|
Календарь событий
07 сентября 2023
7 сентября, 2023 - 17:00
Ди лъэпкъым дежкIэ тхыдэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэщ I936 гъэм дыгъэгъазэм и 5-м РСФСР-м хэту Къэбэрдей-Балъкъэр Автономнэ Совет Социалист Республикэ къызэрыунэхуар. Абы щIыналъэм и жылагъуэ, къэрал зэхэтыкIэм и пщIэр нэхъ лъагэ ищIырт.
7 сентября, 2023 - 13:44
ЩэкIуэкIэ Iэзэу, цIыху щыпкъэу, хьэщIэкIэ жумарту, ерыскъыщхьэ темыпIэу зэрыщытымкIэ, Даур Нэгъуей, ди хэгъэгум къинэмыщIауэ, Ставрополь губерниеми Екатеринодар (Краснодар) лъэныкъуэмкIи щыцIэрыIуэт.
Ди бгыжьхэм, псыхъуэхэм щыщэкIуэну абы куэд къыхуеблагъэу щытащ, зэман-зэманкIэрэ. Ди Iэгъуэблагъэм къитIысхьа къэзакъ станицэхэм щыпсэухэм Нэгъуей псынщIэ дыдэу ныбжьэгъушхуэ яхуэхъуат, езым фIыуэ илъагъурт мыщэхэмрэ кхъуэпIащэхэмрэ ещэкIуэну, ауэ абыхэм ял езыми ишхыртэкъым, и уни гъунэгъуу кърихьэлIэртэкъым, къэзакъхэм яхуигуэш фIэкIа.
7 сентября, 2023 - 12:00
ШыщхьэуIум и 9-р Тхылъ фIыуэ зылъагъухэм я дунейпсо махуэу итщ календарым. ПыIэ щIыдрадзей махуэшхуэу щымытми, ар ди щхьэусыгъуэу, ди «тхылъ Iуэхухэм» я гугъу тщIы щIэмыхъур сыт?
7 сентября, 2023 - 11:00
Иджы нэхъ зэпкърыхауэ дытепсэлъыхьынщ Шорэ и къуэ нэхъыщIэхэм я къекIуэкIыкIам. Тэрч областым щIы IуэхухэмкIэ щыIэ комиссэм и тэрмэш Нэгумэм 1868 гъэм шыщхьэуIум и 24-м мыпхуэдэ IуэхухэмкIэ зыхуигъэзауэ щытащ Къэбэрдей округым и тет полковник Нурид: «Мы дызэрыт илъэсым и мазаем округым къыщрахьэжьа зэщIэхъееныгъэхэм, цIыху щхьэкуцIыншэхэм зэхаублахэм, си анэ къилъхуа си къуэш Хьэжы гъэпцIагъэ-делагъэкIэ хыхьа хъуауэ щытащ. Иджы ар абы епшыныж – Гумкъалэ лъэхъуэщым исщ. Хуэфащэщ. Сэ жыжьэу яужь ситкъым абы къыIэщIэщIар мыхъумыщIагъэу щымыту жысIэну.
7 сентября, 2023 - 09:16
Iуэтэж
(ЕтIуанэ Iыхьэ)
Гулэз и ныбжьыр илъэс пщыкIух-пщыкIублым щиувам, адэр зыхуея псори къехъулIат. Къэбэрдейм и мызакъуэу, нэгъуэщI хэкухэми наIуэ щыхъуат пхъум и лIыгъэр.
Мыщэм ебэныфу, и уэгъуэр тIу имыщIу, щIакIуэ кIапэ теувакIэ къыщикIуэтаи къэмыхъуауэ яIуатэрт.
Ауэ Гулэз нэщхъеирилэти, пщыр абы иригузавэрт.
Зэгуэрым Урысейм къикIри Щоджэнокъуэм хьэщIэ лъапIэ къыхуэкIуат. Адыгэхэм нэхъ хъыджэбз дахэу, нэхъ щIалэ хахуэу яIэ псори зэхуашэсри, пщыпежьэ ящIат.
7 сентября, 2023 - 08:02
ФокIадэм и 7, махуэку
Хьэуа къабзэм и дунейпсо махуэщ
Iэщэхэм ещхь зэрыджэгу сабий хьэпшыпхэр гъэкIуэдыжыным и дунейпсо махуэщ
1923 гъэм Интерполыр – уголвнэ полицэм и дунейпсо организацэр – къызэрагъэпэщащ.
1928 гъэм ГуащIэдэкI Бэракъ Плъыжь орденыр къащтащ.
|