|
Календарь событий
19 сентября 2023
19 сентября, 2023 - 18:32
А тIур зэзэгъыркъым, сыт хуэдэ зэманми зэзэгъыу щытакъым. Пэжщ, дэ ди нэгу щIэкIащ фадэм и бий бэнэныгъэр егъэлеяуэ ягъэткIияуэ щыщыта лъэхъэнэри, тIэкIу нэхъ къыщагъэлэлари. ИкIи ар жылагъуэм и дежкIэ сыт хуэдэ щIыкIэкIи псэукIэр къэзылъахъэу екIуэкIащ.
19 сентября, 2023 - 18:24
Иужьырейхэм мэкъуауэгъуэм и 23-р адыгэ цIыхубзым и махуэу жаIэ хъуащ. НэгъуэщIу, Сэтэней и махуэкIи йоджэ. Сэтэней жыхуаIэр нартхэм упщIэжэгъу яхуэхъурэ и IущагъкIэ Нартейм къыщащIэу хъищэхэм къыхэщ гуащэр аращ. Сэтэней гуащэрэ Сэтэней и махуэ жыхуаIэмрэ сыт зэхуаIуэху?
Адыгэр мэкъуауэгъуэм и 21 жэщым «шэмыгъапцIэ жэщкIэ» йоджэ. Аращ жэщым и нэхъ кIэщIыгъуэрэ махуэм и нэхъ кIыхьыгъуэу илъэсым хэтыр (жэщыр апхуэдизкIэ кIэщIщи, шэр зэпцIыну хунэсыркъым, жыхуиIэщ). Мэкъуауэгъуэм и 20, 21, 22-хэм щхьэкIэ уэлбанэкIэ жэщищ жаIэрт. Абы иужьт гъэмахуэр къыщихьэр.
19 сентября, 2023 - 17:19
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ къыхалъхьа Iуэхур Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и УнафэщIхэм даIыгъри, иджыри зы гуфIэгъуэ къэунэхуащ 20I3 гъэм. Мы гъэм илъэсипщI хъуауэ дгъэлъапIэ махуэшхуэм адыгэу дунейм тетым я дежкIэ мыхьэншэхуэ иIэщ.
19 сентября, 2023 - 16:22
МГУ-м георграфиемкIэ и къудамэм и егъэджакIуэ Мухаметов Сергей зэрыжиIэмкIэ, Хиросимэ къыщыуа ядернэ лагъымыр секунд 20 къэскIэ къытригъэзэжурэ къэуам хуэбгъадэ хъунущ иджыблагъэ Ливием щыIа жьапщэр.
«Даниэль» зыфIаща жьапщаер хыщхьэм къыщызэщIэушэри, Ливием ихьат. Псыщхьэм къыщыунэхуа апхуэдэ жьапщэ лIэужьыгъуэхэр щIым нэса нэужь асыхьэту ужьыхыжын хуеями, мыр зэрыкIуэм хуэдэу къыпэщIэхуэу хъуар ирихащ. Аращ ар телъыджэ зыщIыр. Мухаметовым зэрыжиIэмкIэ, дунейм электростанцу тетым я къарур 200-кIэ гъэбэгъуауэ щIэлът а жьапщэм.
19 сентября, 2023 - 15:27
Зэры-Урысейуэ къапщтэмэ, «Пушкиным и картэр» зыIыгъхэм я бжыгъэр цIыху мелуаниблым щIигъуащ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм иджыблагъэ хъыбар къызэритамкIэ, ди щIыналъэ щIалэгъуалэм ящыщу апхуэдэ картэр цIыху 44045-м яIэщ. Абы къызэщIеубыдэ зи ныбжьыр илъэс 14-м щегъэжьауэ 22-м нэс ныбжьыщIэхэр, икIи, къыхэгъэщын хуейщ, абыхэм я бжыгъэр кIуэ пэтми нэхъыбэ мэхъу.
19 сентября, 2023 - 15:13
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и «ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэм зэпымыууэ щыхагъахъуэ центр» (ЦНППМ) къэрал IуэхущIапIэм и егъэджэныгъэ-методикэ советым и унафэкIэ, иджыблагъэ дунейм къытехьащ «О математиках, математике и её преподавании и в шутку и всерьёз» зи фIэщыгъэ япэ къыдэкIыгъуэр. Ар Мамхэгъ Астемыр зэхигъэуващ.
19 сентября, 2023 - 14:55
Ди лъэпкъ хабзэхэм адыгэ шхыныгъуэхэм увыпIэ лъагэ щаубыду къокIуэкI. Псом хуэмыдэу абы гу щылъыптэр гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм дежщ. Нэхъыжьхэм къызэраIуэтэжымкIэ, хьэгъуэлIыгъуэ, тхьэлъэIу, гущэхэпхэ ирехъуи, псори тынш дыдэу зэфIэкIырт. ПщэфIэным хуэIэкIуэлъакIуэ хьэблэдэсхэр зэхуэсырти, шхын гъур матэ зыбжанэ ягъажьэрт, хьэлыуэ Iэнэ яубэрт, Iэщ псоми щызэрахуэкIэ, нышыр хьэзырыххэт… ХьэщIэ Iэнэхэм тетыр сыт жыпIэмэ - IэфIыкIэ, лы гъэва, гъэжьа къытрагъэувэрт. Абы кхъуейжьапхъэ езыщIылIэхэри гъунэжт, нартыху хьэжыгъэ хаудамрэ тхъу къабзэм и мэ гуакIуэмрэ ублэкIынкIэ Iэмал имыIэу.
