Календарь событий

26 марта 2023

«Уэрэд гунэсхэр»

А фIэщыгъэм щIэту ­къа­фэмрэ уэрэдымкIэ «Амикс» гупым концерт-уэршэр пшыхьхэр Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал уни­верситетым щригъэ­жьащ.

Лъэхъэнэжьым и фэеплъ къалэхэр

ЦIыхур къызэригъэщIрэ ­щIы­­уэп­сыр къегъэсэбэп бгъуэн­щIагъхэм, бгыщхьэхэм, жыг щхьэкIэхэм, къумым, псыщ-хьэм псэуалъэхэр щаухуэу. ЩIыуэпсми, зэрылъэкIкIэ, зэ­ры­­зихъумэжыным яужь итщ, цIыхум иригъэлей зэрымыхъунур игу къигъэкIыж хуэдэурэ зыкърегъащIэ. Къапщтэмэ, Iуэ­рыIуатэм нобэ къихьэсащ мы­зэ-мытIэу псыдзэм илъэса, къэбэкъауэм (вулканым) ири­жьыкIа, щIыхъейм ихьа па­сэрей къэралы­гъуэ телъы­джэ­хэм я хъыбар.
Апхуэдэщ мы тхыгъэмкIэ фэд­­гъэцIыхуну дызыхуей, па­сэ­рей адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ щызэхэзекIуэу щыта къалэжь­хэу Киммерик, Акрэ, ДиоскIурей жыхуиIэхэр.
 

Ди лъэпкъэгъухэри дэни щызэкъуегъэувэ

«Трек» хьэщIэщым щагъэ­лъэпIащ Адыгэбзэмрэ адыгэ тхыбзэмрэ я махуэм ирихьэлIэу Дунейпсо Адыгэ Ха­сэм мы гъэм етхуанэу гъатхэпэм и 14-м иригъэкIуэкIа «Адыгэ Iуэрытх-2023» Iуэху дахэм къыхэжаныкIа егъэджакIуэхэр, еджакIуэхэр, нэгъуэщI IэнатIэхэм щыла­жьэ­хэр. Ар хуэгъэпсащ ди лъэп­къыбзэр хъумэным, абы и пщIэр къэIэтыным, зегъэу­жьыным, нэхъри егъэфIэ­кIуэ­ным. Анэдэлъхубзэм и пщэдейм игъэгузавэ цIыху куэд хэтащ мы Iуэхум.

Чипсхэр сэбэп хьэмэрэ зэран?

Тыкуэнхэм зэмылIэужьыгъуэ куэду щIэлъ «чипс» жыхуаIэхэр къызыхащIыкIыр пIащIэ дыдэу зэтегъэжауэ сэхуран дагъэ уэркIэ ­ягъажьэ кIэртIофщ. АтIэ сыт абы зэраныгъэу къишэр?

Хьэмдэхъухэ я унагъуэ дахэр

«Унагъуэр анэдэлъхубзэм, хабзэм я хъумакIуэщ» фIэ­щыгъэм щIэту гъатхэпэм и ­ 3-м Налшык къалэм щекIуэ-кIа республикэ зэпеуэм («АП» №27) Прохладнэ щIыналъэм хыхьэ Къэрэгъэш къуажэм щыщ Хьэмдэхъухэ я унагъуэ дахэр щытекIуащ.