|
Календарь событий
14 сентября 2023
14 сентября, 2023 - 18:47
Япэ Iыхьэ
Мыр къыщыхъуар 1811 гъэм гъатхэпэм и 1-щ. Сэлим Езанэмрэ Тумэнбейрэ я зэпэщIэтыныгъэр зэриухрэ лIэщIыгъуэ бжыгъэ дэкIат. Мысырым тепщэгъуэр тыркухэм щаIыгът, ауэ Кавказым икIа мамлюкхэм хуэмурэ унафэр зыIэрагъэхьэжри, я пщIэри дэуеижат.
14 сентября, 2023 - 17:57
Сабийм езыр-езыру лъэбакъуэ ича иужькIэ лъэтеувэ лъэIур хуащI. ТхьэлъэIур нэхъыбэу унагъуэ тхьэлъэIущ, кърихьэлIэри сабийр зейхэм я благъэ, я Iыхьлы, гъунэгъуу ныбжьэгъугъэкIэ къагухьэхэрщ.
14 сентября, 2023 - 16:35
Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-лейтенант Павлов Василий я лэжьыгъэм къыхэжаныкIа хабзэхъумэхэм къыхуагъэфэща дамыгъэхэр яритыжащ. Къэмылэнджэжу, хьэлэлу зэрылажьэм папщIэ абыхэм фIыщIэ яхуищIащ, адэкIи я къулыкъум, къапэщылъ къалэнхэр гъэзэщIэным ехъулIэныгъэхэр щаIэну зэригуапэр жиIащ министрым.
14 сентября, 2023 - 15:56
КхъуейплъыжькIэрыщIэр ижь зэманым сабийр дунейм къыщытехьа япэ махуищырт щыхуащIыр. Абы щхьэусыгъуэ иIэт. Адыгэхэм я фIэщ хъууэ щытащ лъхугъэм къарууншэ ищIа нысэмрэ сабиймрэ япэ махуищым бзаджэнаджэ къахуэлъэу, псом хуэмыдэу жэщкIэ. Арат япэ жэщым зэпымыууэ даущымрэ джэгу нэгузыужьымрэ пщIантIэм щIыдамыгъэкIыр. Зэманым зэрызихъуэжам къыхэкIкIэ, кхъуейплъыжькIэрыщIэ дауэдапщэр зыхуащIыр нобэ куэдкIэ нэхъ мащIэ хъуащ.
14 сентября, 2023 - 15:54
Iуэтэж
(Япэ Iыхьэ)
НэгъуэщI планетэхэм цIыху щыпсэумэ, абы щекIуэкI хабзэхэр Тхьэшхуэм ищIэнщ, ауэ мы дызытет дунейм захуагъэ зэи щыIакъым икIи щыIэну къыщIэкIынкъым. Ар хьэкъыу сэ щыспхыкIар иджы дыдэщ. Апхуэдэу щIыжысIэри? СыбзыщIынкъым ари: захуагъэ гуэр мы дунейм щызекIуэу щытмэ, дыщэ бдзэжьей мо Сэлихьыжьым къыIэрыхьэн хуейтэкъым.
Iуэхум и пэр умыщIэмэ, и кIэр къыбгурыIуэнукъым жаIэркъэ, и пэм къыщегъэжьапхъэу къыщIэкIынщ.
14 сентября, 2023 - 13:31
Ди адыгэ IуэрыIуатэм лъагъуныгъэ хуэщIынымкIэ си гъащIэм щIыпIэшхуэ щеубыд си егъэджакIуэхэм къинэмыщIауэ, сызэрыцIыкIу лъандэрэ зи таурыхъ, хъыбар мыухыжхэм сащIэдэIуу сыкъэзыгъэтэджа си адэ къуэш Шэрджэс Хьэмтал.
Ар нэгъэсауэ хуэIэижьт адыгэ IуэрыIуатэм и теплъэу хъуам: таурыхъхэм, шыпсэхэм, къебжэкIхэм, хъыбарыжьхэм, уэрэдыжьхэм. ШыкIэпшынэ, къамыл хуэдэхэм емыуэфми, адрей псоми хэзагъэрт, дахащэу гуп зэхигъэст, къыхуэт щымыIэжу и гуащIэкIи, и ерыскъыкIи жумартышхуэт.
14 сентября, 2023 - 12:44
ЦIыхум кхъухь иухуэу псым зэрытехьэ лъандэрэ, здэщыIэр кърищIэну вагъуэхэм плъэрт. ИужькIэ, техникэмрэ ухуэныгъэхэмрэ хуэIэрыхуэ хъуа нэужь, хытетхэм я лэжьыгъэ зыгъэпсынщIэ гуэрхэри къагупсысащ. Абыхэм ящыщщ гъуазэхэр (маяк).
14 сентября, 2023 - 10:53
ИкъукIэ къаруушхуэ ехьэлIэн хуейщ анэдэлъхубзэм и IэфIыр адыгэм зыхезыгъэщIэжыну лъэпкъ школыр нэсу зэфIэгъэувэжыным. Абы теухуауэ бзэщIэныгъэлI Джаурджий Хьэтыкъэ къигъэлъэгъуауэ щыта гупсысэхэм я мыхьэнэр ноби кIуэдакъым.
14 сентября, 2023 - 10:53
ФокIадэм и 20 - 22-хэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Аруан районым хыхьэ Чернэ Речкэ къуажэм дэт «Шато-Эркен» туризм центрым щекIуэкIынущ мэкъумэш-промышленнэ комплексым пыщIа хьэрычэтщIапIэхэм зегъэужьыным теухуауэ «PROАгроСКФО2.0» урысейпсэ зэIущIэрэ мэкъумэш-техникэ, оборудованэ гъэлъэгъуэныгъэмрэ.
14 сентября, 2023 - 08:49
ФокIадэм и 14,
махуэку
1812 гъэм мафIэсышхуэм зэщIищта Москва дыхьащ Наполеон и дзэр. Ар бийм зауэншэу иратыну зэгурыIуат, къалэри дзэри хъума хъун папщIэ.
1896 гъэм Санкт-Петербург телеграф агентствэм лэжьэн щIидзащ.
1960 гъэм ЩIыдагъэ зыщэ къэралхэм я зэгухьэныгъэр (ОПЕК) къызэрагъэпэщащ. Абы хыхьащ Иракыр, Ираныр, Кувейтыр, Сауд Хьэрыпыр, Венесуэлэр.
|