Календарь событий

29 марта 2023

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

 «Илъэсым и егъэджакIуэ нэхъыфIу Урысейм къыщалъыта», «Илъэсым и гъэсакIуэ нэхъыфIу Урысейм къыщалъыта», «Илъэсым и IэщIагъэлI нэхъыфI» урысейпсо зэпеуэхэм я щIыналъэ Iыхьэхэм щытекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и саугъэтхэр гъэувыным теухуауэ

Къэрал хабзэм йозэгъ

 КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щекIуэкIа пленарнэ зэIущIэм къыщащтащ «Республикэм и хабзэ щхьэхуэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» КъБР-м и хабзэм и проектыр. А дэфтэрым хэлъ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм щыгъуазэ дыхуещI КъБР-м и Парламентым КIэлъыплъыныгъэмрэ регламентымкIэ и комитетым и унафэщI Кансаевэ Еленэ.

Абдж

Абджыр тыншу ящIу зрагъэса нэужь, ар куэду къыщIагъэкI, къагъэсэбэп хъуащ. Ауэ зэман щыIащ абдж пщIыным гугъуехь куэд пыщIауэ, езыр лъапIэ дыдэу щыщыта. Абы щыгъуэ зи унэ абдж щхьэгъубжэ хэзылъхьэну Iэмал зиIэхэр нэхъ къулей дыдэхэрт. ЗыхузэфIэмыкIхэм абдж папщIэу къагъэсэбэпыр мывэхум (слюда) къыхэщIыкIарт. 
Япэрей абджхэр «фульгуриткIэ» зэджэ пкъахуэм къыхащIыкIырт. Фульгуритыр пшахъуэм хещIэ, уафэр хъуэпскIа нэужь. Нэхъыбэу къыщагъуэтыр хы Iуфэхэрщ. Ар къагъэхуабэурэ IэтIэлъатIэ ящIырти, абдж къыхащIыкIырт. 

КIуэцIфэцIым и зэхэлъыкIэр

Пэ кIуэцIым къыщыщIэдзауэ, куэтэным деж щиухыжу цIыхум пкърылъ пкъыгъуэхэм кIуэцIфэцIкIэ уеджэ хъунущ. КъедбжэкIынщ ахэр: бзэгу, пэ кIуэцI, тэмакъ, тэмакъыщIэ, къурмэкъей, тхьэмбыл, гу, бгъэлыцI, ныбэлыцI, тхьэмщIыгъу, шхалъэ, зэз, лъатэщIыб шхынгъэткIу (хьэбзэгупэ), жьэжьейхэр, чэ, гъутхьэпсылъэ, лъхуадэхэр, лъхуалъэ, кIэтIий гъум, кIэтIий псыгъуэ, куэтэн.

Къамэ 30-м я тепщэ

«…УвыпIэ къудей имыIэжу цIыхур зыщIэз залышхуэм и утыкур уи нэр щыджылу нэхущ. Псори абы йоплъ щыму. УзыIэпишэу макъамэ гуакIуэ къоIури, пащIэ фIыцIэ екIу зытет щIалэ къамылыфэ адыгэ фащэкIэ хуэпар утыкум къолъадэ. Абы и IэмыщIэ зэщIэлыдэжу къамэ 30 илъщ. Нэр темыпыIэу зипхъуатэу щIалэм зыздигъазэм, укъигъащтэу Iэуэлъауэ гуэр къоIу. Уеплъыхмэ – къамэ къомым зэфIэскъыскъэжу пхъэбгъу лъэгум зыщыхасащ. 

Сахарэ

Сахарэр - Африкэ Ищхъэрэм и пшахъуэщIщ. Ар дуней псом и пшахъуэщI нэхъ ин дыдэу къалъытэ. ЩIыпIэм и инагъыр километр зэбгъузэнатIэу мелуани 8,6-рэ мэхъу. НэгъуэщIу жыпIэмэ, абы Африкэм и процент 30-р еубыд.
А пшахъуэщIыр къэралу щытамэ, километр зэбгъузэнатIэ мелуани 8,5-рэ хъу Бразилием ебгъапщэ хъунут. Сахарэм зы псыежэхи щыIэкъым, Нилрэ Нигеррэ къищынэмыщIа.

IэщIагъэм езым къыхихащ

Медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Тау Мадинэ КъБКъУ-м и медицинэ къудамэм факультет терапиемкIэ и кафедрэм и доцентщ, Налшык къалэ дэт Центральнэ поликлиникэм и дохутыр-ревматологщ.

Щыгъупщэх

ГушыIэ
Лиуанрэ Розэрэ жьы хъуахэр щапIыж унэм щIэст. ТIуми я щхьэгъусэхэр дунейм ехыжауэ я закъуэт. Жьыгъэм къигъэдзыха дадэрэ нанэмрэ гулъытэ ягъафIэрт, зэхуэсакъырт. Шхыным я нэхъ IэфIыр зым адрейм хуригъэкIуэтэкIыу, зэхуэгуапэрт.
Еуэри, махуэ гуэрым, Лиуан тегушхуэри, Розэм жриIащ:
-Розэ, укъыздэкIуэн?
ЗаулкIэ щыма яужь, бзылъхугъэр мащIэу щIэгуфIыкIри:
- Сыарэзыщ, сыарэзыпсщ, - къитыжащ жэуап.
Пщыхьэщхьэшхэ нэужьым ахэр иджыри заулкIэ зэбгъэдэсыжри, щхьэж и пэшым щIыхьэжащ.
Лиуан нэху къекIащ зыгуэр щхьэкIэ гузавэу .

ЦIыхухэм я гум щыпсэу

Елмэсхъан Николай фIыуэ илъэгъуащ. И насыпти, Николаи хьэщыкъ къыхуэхъуат. Абыхэм я нэчыхьыр щатхащ Бытырбыху. Куэд мыщIэу къэхъеящ революцэр. А лъэхъэнэ дыдэм щIалэ цIыкIу къахэхъуати, адэм и цIэр - Николай - фIащыжащ. Абы нэхъ лъапIи Гали гъащIэм щиIакъым.
И лIыр сымаджэрилэт. УIэгъэр къешынэуэж зэпытт. ЩIэпхъуэжауэ Китайм щыIэу абы щылIащ. А зэманым цIыху куэдым Китайр егъэзыпIэ яхуэхъуат. Ди шыпхъум а илъэс шынагъуэхэм гугъуехьу игъэвар зыхуэдизыр къебжэкIыгъуейщ. Абы и закъуэкъым хьэзаб зыгъэвар.

Къуэш пэлъытэу дызэдопсэу

Ди щIыпIэр лъэпкъ куэдым адэжь хэку яхуэхъуа щIыналъэщ. Нэхъыжьхэм къытхуагъэна хабзэфIхэм ящыщщ лъэпкъхэр зэш пэлъытэу, зым и дамэпкъыр адрейм щIэдгъакъуэу, ди республикэм ифI къызэрыкI Iуэхухэр зэфIэтхыу дызэдэпсэуныр. Апхуэдэу хъуащ I957 гъэм и гъатхэпэ мазэми – балъкъэр лъэпкъыр я хэку къагъэзэжыну хуит щащIыжа зэманым.