Календарь событий

08 июня 2023

Гъуэгу лэжьыгъэхэм пащэ

Бахъсэн щIыналъэм щыщ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм Iэпщэм и цIэр зезыхьэ и уэрамыр щызэрагъэпэщыж.

         Километри 2,6-рэ зи кIыхьагъ гъуэгур илъэсипщI хъуауэ зэрагъэпэщыжатэкъым, кумблъэмбхэр, шэдылъэхэр и куэдт, асфальтыр щIыпIэ-щIыпIэхэм къыщычат, цIыхури транспортри щызекIуэну гугъуу. А уэрамым тетщ еджапIэр, поликлиникэр, фэтэр куэду зэхэт унэр.

Хъыбарым и къарур

                                          Адыгэ хьэщIэщым уихьамэ, дапщэщи зэхэпхынущ хъыбар гъэщIэгъуэн Iэджэ. Апхуэдэ хъыбар зымыщIэ яхэткъым адыгэхэм. Хъыбарыр зыIуатэм шэч къытрихьэркъым ар зэгуэр къэхъуа Iуэхугъуэ гуэрым зэрытеIукIам. ЗыIуатэм елъытауэ, хъыбарыр Iэджэу зэблэхъуауэ зэхэпхынкIэ хъунущ: зыгуэр щIагъуми, зыгуэр кIэрагъэхуми - псори щIокъу хъыбарым и купщIэр зэрахъумэным. ЛIыгъэ, цIыхугъэ, хабзэ зыдалъэгъуа цIыхум и хъыбарыр жылэм хэз мэхъури щIэх ящыгъупщэжыркъым, псоми яIуатэ.

Скульптурэм сыт къыджиIэр?

         «Победа» кинотеатрым и щхьэм тет скульптурэм сыт къыджиIэр?! УзэIэбэкIыжмэ, «Октябрьский» цIэр зи фIэщыгъэу щыта, Хэку зауэшхуэ нэужьым «Победа» зыфIаща кинотеатрым къикIуа тхыдэм дриплъэжынщ.

Гипофизым елъытар

ЦIыхухэм лъагагъкIэ къахэщхьэхукIхэм щхьэкIэ «иныжь» е «цIыкIужьей» жаIэ. Дэ тщIэркъым IуэрыIуатэм къыхэщыж иныжьхэмрэ цIыху цIыкIухэмрэ медицинэм къитIэщIа узыфэм  зыгуэркIэ къепхами, ауэ нобэкIэ пыл узымрэ (гигантизм) цIыкIужьеймрэ (нанизм) къэхутэныгъэ щхьэхуэу медицинэм хэтщ.

Дунейр псэкIэ зыхэзыщIэ

Бицу Анатолэ хэлъхьэныгъэфI хуищIащ адыгэ литературэм и зыужьыныгъэм, псом хуэмыдэу адыгэ усыгъэм. ИкъукIэ гурыхьщ икIи купщIафIэщ Бицум и IэдакъэщIэкIхэр. Ахэр зэманым поджэж, ущииныгъэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ яIэщ. Абы  езым и нэгу щIэкIар, гуфIэгъуэу илъэгъуар, гуауэу игъэвар зи творчествэм наIуэу къыхэщ усакIуэхэм ящыщщ.

Къумхэм я щэхур

         КъэкIыгъэ къулейхэмрэ къуршыпс уэрхэмрэ къадэкIуэу, Кавказым и зы плIанэпэм къум щIыпIэ къыщыунэхуныр дунейм и къэхъугъэ телъыджэхэм ящыщт. Ди тхыгъэр зытеухуа, Дагъыстэным и Сары-кум - «пшахъуэ гъуэжь» - къумыр гъэщIэгъуэныщэу щхъуантIагъэхэм я курыкупсэм итщ. А щIыпIэр хъумэн зэрыхуейр къалъытэри ар 1987 гъэм хагъэхьауэ щытащ а республикэм  и лъэпкъ заповедникым. Нобэ ар Кавказым и зыплъыхьыпIэхэм ящыщ зыщ, абы кIуэхэм я бжыгъэм хэхъуэ зэпытщ.

