Календарь событий

05 сентября 2023

Гъэмахуэегъэжьэж зэхыхьэ

Искож хьэблэм щаухуа Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым концерт гукъинэжкIэ гъэмахуэр щрагъэжьэжащ «Иоканто» уэрэджыIакIуэ студием и артист ныбжьыщIэхэм. 

Гуауэр зэманым пщхьэщихкъым

Осетие Ищхъэрэ - Аланием хыхьэ Беслъэн къалэм дэт школ №1-м щIэпхъаджащIэхэр зэрытеуэрэ мы гъэм илъэс 19 мэхъу. Ар пIалъэ ину къызыщыхъуни щыIэу къыщIэкIынщ, ауэ гуауэр Iэ щIыIэкIэ зыхэIэба унагъуэхэм я уIэгъэр ноби кIыжакъым, зэгуэр кIыжынуи фIэщ щIыгъуейщ.

Лъэпкъыбзэм теухуауэ

Илъэс зыкъом ипэ къэралым, лъэпкъым анэдэлъхубзэм теухуауэ къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэм тетхыхьат бзэщIэныгъэлI Джаурджий Хьэтыкъэ. А лъэхъэнэм ди бзэр зэрыта щытыкIэр къыщыгъэлъэгъуа мы тхыгъэр нобэрей махуэм куэдкIэ тохуэ. Ауэ щытыкIэр куэдкIэ нэхъ екIэкIуащ, телевиденэмрэ радиомрэ интернетри къыхыхьэри, Iуэхур нэхъ хэплъэгъуэ ищIащ. Газетым тыдодзэ Джаурджийр зыгъэпIейтейуэ итха тхыгъэм щыщ пычыгъуэ: 

Бланэ щалъху мэкIуэж

Гъэш Жаннэ КъБР-м и Лъэпкъ музейм и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъ пажэхэм ящыщщ, экскурсоводщ, зэдзэкIакIуэщ. Апхуэдэуи ар ящыщщ, гъэунэхуныгъэхэм пхыкIыу, зи Хэку, зи лъапсэ зыгъуэтыжахэм.

Егъэджэныгъэм и япэ лъэбакъуэхэр

Налшык къалэм и тхыдэм и напэкIуэцIхэм къызэраIуэтэжымкIэ, 1859 гъэм Налшык къыщызэIуахауэ щытащ япэ школхэр. Абы лъабжьэ хуэхъуат «Бгырыс еджапIэхэм я устав» дэфтэрыр. Апхуэдэ гулъытэ щIэныгъэм ирата нэужь, еджэным гу хуэзыщIа щIалэгъуалэм и бжыгъэр нэхъыбэ хъуащ. 

Фэеплъыр яхъумэу

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым химиемрэ биологиемкIэ и институтым IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ щрагъэгъуэт и зы пэшым иджыблагъэ фIащащ профессор, географие щIэныгъэмкIэ доктор, УФ-м щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъШР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, егъэджакIуэ Iэзэ Борей Рауф и цIэр.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм папщIэ щIэныгъэмрэ инновацэхэмкIэ и саугъэтым теухуа Положенэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм папщIэ щIэныгъэмрэ инновацэхэмкIэ и саугъэтхэмкIэ щыIэ Совету Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 2-м къыдигъэкIа Указ №158-УГ-мкIэ щIэгъэбыдамрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным я IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Тхьэрыкъуэ – «Тхьэм и къуэ»

(Iуэтэж)

НОБЭ

ФокIадэм и 5, гъубж

Псапэ щIэным и дунейпсо махуэщ
1936 гъэм
Бахъсэн ГЭС-р лажьэу яутIыпщащ
1895 гъэм къалъхуащ усакIуэ, композитор, пшынауэ, уэрэджыIакIуэ, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къэжэр Индрис.
1933 гъэм къалъхуащ УФ-ми КъБР-ми щIыхь зиIэ я энергетик, жылагъуэ лэжьакIуэ Къущхьэ Мухьэжид.

Дунейм и щытыкIэнур