Календарь событий

22 марта 2023

КIэ зимыIэ къэкIыгъэ зэблэхъукIэ

Иужьрей илъэсхэм ди республикэм и псыхъуэхэр екIэпцIейхэм зэщIащтэ. ЕкIэпцIэ жытIэ щхьэкIэ, абы и закъуэкъым апхуэдэ щIыпIэхэм къыщыкIыр; зэгуэр тафэ бгъуфIэшхуэу щытахэр мэз гуэрэным щыхуэкIуэкIэ, кхъужьейхэр, зейхэр, пхъэгулъейхэр, къазмакъейхэр, хьэцыбанэр щыкуэдынущ. КъищынэмыщIауэ, абыхэм я фIыгъэкIэ Iэщ хъупIэу къагъэсэбэп ныджэхэр псы къиуам илъэсыртэкъым, псыхэм я гъунэгъуу щыпсэу унагъуэхэми зэран яхуэхъуртэкъым. Езы екIэпцIэ мэзхэрати, цIыхум зыхуеину чы-бжэгъур къыщIашырти, чийхэр яхурт, къуажэм дэс дадэ IэпщIэлъапщIэхэм чий матэхэр къыхащIыкIырт.

Путинымрэ Сирэ я зэхуэзэм къэралитIыр куэдкIэ щогугъ

ЛIыщхьитIыр Москва щызэхуэзэным ипэ къихуэу, гъатхэпэм и I9-м, «Жэньминь жибао» газетым къытридзащ Путин Владимир и тхыгъэ «Урысеймрэ Китаймрэ зэкъуэту я къэкIуэнум толажьэ» фIэщыгъэм щIэту. 

Къафэр зи псэм хэлъ

Къафэр зи псэм хэлъхэм ящыщщ дуней псом щыцIэрыIуэ «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ гупым хэт, «Къэбэрдей-Балъкъэрым и пщащэ дахэ-2012» зэпеуэм и япэ вице-мисс хъуа ХьэIупэ Наирэ.

Сакъыныгъэр нэхъыщхьэщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгухэм щолажьэ административнэ хабзэр къызэпызыудахэр зытх автомат комплекс 212-рэ. 

Тхьэмахуэм къриубыда зэхьэзэхуэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и гуп нэхъыщхьэм хэту 2023 - 2024 гъэхэм щIымахуэ чемпионатым щыджэгуным щIэбэнхэм я зэIущIэхэр «ДыгъафIэ къалэм» и стадионым щызэхэтащ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Къэрал наградэхэмкIэ щыIэ комиссэм хэтхэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2021 гъэм гъатхэпэм и 11-м къыдигъэкIа и Указ №25-УГ-мкIэ къащтам, зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
 

ГъащIэ гъуэгуанэ

Ар и фIэщыгъэу Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ Молэ Барэсбий (1933 - 2010) и тхылъ, Молэм ипхъухэм ягъэхьэзырауэ. 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Къэрал къулыкъумрэ унафэщI лэжьакIуэхэм я резервымрэ япыщIа IуэхухэмкIэ щыIэ комиссэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2015 гъэм щэкIуэгъуэм и 30-м къыдигъэкIа Указ №177-УГ-мкIэ къищтам зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ
 

Мрамор хъарым и щэхур

Псыдзэри, щIыхъейри, къэбэкъауэри, зэманри пэмылъэщу нобэ къэса мывэ фэеплъхэр умыгъэщIагъуэу плъэкIыркъым. 

Уафэгум уиту, ушынэ хъунукъым

Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм литературэ пшыхь гъэщIэгъуэн иджыблагъэ къыщызэрагъэпэщащ. «Общество книголюбов» зэгухьэныгъэм жэрдэм ищIа зэхуэсым щытепсэлъыхьащ тхакIуэ, усакIуэ Мусукаевэ Сакинат «Когда летаешь, нельзя бояться» зыфIища и тхылъым. 

УнафэщI гумызагъэ

Нобэрей гъащIэм я IуэхущIафэкIэ жыджэру хэт цIыхубзхэм ящыщщ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, КъБКъУ-м и медколледжым 2004 гъэ лъандэрэ и унафэщI Пщыбий Светланэ. Бзылъхугъэр хэтщ КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ, ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетхэми. 

ЦIыкIураш

(Сабийхэм папщIэ)

Гъэмахуэкут. Залинэ и джэду хужь - къуэлэнышхуэр и кIэм иту лъэгу хадэм здехым, джэду шыр макъ къызэхихащ. Плъэмэ, мыIэрысей дэгу жыгыжьым и лъ лъабжьэм джэду шыр цIыкIуищ кIэщIэсщ, зэкIэщIэпщхьэпарэ, тIэкIуи зэрыпIыщIар плъагъуу. Я анэр ящIыгъутэкъым - гурыIуэгъуэт ар зы кIуэдыпIэ зэрихуар. Залинэ шырхэр пхъэ ашыкым иригъэтIысхьэри, гуэщ плIанэпэм щигъэуващ.

Къощэм щэ ирегъэкъу

ХьэтIохъущокъуэ Едыджыпщым лIы и псалъэ итати, къэгъазэ иIэжтэкъым. Аргуэру пелуанитI къегъуэтри, егъэIущ.

Петербурги адыгэ къафэ къыщофэ

Хабзэр хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэщ зей лъэпкъым зэи къыпхутемыхыну.

НОБЭ

Гъатхэпэм и 22, бэрэжьей

Псыежэххэм я дунейпсо махуэщ
Таксистым и дунейпсо махуэщ

1928 гъэм къалъхуащ РСФСР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Жамбэч Мухьэдин.
1936 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессору икIи и япэ ректору щыта, КъБР-мрэ УФ-мрэ щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ ФиIэпщэ Борис.

Дунейм и щытыкIэнур

Гъатхэм и бзэр

Уафэм и хэдыкIхэр

 Сыт хуэдизу жьапщэр мылъэщами, уэшхыр мыщIыIами, гур ирамыудами, псэр мыхыщIами, цIыхум дахагъэ къелъыхъуэ. Арагъэнущ ар гъатхэм и хуабагъэм щIыпэплъэр, бзу макъ уэрэдым щIыхишэр, усэбзэу и анэбзэр къыщIилъытэр, уафэр щIыхидыкIыр... 
«Уафэр цIыхум хидыкIыфрэ?» - жызыIи щыIэнщ. Уафэм хъыринэ щращIэфкIэ, дыщэидэ ар пщIынми зыри хэлъкъым. Гъуни нэзи зимыIэ уафэм цIыхупсэхэр къехауэ, хэти псэхэр абы дэкIуеижу жаIэ. Пэжыр хэт ищIэн... НаIуэр зыщ: Тхьэ дыщелъэIукIэ, уафэмкIэ ди щхьэр куэдрэ доIэт.