Календарь событий

07 июня 2023

Тхэныр зи гъащIэ, зи дуней

УФ-м и ТхакIуэхэми и Журналистхэми я зэгухьэныгъэхэм хэт, телевиденэм и лэжьакIуэ, усакIуэ, сценарист, режиссёр Чэнджэщауэ Артур и лэжьыгъэхэм щIэупщIэ яIэщ.

Закъуэныгъэм епха гупсысэ

Быным я щIыбагъ къыщыпхуагъазэм деж хьэлъэщ. Иужьрей илъэсипщIым си бын балигъхэр къызэпсалъэркъым, сыкъыщалъхуа махуэм зэзэмызэ къыщащI щыIэщ армыхъу. 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм граждан зыхъумэжыныгъэм и IэнатIэм щыщыIэ зэхущытыкIэхэр зегъэкIуэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 5-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ
 

Анэдэлъхубзэ гурыгъузхэр

Сабий литературэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа тхакIуэ Щоджэн Леонид ящыщт ди анэдэлъхубзэм и щытыкIэм игъэгузавэу, ар егъэфIэкIуэнымкIэ Iуэхугъуэ пыухыкIахэр езыгъэкIуэкIыу щыта лъэпкъылI щэджащэхэм. Абы теухуауэ телевиденэми, радиоми, газетхэми ар куэдрэ къыщыпсэлъащ. Щоджэным дедгъэкIуэкIа псалъэмакъхэм язым дыщыщигъэгъуэзауэ щытащ анэдэлъхубзэ и лъэныкъуэкIэ иIа гурыгъузхэм. Ноби ди гъащIэм абыхэм увыпIэ зэрыщаубыдэр къэтлъытэри, Леонид а Iуэхум хуиIа еплъыкIэхэр утыку къитхьащ.

Лъэпкъыбзэм и пщIэр иIэту

БзэщIэныгъэхэмкIэ кандидат Къумыкъу Маринэ хамэ къэралым адыгэбзэр щегъэджын Iуэхум илъэс зыбжанэ хъуауэ пэрытщ. Ар Зеикъуэ къуажэм къыщалъхуащ, курыт еджапIэр абы къыщиухри, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм щIэтIысхьащ. Ар ехъулIэныгъэ иIэу къиуха нэужь, аспирантурэм и щIэныгъэр щыхигъэхъуащ. Балэ Иринэ и щIэныгъэ унафэщIу фразеологиемкIэ и кандидат лэжьыгъэр игъэхьэзырри, 2006 гъэм пхигъэкIащ.

Визиткэр къыщежьар

ЦIыхум и цIэмрэ зищIысымрэ зытет пасэрей картэ цIыкIухэр пхъэм е ятIэм къыхэщIыкIат. 

НОБЭ

Мэкъуауэгъуэм и 7, бэрэжьей

Ерыскъыпхъэхэр шынагъуэншэу щытыным и дунейпсо махуэщ
1946 гъэм
къалъхуащ тхакIуэ, драматург, АР-м щIыхь зиIэ и журналист Хъурмэ Хъусен.
1952 гъэм къалъхуащ адыгэхэм къахэкIа, Тыркум щыщ тхакIуэ, Нобель и саугъэтым литературэмкIэ и лауреат 2006 гъэм хъуа Памукъ Орхьан.
1952 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Тэтэр Анатолэ.

Дунейм и щытыкIэнур

Турист гъуэгуанэ кIэншэ

Урысейм и куэдщ цIыхум и нэгу зыщиужьын, зыщиплъыхьын щIыпIэ телъыджэхэр, мыладжэхэр зэи щымыткIу Ищхъэрэ щIыналъэр е щхъуантIагъэ мыуххэр, хы толъкъунхэр щытепщэ Ипщэ лъэныкъуэ ирехъуи. 
ЗыгъэпсэхупIэ щIыпIэхэм къыщыщIэдзауэ, ди цIыхухэм я хуитыныгъэр сыткIи къызэрабзыхьыным хущIокъу нэгъуэщI къэралхэр, ауэ апхуэдэ щытыкIэхэм я фIыгъэкIэ, ди къэралым и щIыналъэ куэд турист кIуапIэ хъуащ, ди щIыуэпсым и къабзагъымрэ и дахагъымрэ пэхъун зэрыщымыIэр нэхъри нэрылъагъу дуней псом щащIу.

ЗыплъыхьакIуэ нэгузыужь

 Журналистым и лэжьыгъэр шым шэсу зекIуэ ежьэ шум ещхь мэхъу зэзэмызэ. А зэгъэпщэныгъэр дигу къегъэкI Къарей Элинэрэ Багъэтыр Луизэрэ Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм зэрыщыIам, я нэгу щIэкIахэмкIи къызэрыддэгуэшам. Адрей щIыпIэхэм къадэкIуэу, хъыджэбзхэм ялъэгъуащ къэралым и щыхьэр Iэбу-Даби дэт, щихъ Зэйд и цIэр зезыхьэ мэжджытыр. 

ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ

Гувэми щIэхми, цIыхур и блэкIам щыхуеплъэкIыж, и лъабжьэхэр къыщитIэщIыж, къызыхэкIар къыщилъыхъуэж зы лъэхъэнэ и гъащIэм къыхохуэ.