Календарь событий

19 марта 2023

Гъэм и лъэхъэнэ псоми щытепщэ «Автозапчасть»

Къэбэрдей-Балъкъэрым ­фут­болымкIэ и гуп нэхъыщ-хьэм щекIуэкIа щIымахуэ зэ­пеуэм и кIэух зэIущIэхэр зэхэтащ. ИпэкIэ хъыбар зэрывэдгъэщIауэ, абы япэ, етIуанэ увы­пIэхэр щызыубыдахэр нэхъ па­сэу белджылы хъуат. Иджы ещанэр зыIэрыхьари наIуэщ.

Тегеран щегъэлъагъуэ и зэфIэкIыр

Ираным и къалащхьэ Тегеран тхьэмахуэ кIуам ще­кIуэ­кIащ штангэмкIэ «NOWRUZ GAH Fencing Olym­piad» зы­фIаща япэ дунейпсо цIыхубз джэгухэр.

Мысрокъуэ СулътIан и иджырей адыгэ фэилъхьэгъуэхэр

Щыгъын дизайнымкIэ PRO­fashion Masters урысейпсо зэпеуэм и IэдакъэщIэкIхэр щигъэлъэгъуащ Къэрэгъэш къуа­жэ щыщ адыгэ щIалэ Мысро­къуэ СулътIан. Абы утыку ири­хьа щыгъынхэм адыгэ фащэм и пкъыгъуэхэр гъэщIэгъуэну къыщыгъэсэбэпащ.

Зыми емыщхь миссис Севидж

ЖьакIэмыхъу КIунэ Джон Патрик и «Странная миссис Сэвидж» пьесэ цIэ­рыIуэм ехъуапсэрт. Ар ди театр утыкум кърихьэну и нэ къыхуикIыу, абыкIэ цIыхуу щыIэм яжриIэфынум къару ­къыхилъхьэу гукIэ зыкъомрэ игъэ­-фIащ.

Разиуанрэ Маликрэ я текIуэныгъэ

Мы гъэм гъатхэпэм и 3 - 10-хэм Уфа къалэм щызэхэтащ Урысей МВД-м боксымкIэ и чемпионат. Башкортостаным и щыхьэрым щекIуэкIа зэхьэзэхуэм щызэрихьэлIащ къэралым и щIыналъэхэм я хабзэхъумэ органхэмрэ еджапIэ 15-м, апхуэдэуи Центральнэ, Приволжскэ федеральнэ щIыналъэхэм транспортымкIэ я управленэхэм я командэхэр. Абы хэтащ КъБР-м щыIэ ­МВД-м и гупыр икIи етIуанэ увыпIэр къихьащ.

Шумилиным и мемориалым

Калининград къалэм щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ зэIуха. Ар къызэрагъэпэщат Урысейм бэнэкIэ хуитымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Шумилин Андрей и фэеплъу.