Календарь событий

25 марта 2023

Мэкъумэш IэнатIэр къапщытэ

2023 гъэм республикэм щекIуэкIыну губгъуэ лэжьыгъэхэм зэрызыхуагъэ­хьэзырым щытепсэлъыхьащ КъБР-м и Парламентым Мэкъумэш IуэхухэмкIэ, щIыр къэгъэсэбэпынымкIэ, экологиемрэ дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ и комитетым къызэригъэпэща зэIущIэм. Хабзэ зэрыхъуам тету, пIалъэр къэса нэужь, а Iуэхур депутатхэм комитетым щызэпкърах. 

Щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я махуэм теухуауэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъу

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэм и лэжьакIуэхэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу фи IэщIагъэм ирилажьэхэм я махуэмкIэ сынывохъуэхъу. 
Мыхьэнэшхуэ зиIэ а IэщIагъэм пэрыт фэ сыт щыгъуи пщIэшхуэ щывиIащ икIи щывиIэщ жылагъуэм я деж. 

ЩIыналъэхэм япыщIауэ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ ви­део­зэпыщIэныгъэ Iэмалхэр къи­гъэсэбэпу хэтащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и зэIущIэм. Абы 2022 гъэр зэрекIуэкIамрэ къэралым зригъэхъулIахэмрэ щытеп­сэ­лъыхьащ УФ-м и Правитель­ствэм и УнафэщI Мишустин Михаил, апхуэдэуи фракцэхэм я депутатхэм я упщIэхэм жэуап яритащ.

Япэ игъэщыпхъэхэр

КIуэкIуэ Казбек бэрэжьей кIуам иригъэкIуэкIа «муниципальнэ сыхьэтым» Iуэхугъуэ зыбжанэм щытепсэлъыхьащ. Абы хэтащ республикэм и къалэхэмрэ щIыналъэхэмрэ я Iэтащхьэхэр. 

Къэрал экономикэм и лъабжьэр къызэтещэхакъым

УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил гъэ къэс, хабзэ хъуауэ, Къэрал Думэм и депутатхэм я пащхьэ ирелъхьэ блэкIа илъэсым къриубыдэу къэралым социально-экономикэ и лъэныкъуэкIэ игъуэта зыужьыныгъэмрэ къэ­кIуэнум тещIыхьа мурадхэмрэ къалэнхэмрэ къызыхэщ доклад. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек  а къэпсэлъэныгъэм щыпэджэжащ и телеграм-каналым: 

Къалащхьэм и псэукIэм зыщегъэгъуазэ

КъБР-м и Iэтащхьэм Налшык къалэ и лэжьакIуэ пэрытхэм ядригъэкIуэкIа зэIущIэр къыщызэIуихым, псом япэу фIыщIэ яхуищIащ зауэ Iуэху хэхам ­къахуигъэув къалэнхэр ягъэзащIэу дзэм къулыкъу щезыхьэкIхэмрэ абы­хэм я унагъуэ­хэмрэ яхуэфэщэн гулъытэ зэрыхуа­щIым папщIэ. «ФIыщIэ яхузощI Iэщэ яIыгъыу нобэ ди мамырыгъэр зыхъумэ щIалэхэр, лIы­хъужьхэр зыгъэса адэ-анэхэм. Те­кIуэныгъэр дэращ къэзыхьынур», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. ЩIыналъэм и УнафэщIым къыхигъэщащ УФ-м и Президентым и пщэрылъхэм япкъ иткIэ, зауэ Iуэху ­хэхам хэтхэу дзэ къу­лыкъур езы­хьэкIхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ зыхуэныкъуэ дэIэпы­къуныгъэхэр ятыным телэжьэну зэгухьэныгъэ республикэм къызэрыщы­зэрагъэпэ­щынур.