащ адыгэхэм. Япэ дыдэу абы адыгэхэр къыщицIыхуар I828 гъэращ, усэ тхын щыщIидзагъащIэм. Абы щыгъуэщ Лермонтовым и Iэдакъэ къыщыщIэкIар «Черкешенка», «Черкесы», «Кавказский пленник» усэхэмрэ поэмэмрэ.

Зауэм и бынхэр

Хэку зауэшхуэм щыщIидзам си ныбжьыр илъэси 8 ирикъуати, сощIэж а зэманым екIуэкIар. Япэ махуэхэм къытщыхъуащ зауэр дэ къытлъэмыIэсыну. Нэхъри гукъыдэжыфI диIэт, ди къуэш нэхъыжь КIыщыкъуэ къуажэм и тхыдэм щыяпэу курыт школыр къэзыухахэм ящыщти. Зеикъуэ псом зыхуигъэхьэзырырт мэкъуауэгъуэм и 21-м ирырагъэхьэлIа а гуфIэгъуэм. Куейм къикIыну хьэщIэхэми цIыхухэр япэплъэрт. А зэхыхьэр мэкъуауэгъуэм и 22-м и пщэдджыжьыр къэсыху екIуэкIащ.

Тыгъэ хьэху

 Iэш-Шиблий Абу Бэкр къыщыхъуари щылIэжари Иракырщ. ЦIэрыIуэ щыхъуар ислъам диным и куупIэу, и лъагапIэу, цIыху псэ къабзэхэр зылъэIэсыф тхьэхуэпщылIыкIэ нэгъэсам и дамыгъэу къалъытэ суфизмэрщ (тэсэуф, тIэрикъат хъужыр аращ). И цIэ пэж дыдэр Юнус и къуэ Джэхьфарт. Шиблий цIэ лейр къызыдэкIа къуажэм тражыIэкIауэ аращ.

Псы щIыIэ

Сардобэ псалъэм персыбзэкIэ псы хъумапIэ жиIэу къокI. X-нэ лIэщIыгъуэм щыщIэдзауэ Тыркум, Ираным, Азие Курытым къыщагъэсэбэпу щыта ухуэныгъэ телъыджэщ.
ЩIы къратIыкIри, абы мывэкIэ щхьэ тращIыхь и щыгум папцIэ щыхъужу. Мыпхуэдэхэм цIыхухэр зэфэну псыр щызэхуахьэсу, щахъумэу къекIуэкIащ. Мыващхьэм папцIэм псыр имыгъущIыкIыу зэтриIыгъэрт, фIей, пшахъуэ химыхьэу, жьауэ ищIу щхьэщытт. ЗэрыжаIэмкIэ, апхуэдэ псы хъумапIэхэм дунейм и нэхъ хуабэгъуэми псыр къэмыхуабэу итт. Сардобэм и Iэхэлъахэр зэрыщIыIэтыIэм къыхэкIыу, абы и хъуреягъыр зыгъэпсэхупIэу къыщагъэсэп щыIэт.

Натхъуэ Долэтхъан и гуащIэ

Адыгэ драматург, актрисэ, критик Натхъуэ Долэтхъан къызэралъхурэ илъэси 110-рэ мэхъу.

«Нэхъ лъапIэ дыдэу яIэр ди IэмыщIэ къралъхьэ»

ЕгъэджакIуэр сабийхэм щапхъэ, ущиякIуэ яхуохъур. А IэщIагъэр къыхэзыхым ар фIыуэ къыгурыIуэу лажьэмэ, щIэблэр щIэныгъэм дегъэхьэхыным, гъэсэным зэрыпэлъэщынум шэч хэлъкъым.

Iуэхум теухуа упщIэхэр

Лермонтовым щIыгъуу къулыкъу зыщIэ, шу гвардием и корнет Глебов Михаил усакIуэр зыхьыну шэр къытехуа нэужь, уIэгъэ хьэлъэм къыбгъэдэнащ, уэшх къежэхым хэту, адрей ящIыгъуахэр Псыхуабэ кIуэуэ дохутырыр шыгукIэ къашэху … Столыпин Алексейщ. Ар етIуанэу ящIыгъуар. Абы зэрыжиIэжымкIэ, ар хэтащ зэщыхьаитIым я Iуэхур нэхъ тыншу зэфIигъэкIыну икIи Мартыновым и кIэрахъуэр усакIуэм зэман кIыхькIэ щригъапщэм, тIури зэбгъэдишыжын мурад ищIауэ, кIэрахъуэр уащ. Ещанэр офицер Трубецкой Сергейщ. Ар лъэпкъ цIэрыIуэ къыхэкIат, ауэ цIыху псынщIэт, цIыхубз Iуэхум зыIэпишэри и къулыкъукIэ жыжьэ нэмысу къэнат.

Бзэр псэ зыIут къэгъэщIыгъэщ

Лъэпкъ махуэгъэпсым къызэрыхэщщи, I853 гъэм гъатхэпэм и I4-м Тифлис къыщыдэкIащ Бырсей Умар зэхигъэувауэ щыта «Шэрджэсыбзэ букварь» фIэщыгъэр зыгъуэта япэ адыгэбзэ тхылъыр. А махуэр 2003 гъэм къыщыщIэдзауэ Адыгэ тхыбзэм и махуэу лъэпкъым егъэлъапIэ, еIэт. Абы теухуа Iуэхугъуэ дахэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

 «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмфизкультурэмрэ спортымрэ зыщегъэужьыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
2023 гъэм гъатхэпэм и 3-м Налшык къалэ №33-ПП
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI: