Календарь событий

08 сентября 2023

Псыхъуэхэр пхъэнкIий идзыпIэ зыщIар хэт?

 Адыгэ къуажэхэр псы Iуфэ IутIысхьэ хабзэт, псыншэу упсэуфыркъыми. БжьамийкIэ пщIантIэхэм псы къакIуэ зэрыхъурэ псы ежэххэм, псынэхэм дызэфэну псыр къитхыжыркъым, дипсхэри япэм хуэдэу къабзэжкъым. Псы ежэххэр зэрымыкъабзэм нэмыщI, ди псыхъуэхэм я щытыкIэр нобэ хьэлэч дыдэщ. Зы хамэ гуэр къакIуэу зэтриуцIэпIауэ аракъым, дэ езым ди IэкIэ тхьыуэ хыфIэддзэ пхъэнкIийм щIигъэнауэ аращ ди псыхъуэ дахэ къомыр.
Илъэс тIощI-щэщI и пэкIэ ди псыхъуэхэр къабзэу щытащ. Сабий щыджэгунуи балигъхэм зыщагъэпсэхунуи гурыхьу апхуэдэт ди псы Iуфэхэр.

VOGUE журналым и напэкIуэцIхэр ягъэдахэ

Америкэм и Штат Зэгуэтхэм 1892 гъэм щыщIэдзауэ дахагъэм, модэм теухуауэ къыщыдэкI VOGUE хьэрып журналым и фокIадэ къыдэкIыгъуэр траухуащ Иорданием щыпсэу адыгэхэм къадекIуэкI щэнхабзэ, хабзэ, псэукIэ дахэм. Амман щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я теплъэ зэкIужымрэ дуней тетыкIэ дахэмрэ гурыхь ящыхъуащ журнал цIэрыIуэм и щIэджыкIакIуэхэм. КъыжыIапхъэщ, VOGUE журналым и къудамэхэр иджыри къэрал 26-м зэрыщыIэр икIи ар дунейм и плIанэпэ куэдым зэрыщызэIэпахыр.

Нэпсеигъэр мыгъуагъэщ

ЖызыIэжар Хьэбэз къуажэм (Шэрджэсым) дэса Даур Исмэхьилщ, I990 гъэм.
Гъавэ къешэлIэжыгъуэ зэману зылI гъуэгурыкIуэт лъэсу. ЛIыр нэпсей гуэрти, гъуэмылэ тIэкIуи здищтатэкъым.
 
Апхуэдэу здэкIуэм гъуэгум къакIэрыхуауэ зы ху щхьэмыжышхуэфI къегъуэт. «Мыри зыгуэркIэ сэбэр хъунщ!» - жиIэри, ху щхьэмыжыр и упщIэ бгырыпхыжьым диупщIэри, и гъуэгу техьэжат. Пщыхьэшхьэ хъуауэ къуажэ гуэрым нихусри, нэхъ хуэщIа хуэдэу къилъэгъуа унагъуэм йоблагъэ. ХьэщIэ Iэнэр зэфIэкIа нэужь, гугъу ехьа лIыр гъуэлъыжыным хуопабгъэ. Хэгъэрейхэм захуегъазэри: 

Къуршылъэ-мывалъэри зекIуапIэщ

Шэрэдж районым и гъуэгухэм ящыщу тIур мы зэманым зэрагъэпэщыж. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым къызыхуэтыншэу къыщагъэщIэрэщIэжхэм ящыщщ Шэрэдж районым и Балъкъэр Ипщэ - Мухъол автомобиль зекIуапIэмрэ (километр 1,8-рэ и кIыхьагъщ) Къэщкъэтаурэ Жэмтхьэлэрэ зэпызыщIэмрэ (километри 2,2-рэ). Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым тету.

