Календарь событий

21 марта 2023

Дэнэ хъугъуэфIыгъуэхэр зыдэкIуар?

 1945 гъэм щIышылэм и 2-м Порт-Артур щекIуэкIащ абы и япон гарнизоным и парад. Апхуэдэ щIыкIэкIэ ягъэлъэпIащ быдапIэр зэраIэрыхьэрэ илъэс 40 зэрырикъуар.   Абы и комендант генерал Отэ зэхыхьэм кIыхьу къыщыпсэлъащ. КIэухыу жиIащ, сыт хуэдиз лIыгъэрэ хахуагъэрэ яхэлъами, самурайхэм я закъуэкIэ мыр къащтэфыну зэрыщымытар: «Абы къыдэкIуэу генерал Ногэрэ урыс генерал Стессельрэ  зэхэщIыкIрэ пэжыгъэрэ яку дэлъыни хуейт».

АрдыдэмкIэ зиумысыжащ епцIыжакIуэм бийм быдапIэр зэрырищамкIэ.

ГъащIэм и гъуджэ

Кинор лIэужьыгъуэ куэду зэщхьэщокI, ауэ нэхъыбэм ар гъащIэм и гъуджэу жыпIэ хъунущ, цIыхум и гурыгъу-гурыщIэхэр, и гупсысэкIэр къызэрагъэлъагъуэщ, цIыхум щапхъэ къыщыхихыфи щыIэщ.

Гум мафIэр щIэзыгъанэ

 Адыгэ къафэр дахэу щытынымкIэ, ар нэхъри ефIэкIуэнымкIэ мыхьэнэшхуэ яIэщ къызэрыфэ пшыналъэхэм. ЩIэныгъэлI, адыгэ гъуазджэм и зыужьыныгъэм куэд хэзылъхьа КъардэнгъущI Зырамыку зэрыжиIэмкIэ, макъамэр япэщ, къэфэныр етIуанэщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, макъамэр анэщ, къэфэныр бынщ. Дауи, уризэдауэ хъунущ япэу къэхъуамкIэ – джэдра хьэмэрэ джэдыкIэра?

Щапхъэ

Бакъ Залым хирургщ, Налшык къалэ сымаджэщ №I-м и дохутырщ, Герниологхэм я «GREPA» европей ассоциацием, Урысейм и хирургхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ. ЩIэныгъэ щызэригъэгъуэтащ Саратов МедицинэмкIэ и къэрал университетым. Щыпищащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым медицинэмкIэ и къудамэм. ЗэрыжиIэмкIэ медицинэм ухуеджэныр гугъущ, ауэ а IэщIагъэм икIи узыIэпешэ, щIэныгъэм зэрыхэбгъэхъуэным ухуэпабгъэу.

Спортыр наркотикым пэщIэтщ

«Ажалыр щащэр къыджеIэ»  урысейпсо Iуэхум  хыхьэу  Прохладнэ районым и Екатериноградскэ станицэм   кекусинкай каратэмкIэ зэпеуэ щекIуэкIащ,   «Спортыр наркотикым пэщIэтщ!» къыхуеджэныгъэм щIэту.  Абы хэтащ   илъэси 6 - 15 ныбжьым ит, Прохладнэ къалэмрэ Прохладнэ районымрэ, апхуэдэуи Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэм я спортсмен ныбжьыщIи 100-м нэблагъэ.

Iэпкълъэпкъ телъыджэ

ЦIыхум и къупщхьэлъапщхьэм лыри, щIыфэри, лъынтхуэхэри ешэкIащ, абы Iэпкълъэпкъыр захуэу еIыгъ, зэрегъакIуэ икIи кIуэцIфэцIым и «хъумакIуэщ». Сабий къалъхуагъащIэм къупщхьэ 270-рэ иIэщ, ауэ цIыхур балигъыпIэ щиувэм ирихьэлIэу и къупщхьэлъапщхьэр пкъыгъуэ 205 - 207-рэ ирикъужу аращ - языныкъуэ къупщхьэхэр зэпокIэжри.

Невский Александр и цIэр зезыхьэ таж пыIэр

Урыс дзэзешэ цIэрыIуэ Невский Александр 1220 гъэм къалъхуащ. Новгород Ин пщыгъуэм и унафэщIу щытащ. УрысыщIыр зэман зэхуэмыдэхэм шведхэм, нэмыцэхэм, тэтэрхэм ящыхъумэным цIыхубэр хузэщIигъэуIуэфащ абы икIи Невскэр зауэлI хахуэу зэрыщытам нэмыщIыжькIи, жыжьэ плъэф политик Iущуи къыщIэкIащ.

Тадж-Махал

Тадж-Махал – Агрэ къалэм и мавзолей-мэжджытщ, ар Iутщ Джамнэ псы Iуфэм. Ар ящыщщ дуней псом архитектурэ телъыджэу къыщалъыта ухуэныгъэхэм.

ЗэфIэкIым и гъунапкъэхэр

Адыгэ Республикэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ IэнатIэм ехъулIэныгъэфIхэр иIэу зыщиужьынымкIэ фIыщIэшхуэ бгъэдэлъщ еджагъэшхуэ, социологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Хъунэгу Рашид Думэлыч и къуэм. 

НОБЭ

Гъатхэпэм    и 21, гъубж

         Лъэпкъ зэхэгъэж зэращIым ебэныным и дунейпсо махуэщ

         Усыгъэм и дунейпсо махуэщ

         Гуащэ зыщIым и дунейпсо махуэщ

         Даун узыфэр зыпкърытхэм я дунейпсо махуэщ

         Мэзхэм я дунейпсо махуэщ

         Гуащэ театрым и дунейпсо махуэщ

         Гъэрэ щIырэ щызэхэкI махуэщ