«Пятница» телеканалым щекIуэкI «Псом нэхърэ нэхъ Iущ» нэтыным хэтащ Налшык щыщ Щэрдан Рэмэзан.
Нэтыным щIэныгъэрэ жанагъкIэ щызэпоуэ илъэси 6-14 зи ныбжь цIыкIухэр. Абы къыщахутэ политикэм, ментальнэ арифметикэм, программированэм, шахматхэм, нэгъуэщI куэдми дихьэх ныбжьыщIэхэм я щIэныгъэр.
Илъэс 13 зи ныбжь ди щIалэ цIыкIум псом нэхърэ нэхъ Iущу зыкъыщигъэлъэгъуащ нэтынхэм ящыщ зым. Абы пэжу, псынщIэу, губзыгъэу итащ и жэуапхэр икIи псом нэхърэ нэхъыбэ балл зэхуихьэсащ. Рэмэзан инженер хъуну и хъуэпсапIэщ, щIыуэпсыр фIыуэ елъагъу.