Календарь событий

05 июня 2023

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм «Дзэ къулыкъущIэхэр, абыхэм хуэдэ нэгъуэщI лэжьакIуэхэр, абыхэм я унагъуэхэр псэуныгъэкIэ дэIыгъыным хуэгъэзауэ аргуэру лэжьыпхъэхэм я IуэхукIэ» 2022 гъэм фокIадэм и 24-м къыдигъэкIа Указ №92-УГ-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ

    1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм «Дзэ къулыкъущIэхэр, абыхэм хуэдэ лэжьакIуэхэр, абыхэм я унагъуэхэр псэуныгъэкIэ дэIыгъыным  хуэгъэзауэ аргуэру лэжьыпхъэхэм я IуэхукIэ» 2022 гъэм фокIадэм и 24-м къыдигъэкIа  Указым мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:

Кадетхэр ягъэгушхуэ

Урысей гвардием и Управленэу КъБР-м  щыIэм  и лэжьакIуэхэр  ехъуэхъуащ  я нэIэ  зытет, Бахъсэн къалэм дэт курыт еджапIэ №2-м и кадет классым щIэсхэм – абыхэм  гъэ еджэгъуэр къаухам и мызакъуэу, класс нэхъыжьхэм кIуащ.

Iуэху гуапэм хэтащ  Урысей гвардием, район администрацэм, республикэм Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм я лIыкIуэхэр,  школым и унафэщIхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ, ветеранхэр, жылагъуэ организацэхэм щыщхэмрэ  еджакIуэхэм я адэ-анэхэмрэ.   

Марыхъу щхьэдэхыпIэм

- Иджы плъэгъуащ! - пидзыжащ Казар, урыс псалъэхэр ерагъыу зэхуигъакIуэри. ЩIалэжь цIыкIур ауаныщIу къызэрыпыдыхьэшхыкIам къызэщIигъэплъат ар.

- Уделэ уэ? Зыгуэр бжесIауэ ара? - пэгуныр къищтэжри, икIуэтыжащ адрейри.

Сабиигъуэм – хуэфэщэн гулъытэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм къищта унафэм ипкъ иткIэ, Сабийхэр хъумэным я дунейпсо махуэм ирихьэлIэу щэбэт щIыхьэху иджыблагъэ щIыналъэм щрагъэкIуэкIащ. Жэрдэм дахэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къулыкъущIапIэхэм, щIыналъэ IуэхущIапIэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, хьэрычэтыщIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр, егъэджакIуэхэр, еджакIуэхэр, Iуэхугъуэм хэтыну гукъыдэж зыщIа цIыху щхьэхуэхэр.

Макъамэм зэхуешэс

         Налшык къалэм и «Искож» хьэблэм иджыблагъэ къыщызэIуаха Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым классикэ макъамэм и концерт щекIуэкIащ. Абы хэтащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, УФ-м и Президентым и саугъэтыр, международнэ саугъэтхэр зыхуагъэфэща, зэфIэкI зиIэ сабийхэм зэрадэлажьэм папщIэ, «Лучший преподаватель детской школы искусств РФ» щIыхьыцIэр зезыхьэ, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым цIыхубэ IэмэпсымэхэмкIэ и кафедрэм и профессор Шэрыб Валерэ и гъэсэнхэр.

ПсыщIэгъэлъадэм и махуэ

Мыр, мэкъуауэгъуэм и япэ тхьэмахуэ махуэм хуэзэу, ди къэралым гъэ къэс щагъэлъапIэ мэкъумэшым пыщIа, абы зи гуащIэ езыхьэлIэ  псоми. Апхуэдэхэм ящыщщ, зэрыгурыIуэгъуэщи, агрономхэр, инженерхэр, щIым епха IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я унафэщIхэр, абыхэм щылажьэ цIыху къызэрыгуэкIхэр.    

