Календарь событий

15 марта 2023

ПлъапIэ нэхъыщхьэу яIэр

«Шагъдий вагъуэбэ» зыфIаща шу зекIуэхэм ящыщ зыт илъэс бжыгъэ ипэкIэ Адыгэ Республикэм щекIуэкIар. Бысымхэм къищынэмыщIа, абы хэтащ адыгэхэр щыпсэу хэгъэгухэу Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Краснодар крайм икIахэри…

Лимоныр мыхъуамэ…

 

«Дыщэ мыIэрысэхэр»

Лимоныр къыщагъэунэхуар IупщIкъым. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, абы и Хэкур Къэжэрырщ.

Адыгэбзэм и махуэр ягъэлъапIэ

Къэбэрдей-Балкъэрым и районхэм хыхьэ къалэхэмрэ къуажэхэмрэ Адыгэбзэм и махуэр щагъэлъэпIащ. Псалъэм папщIэ, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и жэрдэмкIэ, а махуэр гукъинэжу щекIуэкIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Кыщпэк къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэмрэ курыт еджапIэмрэ.

ПащIэ Ленэ и мурад дахэхэр

Нобэ ди псэлъэгъущ  уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ ПащIэ Ленэ. Лъэпкъ усыгъэм и лъабжьэр зыгъэтIылъауэ къалъытэ ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр зезыхьэ   унэ-музей Нартан къуажэм   къыщызэIузыхари абы илъэс куэдкIэ и унафэщIу щытари Ленэщ.  

Дыгъэр щыкъухьэ къэралхэм

1968 гъэм жэпуэгъуэм и 16-м КПСС-м и обкомым и япэ секретарь Мэлбахъуэ Тимборэрэ секретарь ШэджыхьэщIэ Мухьэмэдрэ цIыху куэдым я пашэу «Кабардинка» ансамблымрэ а зэманым  КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министру щыта Ефэнды Джылахъстэнрэ ирагъэжьат Магъриб къэралхэм концертхэр щатыну. Ефэндым и гъуэгуанэ тхыгъэхэм щыщ зэддзэкIащи, фыщыдогъэгъуазэ.

Шарль де Голль: Мыпхуэдэ телъыджэ дыдэ иджыщ япэу сыщрихьэлIэр

ЗэлъыIуокIуэтыр цIыхухэр арыххэуи,

 Мэхъур утыкур Iэхуитлъэхуит.

Ислъэмей къафэм щIедзэ пшынауэм, -

ПхулъэкIыу щытмэ уэ уи пIэм ит!

Тхьэгъэзит Зубер.

 

НОБЭ

Гъатхэпэм и 15, бэрэжьей

         ЩэхуакIуэхэм я хуитыныгъэр хъумэным и дунейпсо махуэщ

         Социальнэ лэжьыгъэ егъэкIуэкIыным и дунейпсо махуэщ

         1917 гъэм ПIалъэкIэ щыIэ Правительствэм и орган Тэрч къыщызэрагъэпэщащ.

         1880 гъэм къалъхуащ адыгэхэм я цIыхубэ лIыхъужь Къылыш СулътIан-Джэрий.

         1913 гъэм къалъхуащ адыгей драматург, актрисэ, критик Натхъуэ Долэтхъан.

Iуэ дыщэм и адыгэ хъан

Черкес хъан жыхуаIэ адыгэ дзэпщу Iуэ дыщэм (Золотая Орда) I374-I375 гъэхэм хэтам и хъыбар телъыджэхэр къытлъигъэIэсыжащ тхыдэм. Абы цIэ зэхуэмыдэхэмкIэ къеджэрт: Черкеш, Черкес-бек, Хьэжы-Черкес. 

ЭНДИРЕЙ ЩЫЩ СУЛЪТIАН-МУТ

Япэ Iыхьэ  

             ПщIэ    зыхуэфащэ     цIыхушхуэр     лъэпкъитIым    я   быну щыщытым   деж, абы   иращIэкI    щIыхьри    тIукIэ   мэбагъуэ.   Апхуэдэ   щапхъэхэм   язщ    нобэ    зи    гугъу    фхуэтщIыну   ди   мурад   дагъыстэн    пщышхуэ, къумыкъу   шэмхъал   Чопан   и   къуэ, Эндирей   щыщ   СулътIан-Мэхьмуд.