Календарь событий

02 июня 2023

Лъэпкъхэр зэрызэмыщхьырщ зэкъуэзыгъэувэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и студентхэм лъэпкъ хабзэхэр щагъэлъэгъуащ Пятигорск (Псыхуабэ) къалэм щекIуэкIа «Диалог культур» фестивалым. ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и Кавказ Ищхъэрэ институтым (РАНХиГС) щекIуэкIа зэхыхьэ гуапэм хэтащ егъэджакIуэхэр, студентхэр, Ставрополь крайм щыпсэу лъэпкъхэм я лIыкIуэхэр.

ГурыщIэ дахэм теухуа уэрэдхэр зи IэдакъэщIэкI Багъэтыр Нинэ

КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, усакIуэ, уэрэдус, журналист Багъэтыр Нинэ  Тэрч щIыналъэм хыхьэ Акъбащ Ипщэ (Астэмрей) къуажэм къыщалъхуащ.

ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсым траухуэ

«Библиотекэхэм я жэщ» урысейпсо Iуэхум хыхьэу, Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм техникэ, мэкъумэш литературэхэмкIэ и къудамэм щекIуэкIащ «Слово во славу учителя» зэхыхьэр. Ар теухуауэ щытащ УФ-м и Президентым 2023 гъэр ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсу зэригъэувам. 
Зэхыхьэм ирагъэблэгъащ КъБР-м и Сату-технологие колледжым и унафэщIым егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ и къуэдзэ Хьэцым Iэсиятрэ егъэджакIуэ Уэртэн Лусенэрэ, я студентхэр ящIыгъуу. 

Командэхэм я япэ зэхьэзэхуэ

Спортсмени 114-рэ, командибгъу хъууэ, зыхэта республикэ зэхьэзэхуэ Налшык щрагъэкIуэкIащ. Ар СССР-м дзюдомкIэ и мастер Газаев Руслан и фэеплъу къызэрагъэпэщащ. Хэтахэр 2010 – 2011 гъэхэм къалъхуа щIалэ цIыкIухэщ.

Тхыдэм и напэкIуэцI щхьэхуэт

Зауэр къэхъея нэужь япэу ирагъэкIуэкIа парт зэхуэсым кърихьэлIахэм жылэр щытыкIэ гугъум къикIын папщIэ ящIапхъэр, колхозым къыщалэжьыр фронтым зэрырагъэшэну щIыкIэм, къуажэм къыдэнахэм зэрадэIэпыкъунум, нэгъуэщIхэми егупсысауэ икIи унафэ тэрэз ящIауэ щытащ. 

И IэщIагъэм хуэпэжу

Зэман кIыхькIэ узыдэлэжьа, гуфIэгъуи гугъуехьи Iэджэрэ къыбдэзыIэта цIыхум уи нэ мыджылу щытхъупс къебгъэжэхыныр къысхуегъэзэгъыркъым. Езы Мухьэмэди апхуэдэ щытхъум хуэныкъуэу къыщIэкIынукъым. Алыхьым къритауэ абы иIэщ дэтхэнэри зыщIэхъуэпс фIыгъуэ псори - акъыл жанрэ IэщIагъэ нэсрэ, унагъуэ дахэ, бын дыгъэхэр, ныбжьэгъу пэжхэр.

НОБЭ

Мэкъуауэгъуэм и 2, мэрем
Къэуат зыщIэлъ ерыскъымрэ шхынкIэ емыгъэлеинымрэ я махуэщ
1928 гъэм Налшык тхылъ тедзапIэ къыщызэIуахащ.
1950 гъэм къалъхуащ усакIуэ, журналист Хьэту Пётр.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэшх къыщешхынущ.  Хуабэр махуэм   градус 21 - 22-рэ, жэщым градус 16 - 17 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:

Санкт-Петербург дэт Эрмитажыр

Санкт-Петербург дэт Эрмитажыр къэрал, художественнэ, щэнхабзэ-тхыдэ музей абрагъуэщ. 

Адыгэшым и щхьэр къеIэтыж

 «Умылъэгъуауэ уи фIэщ хъунукъым», - жаIэ Налшык шыгъэжапIэм фIыкIэ зэрызихъуэжам тепсэлъыхьхэм.

Сабиипсэм дыхьэ усакIуэ

Сабий литературэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа тхакIуэхэм ящыщщ Щоджэн Леонид. Ар Бахъсэн районым хыхьэ Куба къуажэм къыщалъхуащ. Курыт школ нэужьым дзэм къулыкъу щищIащ, иужькIэ Донбасс шахтэхэм щылэжьащ. I966 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къиухри, илъэс зыбжанэкIэ тхыдэмкIэ егъэджакIуэу щылэжьащ Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм, Бахъсэн, Налшык къалэхэм щыIэ курыт школхэм. I973 – 2002 гъэхэм ар КъБКъУ-м щыIащ тхыдэмкIэ егъэджакIуэу икIи музейм и унафэщIу.