УзыншагъэмкIэ зэранщ

 Зи бжыгъэм зэпымычу хэхъуэ машинэхэм къалэхэр ущымыбэуэжыф ящI. Ахэр зэрылажьэ гъэсыныпхъэм къапкърыкI Iугъуэм и закъуэкъым зэраныр, атIэ, гъуэгум телъ асфальтыр нэхъ шынагъуэжщ.
 

Адыгэхэр я щапхъэт

Адыгэхэм я дуней тетыкIэм, зыхуэпэкIэм, Iуэху зехьэкIэмрэ я хабзэхэмрэ теухуауэ зыплъыхьакIуэхэм къыдалъэгъуа куэд ятхыжащ. Мы тхыгъэ кIэщIым къыщытхьащ шэрджэсхэм я фащэр къазэрыщыхъуу щытар.
 
Анисимов Сергей (совет философ): «Адыгэ щауэр и фэилъхьэгъуэмкIэ Кавказым ис адрей лъэпкъ псоми къахэщырт. Шэрджэсхэм я зыхуэпэкIэ дахэм пасэ зэманми щапхъэ трахыу щытащ. Адыгэ цейр дахэ къудейуэ къанэркъым, ар къагупсысащ зекIуэхэм дежи фэилъхьэгъуэ тыншу. Кавказым ис лъэпкъхэм ар къащтащ я щыгъыныгъуэу».

ПшэрыхькIэ еджэрт щакIуэ Iэзэми, а щакIуэм къищэкIуами

Адыгэбзэм жьы хъуа псалъэхэр гупищу щыгуэшащ: историзмхэр, архаизмхэр, анахронизмхэр.
Япэр - жьы хъуа псалъэхэщ, абыхэм къагъэлъагъуэу щыта хьэпшыпыр къызэрыдмыгъэсэбэпыжым къыхэкIкIэ псалъэри лъэныкъуэ едгъэзауэ.
Псалъэм папщIэ: лъыщIэж//лъыщIажь - кровная месть; афэ//ашъо – кольчуга; къулъкъэшхъэн - беглый крепостной; азэт – вольноотпущенник; лэгъунэпыт – сословие несвободных крестьян; мэIу - щит.
Архаизмхэр - жьы хъуа псалъэхэщ, абыхэм къагъэлъагъуэу щыта хьэпшыпым нэгъуэщI фIэщыгъэцIэ зэригъуэтам къыхэкIкIэ къэдмыгъэсэбэпыжу.

Илъэси 10-кIэ ягъэтIысынкIэ мэхъу

Илъэси 10-кIэ ягъэтIысынкIэ мэхъу 
Урысей ФСБ-м и управленэу КъБР-м щыIэмрэ КъБР-м щыIэ МВД-мрэ я лэжьакIуэхэм экономикэ щIэпхъаджагъэхэм пэщIэтынымкIэ Iуэхухэр щрагъэкIуэкIым къыщIагъэщащ республикэм и Прохладнэ районым щыIэ коммерческэ IуэхущIапIэм и сэбэп хэлъу щIыуэпс газ зэридыгъуар. 
Апхуэдэ хабзэншагъэм кърикIуащ сом мелуан 24-рэ хэщIыныгъэ. 

Зыхуей хуагъазэ

Прохладнэ куейм хыхьэ Солдатскэ, Къэрэгъэш, Грабовец жылагъуэхэр зэпызыщIэ автомобиль гъуэгухэр мы махуэхэм зэрагъэпэщыж. Абы къыдэкIуэу «Къуажэ щIыпIэхэм зэIузэпэщу зегъэужьын» федеральнэ программэм ипкъ иткIэ километри 4-м нэблагъэ зи кIыхьагъ гъуэгур къыщагъэщIэрэщIэж Прохладнэ куейм и Солдатскэ станицэм и Плипиенкэ, Евсейченкэ, Абубекировым я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм. Гъуэгур йокIуалIэ сымаджэщым, школым, ЩэнхабзэмкIэ унэм, администрацэм и унэм. 