19 сентября, 2023 - 14:28
Хекыр цIыхухэм щIэх-щIэхыурэ къащэху, тыкуэнхэм пэрыхьэту щIэлъщ икIи пудщ. Уасэшхуэ зыщIамытым фIагъышхуэкIи щымыгугъыу есащ цIыхур - аращ а бдзэжьей телъыджэми къыщыщIар.
Хекым хуэдэу фошыгъу, жьэгъу, псантхуэ узхэмкIэ сэбэп къэгъуэтыгъуейщ, уеблэмэ лышхми пэщIэтщ. Ар тыншу адрейхэм къахэфцIыхукIыфынущ: и жьэ кIуэцIыр фIыцIэщ, и пкъыр хуэкIыхьщ, и бгъуитIыр тIолыдыкI, и тхы фIыцIафэм, адрей бдзэжьейхэм къащхьэщыкIыу, тетыр зы кIэбзийщ. Бдзэжьей балигъым килограммищым нэс и хьэлъагъщ, и кIыхьагъыр метрэ ныкъуэм щынэблагъэ къохъу.
19 сентября, 2023 - 13:44
Зы пщэдджыжь гуэрым къалэ паркым цIыхухъуитI щызэIущIащ. НыбжькIэ нэхъыщIэм къицIыхужащ абы гъунэгъу къыхуэхъуа лIыжьыр. Ар абы и япэ егъэджакIуэрат.
- СыкъэпцIыхужакъэ? Уэ себгъэджащ, - жриIащ абы лIыжьым, сэлам ириха нэужь.
- НтIэ, укъэсцIыхужащ, си классым узэрыхэсар сощIэж. Иджыпсту сыт хуэдэ Iуэхухэр зепхьэрэ, ущылажьэр дэнэ? - къитыжащ лIыжьым жэуап.
- Уэ уэщхьу, сэри егъэджакIуэ сыхъуащ. А IэщIагъэр къыщIыхэсхам уи фIыгъэ куэд хэлъщ. Сэри сыхуейт уэ пхуэдэу сабийхэм садэлэжьэну, ахэр згъэсэну.
19 сентября, 2023 - 13:40
Нэхъ пасэрей дыдэ гуащэхэр Египетым щащIауэ щытащ илъэс миниплI хуэдиз япэкIэ. Япэрей гуащэхэр тхьэпэлъытэ (тотем) хуэдэу дин хуэIухуэщIэхэм къыщагъэсэбэпу щытащ. Ахэр къыхэщIыкIат хьэуазэм, пхъэм, мамонтым и къупщхьэм, нэгъуэщIхэми.
Ди эрэм ипэкIэ IV-V лIэщIыгъуэхэм гуащэ къыщIэгъэкIыныр IэщIагъэ щхьэхуэу щыщытащ Пасэрей Алыджым. Алыдж гуащэхэм я нэхъыбэр ятIэ гъэжьам къыхэщIыкIат. Я Iэхэмрэ я лъакъуэхэмрэ кIапсэкIэ прагъэубыдэрт. Сордис къалэм гуащэхэр куэду къыщыщIагъэкIырт.
19 сентября, 2023 - 13:25
ФокIадэм и 19, гъубж
Iэщэ зыщIым и махуэщ. УФ-м и Президентым 2011 гъэм дыгъэгъазэм и 3-м къыдигъэкIа унафэмкIэ ягъэуващ.
1544 гъэм къалъхуащ урыс пащтыхь гуащэу щыта Идар Гуащэнэ.
1937 гъэм къалъхуащ КъШР-м и цIыхубэ тхакIуэ, публицист АбытIэ Владимир.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 16 - 22-рэ, жэщым градус 11 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
19 сентября, 2023 - 13:17
Урысейм и туроператорхэм я зэгухьэныгъэм хъыбар къитащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм зыщызыгъэпсэхуну къакIуэ туристхэм я бжыгъэм гъэмахуэ блэкIам зэрыхэхъуар. Абыхэм нэхъыбэу къыхахыр Дагъыстэнырщ.
«Туристхэм Дагъыстэныр къыщIыхахым нэхъыбэу и щхьэусыгъуэр, я нэгу зрагъэужьыным къыдэкIуэу, тенджызми зыщагъэпскIыну Iэмал яIэщи аращ. Путевкэ тщэхэм я процент 80-р ДэгъыстанымкIэщ здэкIуэр», - жиIащ «Алеан» туроператорым и унафэщI Булах Оксанэ.
|