|
Календарь событий
28 марта 2023
28 марта, 2023 - 14:13
Илъэс зыбжанэ ипэкIэ «Адыгэ псалъэ» газетым иIащ «Хэт сытым елэжьрэ?» зи фIэщыгъэ рубрикэ. Абы дэ я гугъу щытщIырт творческэ цIыхухэм, псом хуэмыдэжу тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ ящIэ-ялэжьым, абыхэм я къалэмыр къызыхуащтэм, щIэщыгъуэу зэман гъунэгъум дунейм къытехьэну дызыпэплъэ хъунухэм. Сэ мурад сщIащ а хабзэ дахэр, зэрыхъукIэ, къэзгъэщIэрэщIэжыну икIи зи Iуэху къэзгъэлъэгъуэну сыхуейр тхэхэм я закъуэкъым, атIэ театр лэжьакIуэхэми, сурэтыщIхэми, дыщэкIхэми, нэгъуэщI IэщIагъэ гъэщIэгъуэнхэм ирилажьэхэми я деж сынэсыну.
28 марта, 2023 - 13:10
Гъатхэмрэ усыгъэмрэ зэIэпэгъущ.
28 марта, 2023 - 12:06
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ республикэм ит егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм я зэхуэсым.
28 марта, 2023 - 11:04
Налшык къалэм гъатхэпэм и 25-м щекIуэкIащ макъамэмрэ къафэмкIэ IX лъэпкъхэм зэдай зэпеуэ, «Налшык насыпым и дамыгъэщ» зыфIащар. Зэхыхьэ дахэр къызэрагъэпэщащ ди щIыналъэм и цIэр дуней псом фIыкIэ щагъэIун, лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр, цIыхухэм я зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр яхъумэн, къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм я зэдэлэжьэкIэм зрагъэужьын папщIэ.
28 марта, 2023 - 10:56
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
Гъатхэпэм и 28-м ди республикэм егъэлъапIэ Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэр. Ар тхыдэм и пэжымрэ захуагъэмрэ зэтегъэувэжыным и дамыгъэу жыпIэ хъунущ. Балъкъэр лъэпкъыр щхьэ-хуимыту я щIыналъэм зэрырахуам къыдэкIуа гугъуехь псори къызэринэкIри, и хэкум къигъэзэжауэ гъащIэм и лъэныкъуэ псоми ехъулIэныгъэхэр щызыIэригъэхьэу мэпсэу, и лъэпкъ щэнхабзэр, псэкупсэ хъугъуэфIыгъуэхэр ихъумэу.
28 марта, 2023 - 10:19
Iимам Абу-Хьэнифэ и цIэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэ Ислъам университетым студентхэм щахутепсэлъыхьащ терроризмэм пэщIэтын зэрыхуейм. Зэхуэсыр КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэщат, «КъБР-м экстремизмэмрэ терроризмэмрэ щыпэщIэтын» къэрал щIыналъэ программэм хыхьэу.
|