Псэущхьэхэм я дуней

Махъшэ

Махъшэр пшахъуэщIхэм, щIыпIэ хуабэхэм щопсэу. Ар икъукIэ бэшэчщ, сабырщ, жыIэдаIуэщ. Махъшэм и лъакъуэхэр инщ. АбыкIэ тыншу ар пшахъуэщIым щызокIуэ. Махъшэм пшахъуэщIым къыщыкI сыт хуэдэ удзри ешх. Махуэ зыбжанэкIэ псы емыфэми псэуфынущ. Махъшэр хуабэвэхми щIыIэ уаеми щышынэркъым. Махъшэм шэ Iув къыщIокI. Абы цы щабэ куэд къытрах. Махъшэм нэбжьыцу тIу иIэщи, жьы бзаджэ къепщэм нэр щахъумэ.

КIэпхъхэр

Къалэ Мухьэмэд и рекордыщIэ

Ди щIэджыкIакIуэхэр щыгъуэзэн хуейщ нэхъ пасэу зи гугъу тщIа, Джэдыкъуэ Плъыжь шыгъэжапIэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм. «Урысей кубок» саугъэтым щIэбэнахэм я хъыбар фхуэтщIа щхьэкIэ, а зэхьэзэхуэм адыгэшым лъагапIэщIэ къызэрыщигъэлъэгъуар гулъытэншэу къэнащ. Iуэхум щыгъуазэ дещI Адыгэшыр хъумэнымрэ зегъэужьынымкIэ фондым.

НОБЭ

Мэкъуауэгъуэм и 5,  блыщхьэ

         Дыкъэзыухъуреихь щIыуэпсым и дунейпсо махуэщ

         1928 гъэм къалъхуащ журналист, тхакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Адыгэ псалъэ» газетым мэкъумэшымкIэ и къудамэм и унафэщIу илъэс куэдкIэ щыта Бекъан Чыланий.

         1930 гъэм къалъхуащ адыгей усакIуэ Хъунэгу Нуриет.

         1939 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и мелиоратор Мамхэгъ Алексей.

Лъэужь дахэ къигъэнащ

ЩакIуэ Мусэлийрэ сэрэ зы илъэсым дыкъалъхуат, сэ нэхърэ тIэкIу нэхъыщIэт. КъищынэмыщIауэ, дызэблагъэт, сэ си анэм и анэр ЩакIуэхэ япхъут, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Шэджэм къалэм щыщт. Мусэлии къызыхэкIа лъэпкъым и  къежьапIэр мыбыкIэ зэрыщыщыр,  Шэджэм псы Iуфэм зэрыIукIар ищIэу апхуэдэт. Абы къыхэкIыу, Мусэлий сэрэ дызэныбжьэгъу къудейтэкъым, атIэ зэкъуэшым хуэдэу дызэхущытащ.

ЛIэщIыгъуэм и ныбжьыщIэ хахуэ

 Сурэтым щыфлъагъу щIалэ цIыкIур илъэс 14 хъууэ арат абы щыгъуэ… Ар сыхьэтихым щIыгъукIэ америкэ сэлэт 400-м пэщIэтауэ щытащ, унэм иримыгъэкIуалIэу. ЛIыгъэ къызэрымыкIуэрэ хахуагъэрэ зыгъэлъэгъуа, 21-нэ лIэщIыгъуэм и нэхъ хахуэ дыдэу къалъыта, тхыдэм къыхэнэжа ныбжьыщIэр 1979 - 2003 гъэхэм Иракым и президенту щыта Саддам Хъусен и къуэрылъху  Мустэфащ. 

КъызыхэкIа и лъэпкъым къалэн куэд хуищIащ

Зи лъэпкъым и псэукIэ хьэлъэм игъэхыщIэ, абы ар къыхэшыныр зи къалэну зылъытэж тхак1уэ, щ1эныгъэл1 Цей Ибрэхьим и 1эдакъэщ1эк1хэм къадэк1уэу,  публицист тхыгъэ зыкъом газетхэм къытрыригъэдзауэ щытащ. ИджыкIэ дызыщыгъуазэхэм, къызэтенахэм  ящыщхэщ «Улъия», «Лей зылъысхэр», «Пшапэ зэхэуэгъуэ» тхыгъэхэр.