Щхьэхуитыныгъэ IэфIыщэ

        «…Зауэр щиухауэ къалъытэ 1864 гъэм иужькIи абы ипэ ита лъэхъэнэми хьэкIувхэм куэду къахыхьат щалъхуа щIыналъэр зыбгынэну хуэмейхэмрэ зэман зэхуэмыдэхэм къриубыдэу урысыдзэм къыхэкIуэсыкIыжахэмрэ», - щыгъуазэ дыщыхуещI Васильев Евгений «Экспедиция в землю Хакучей» зыфIища и тхыгъэу «Военный сборник» журналым 1872 гъэм къытехуам.

Зи Iэужьыр мыкIуэдыжын

Зи цIэ лIэщIыгъуэхэм щызэIэпахыу, зи Iэужьыр щысэтехыпIэу зэрахьэу гъуэгурыкIуэнухэм ящыщщ къызэралъхурэ илъэс 224-рэ ирикъуа усакIуэшхуэ Пушкин Александр. Тхылъыр зи Iэпэгъухэм абы и цIэр зэхэзымыха яхэту къыщIэкIынкъым. Пушкин Александр къигъэщIа лIыхъужьхэр зытет дунейр псысэ телъыджэм хуэдэщ, уагъэхъуапсэу, гурыщIэхэр къызэщагъэууэ, фIым ухуагъэпабгъэу. Ар икIи гъэщIэгъуэнкъым. УсакIуэм хузэфIэкIащ и дэтхэнэ зы тхыгъэри, ипэкIэ къэмыхъуауэ, цIыхубэм зэхащIыкIын икIи гунэс зэращыхъун бзэ тыншкIэ къиIуэтэн. Ауэ щыхъукIи, ар зэрытха бзэр къызэрыгуэкIт, цIыхубэм яIурылъ псэлъэкIэт.

ЗекIуэлI нэсым и хьэлт

Адыгэм къызэригъэувымкIэ, зекIуэлI нэсыр хьэлэлу, гущIэгъу хэлъу, тхьэмыщкIэм гулъытэ хуищIу щытын хуейт икIи зекIуэм кърихаIамэ, зи Iуэху хуэмыщIауэ псэухэм яхуэгуэшыныр и къалэнт. Абы езым мылъку зэхуэхьэсын жыхуэпIэр ищIэххэртэкъым, унэм тыншу исыну къытехуэртэкъым. А псор къыщежьэр хабзэрати, зыр адрейм дэIэпыкъуныр, гулъытэ хуищIыныр абы и лъабжьэт.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

          МафIэсым щызыхъумэ IэнатIэхэм мафIэс къызэрыхъуамкIэ хъыбар  зэрырагъащIэ Iэмалхэр тIууащIэу щытыныр къызэрызэрагъэпэщыну Хабзэр  къэщтэным и IуэхукIэ

2023 гъэм накъыгъэм и 30-м        Налшык къалэ    №100-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

           Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхухэм хъыбар зэрырагъащIэ щIыкIэм, абы зауэ зэпэщIэувэныгъэхэм къыхэкIыу  е а зэпэщIэувэныгъэхэм я Iэужьу  шынагъуэхэр къызэрыкъуэкIамкIэ, апхуэдэу щIыуэпс е техноген   лIэужьыгъуэм щыщ къызэрымыкIуэ  зэрызэфIэувамкIэ цIыхухэм пIащIэгъуэкIэ хъыбар зэрырагъащIэри хэту, теухуа Положенэр къэщтэным и IуэхукIэ

2023 гъэм накъыгъэм и 29-м         Налшык къалэ   №96-ПП

НОБЭ

Мэкъуауэгъуэм и 8, махуэку

         Хыхэм я дунейпсо махуэщ

         Социальнэ лэжьакIуэм и махуэщ

         1946 гъэм Журналистхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ.

         1966 гъэм  СССР-м къыщызэрагъэпэщащ Тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ я фэеплъхэр хъумэным хуэгъэпса зэгухьэныгъэр.

         1955 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь и журналист, Урысей артиадэм и лауреат МахуэлI Хъаджэт.