Календарь событий

09 сентября 2023

Лъэпкъ проектхэр зэрагъэзащIэр

КъБР-м и Правительствэм и Унэм ще­кIуэкIащ «муниципальнэ сыхьэт» зэIущIэр. Абы республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щахуэзащ ди районхэм, къалэхэм я пашэхэм. 

Мы гъэм щIадзэнущ

ЩIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ правительствэ комиссэм хэтхэм я зэIущIэу УФ-м и Правительствэм и Уна­фэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иригъэ­кIуэкIам хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. 

НэхъыфIыжу дылэжьэн хуейуэ аркъудейщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Стратегие зыу­жьыныгъэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ чэнджэщакIуэ гупым я зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Абы хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзо­къуэ Мухьэмэд, КъБР-м и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Мэкъуауэ Тимур, КъБР-м и Правительствэм хэтхэр, федеральнэ мыхьэнэ зиIэ щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэр, щIыпIэ самоуправленэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэр. 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Ащхъуэт И. А. теухуауэ
 
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэм и 81-нэ статьям и «г» пунктым ипкъ иткIэ Ащхъуэт Ислъам Аслъэн и къуэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм бжыгъэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къулыкъур щхьэщыхын.
2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм бжыгъэ зыужьыныгъэмкIэ и министрыр ягъэувыхукIэ абы и къалэнхэр игъэзэщIэну Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм бжыгъэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Бозий Аскэр Руслан и къуэм пщэрылъ щыщIын.
3. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ

Республикэр зыIэтхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэ­ралыгъуэм и махуэм и щIыхькIэ, КъБР-м и Парламентым дыгъуасэ щагъэлъэпIащ республикэм и лэжьакIуэ па­жэхэр.

Гулъытэ хэха зыхуащIыну унэтIыныгъэхэр

КъБР-м и Парламентым и президиумым хэтхэм я бжьыхьэ лэжьэгъуэ пIалъэр яублащ. Абы и япэ зэIущIэм щытепсэлъыхьащ Iуэхугъуэ 20-м щIигъум, депутатхэм гулъытэ хэха зыхуащIыну унэтIыныгъэхэр къагъэнаIуэу. Апхуэдэхэм халъытащ хэхакIуэхэм ядэлэжьэныр, гъунэгъу щIыналъэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам хэт ди ­зауэлIхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ ядэIэпы­къуныр.