Зеикъуэ жылэм - зыгъэпсэхупIэщIэ

Бахъсэн районым и поликлиникэу Зеикъуэ къуажэ дэтым егъэщIылIа Iэгъуэблагъэр, псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ 800-м нэблагъэ къызэщIэзыубыдэр, цIыхухэм я зыгъэпсэхупIэ щIыным хуэгъэзауэ ирагъэкIуэкIа Iуэхугъуэхэр и кIэм нагъэсащ.
УхуакIуэхэм мы щIыпIэм лъэс лъагъуэхэр щыпхашащ, тетIысхьэпIэщIэхэр щагъэуващ, иджырей уэздыгъэхэм хуэгъэпса пкъохэр щыхатIащ, ихъуреягъкIэ жыгыщIэхэр щыхасащ. Къедза Iэхэлъахэм, къуажэдэсхэми хьэщIэу къахуэкIуэхэми я лъэр зэрыщыщIагъэкIыфынум и мызакъуэу, зэIущIэ зэмылIэужьыгъуэхэри къыщызэбгъэпэщыфынущ.    

МафIэр IэубыдыпIэншэщ

2023 илъэсыр къызэрихьэрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм  мафIэс 1206-рэ къыщыхъуащ. Абыхэм ящыщу 100-р псэупIэхэм, 709-р удзхэкI гъуахэр ису. МафIэсхэм цIыхуи 6 къыщрагъэлащ, 190-рэ абы пэIэщIэ ящIу ягъэIэпхъуащ, цIыху 42-м фэбжь зэхуэмыдэхэр ягъуэтащ.  Ди жыгъуэ зэрыхъущи, цIыху 11 хэкIуэдащ.     
МафIэсхэм я нэхъыбэр къохъу цIыхухэм я зэранкIэ. Аращи, фигу къыдогъэкIыж  мафIэм  шынагъуэ    зэрыпылъыр,  электро, хуабэ къэзыт Iэмэпсымэхэр  къыщывгъэсэбэпкIэ хабзэм фытетын, фысакъын  зэрыхуейр.  

Ди щIалэхэм медалих къахьащ

Алыдж-урым бэнэкIэ
Ди щIалэхэм медалих къахьащ
СССР-ми Урысейми я бэнакIуэ цIэрыIуэ Миндиашвили Дмитрий и цIэр зезыхьэ спорт Академиеу Красноярск къалэм щыIэм иджыблагъэ щекIуэкIащ 1976 гъэм Олимпиадэм чемпион щыхъуа, зэхьэзэхуэ куэдым бжьыпэр щызыубыда Шумаков Алексей и щIыхькIэ къызэрагъэпэщ урысейпсо зэпеуэр. Алыдж-урым бэнэкIэм хухаха зэпеуэр мы гъэм еплIыщIанэщ.

Африканерхэр дапэплъэр пэж?

«Афрокъуажэ» е урысыбзэкIэ «Афродеревня» - апхуэдэ фIэщыгъэ иIэу, къытпэщылъ илъэсищым ди къэралым псэупIэщIэхэр щаухуэнущ. Iуэхур зэраублам и щыхьэту, Тверь областым хиубыдэ Поречье къуажэм япэ жылэм и лъабжьэр шыщхьэуIум и 4-м щагъэтIылъащ. 

НОБЭ

ФокIадэм и 8, мэрем
ЩIэныгъэ зэгъэгъуэтыным и дунейпсо махуэщ
Журналистхэм я зэкъуэтыныгъэм и дунейпсо махуэщ
Урысейм и Дзэ щIыхьым и махуэщ – Кутузов Михаил зи унафэщI урысеидзэм Бородино и деж щригъэкIуэкIа зауэшхуэм и махуэщ
Финансистым и махуэщ
1958 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ, КъБР-м и Парламентым и депутату щыта Къандэхъу Мухьэмэд.