Календарь событий

11 сентября 2023

«Гипсолит»-м лэжьэн щIедзэ

ФокIадэм и 9-м Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьэн щригъэжьэжащ илъэс куэд щIауэ къагъэувыIауэ щыта, гипс къыщыщIагъэкI заводым. Ар къызэIуахыжын, инженер сетхэр, технологие Iэмэпсымэхэр, а лэжьыгъэм хуэщIа техникэ хэхахэр тэмэму зэтрагъэувэжын папщIэ Iуэхугъуэшхуэхэр зэфIагъэкIащ. Заводым и IэнатIэ зэхуэмыдэхэм иджыпсту пэрытщ цIыхуи 175-рэ, псори зэхэту 228-рэ щигъэлэжьэну Iэмал иIэщ. 

ЗыхуеинумкIэ къызэрагъэпэщ

Налшык дэт поликлиникэ №1-м иратащ цIыхухэм я узыншагъэр къыщапщытэ, шэрхъым тету кърашэкI комплекс. Ар къызэгъэпэщащ иджырей бжыгъэрылажьэ маммографие, флюрографие IэмэпсымэхэмкIэ.
Комплексыр къагъэсэбэпынущ дохутырхэм цIыхухэм я узыншагъэр къапщытэн мурадкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ къыщызэхакIухькIэ. Абы щыщщ «Фи узыншагъэр паркым къыщыфпщытэ» фIэщыгъэм щIэту тхьэмахуэ къэс ирагъэкIуэкI Iуэхури.

КъэкIуэнум хуэгъэза псалъэмакъ

Гъэ еджэгъуэщIэм и пэщIэдзэ махуэм ди къэралым и Президент Путин Владимир Москва областым хиубыдэ Солнечногорск къалэм щыIэ «Сенеж» егъэджэныгъэ центрым щыхуэзащ УФ-м хыхьэ щIыналъэхэм я еджакIуэ нэхъыфIхэм, олимпиадэхэмрэ нэгъуэщI зэпеуэхэмрэ щIэныгъэ куурэ зэфIэкI лъагэрэ къыщызыгъэлъэгъуа ныбжьыщIэхэм. 

Лъэпкъырщ лъапсэр

КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Теунэ Хьэчим и гупсысэ кIэщIхэм къахэтха зыбжанэ фи пащхьэ идолъхьэ. 
Жьэгумрэ уэнжакъымрэ
Унэм и псэр жьэгумрэ уэнжакъымрэщ. Пэжкъым жыпIэрэ! АтIэ зы тхьэмахуэ къудей мафIэ умыщIи, уи унэр псыIэмэ зэрыхъум, нэщIыфэ абы къызэрытеуэм, зеиншафи ар зэрыхъум еплъыт.
Моуэ дымэжэлIауэ дыкъыщIыхьэжым, ди ныбэ из зыщI ерыскъыр къызыпэрахыжри, дыпIыщIауэ дыкъэкIуэжым дызыгъэхуэбэжри, е гуныкъуэгъуэ диIэу къэдгъэзэжамэ, ди пIэ дизыгъэувэжыр жьэгужьыращ.

Джэдур лым лъэмыIэсмэ…

Адыгэхэм диIэщ хъыбар зиIэ псалъафэ гъэщIэгъуэнхэр. Абыхэм ящыщ зыбжанэ фигу къыдогъэкIыж.
«Ер вы бжьакъуэм къокI» 
Псалъэжьыр къызытекIар мы хъыбарырщ: Анзорхэрэ Къуэгъулъкъухэрэ я Iэхъушэхэр псыефапIэм щызэхуэзащ. Къуэгъулъкъуэхэ я гуур Анзорхэ я вым епыджри иукIащ. Абы къыхэкIыу лъэпкъитIыр бий зэхуэхъури зэзэуащ. Псалъафэр абы къытекIащ.
 «Ахъмэт и фо изщ»

Щхьэусыгъуэр - щхьэусыгъуэкъым!

Хоссейни Сейед Реза Барадаран гъуэгугъэлъагъуэу Iуащхьэмахуэ лъапэ щолажьэ. «Иран Резэ»-кIэ зэджэ щIалэм и гъащIэ гъуэгум тепсэлъыхь пэтрэ нэгъуэщI и зы хэкуэгъу телъыджи къыдегъэцIыху.

Махуэ лъапIэм ирихьэлIэу

КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэм
 

Адыгэр лъэхъэнэ жыжьэм

Мывэ лъэхъэнэр илъэс мелуани 2,5-рэ ипэкIэ щIидзэри, гъущI лъэхъэнэм (ди лъэхъэнэм ипэкIэ 8-нэ лIэщIыгъуэм) нэс къэкIуащ. А зэман кIыхьым къриубыдэуи, Кавказым цIыху щыпсэуащ, иджырей адыгэхэр къызытехъукIыжахэр.

НОБЭ

ФокIадэм и 11, блыщхьэ

Фадэ емыфэным и Урысейпсо махуэщ
Урысей Федерацэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ я IэщIагъэлIхэм я махуэщ
1882 гъэм
Москва къыщызэIуахащ Урысейм щыяпэ уней театрыр.
1918 гъэм Урысейм и ЦIыхубэ комиссархэм я советым унафэ къищтащ къэралыр дуней псор зытет мардэхэм - бгъуагъ-кIыхьагъыр, хьэлъагъыр, н.къ. къызэралъытэ пщалъэхэм - зэрытехьэм теухуауэ.

Драматург цIэрыIуэ

Зауэ нэужь илъэсхэм къэбэрдей драматургием и къарум нэхъри зыкъызэкъуихащ. Абы къыщIэхъуащ щIэблэ гуащIафIэ. Ди драматургием и зэхэублакIуэхэм ябгъурыуващ зи къалэмыр жан, темэщIэхэм тегушхуауэ зезыпщытыфа драматург щIалэ гуп. А гупым къыхэжаныкIахэм ящыщщ зи цIэр жыжьэ Iуа «Дахэнагъуэ» пьесэр зи къалэмыпэм къыщIэкIа Акъсырэ Залымхъан. Абы и пьесэхэм я нэхъыбэм лъабжьэ яхуэхъуар адыгэ тхыдэмрэ IуэрыIуатэмрэщ. Пасэрей адыгэ таурыхъыр лъабжьэ хуэхъуащ «Дахэнагъуэм»; адыгэ тхыдэм къыпкърыкIащ «Къызбрунри» «ИстамбылакIуэри»; апхуэдэ хэкIыпIэ иIэщ «Лашынми».

УнагъуэщIэхэр хъума хъун папщIэ

 Жылагъуэм и щытыкIэр къэзыпщытэ Росстат IуэхущIапIэм къызэритымкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыкъутэж унагъуэхэм я бжыгъэр 1264-м фIэкIри, 1748-м нэсащ. Кавказ Ищхъэрэм хэт республикэхэр зэплъытмэ, а щытыкIэр щынэхъ лъагэр Осетие Ищхъэрэ - Аланиерщ.