Календарь событий

20 сентября 2023

Лъэпкъ лъагъуныгъэм къыхэкIыкIа гъуазджэ телъыджэ

Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и сурэтыщI, КъБР-м и цIы­хубэ сурэтыщI, Худо­жествэ­хэмкIэ Урысей академием хэт, профессор Сэв­кIуий Хьэмид езыри и IэдакъэщIэкIхэри цIэ­рыIуэ зэрыхъурэ куэд щIащ. 

Адыгэм и блэкIа жыжьэр

Адыгэхэмрэ ахэр къызытехъукIыжа лъэпкъыжьхэмрэ я тхыдэр илъэс мин бжыгъэ мэхъу. Абы и щыхьэт нэхъыщхьэщ ­ди бзэмрэ (макъыбзэ) ди хабзэмрэ нэхъ жьы дыдэхэм, нэхъ гу­гъухэм зэрыхабжэр. КъищынэмыщIауэ, сыт и лъэныкъуэкIи зэпэлъыта, адыгэ хабзэ къекIум хуэдэ лъэпкъым зэригъэпэщын папщIэ, зэман кIыхькIэ яубзыхуа, ягъэфIа, яджа лъабжьэ уиIэн хуейщ. 

Адыгэм и дунейр - Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм

Адыгэхэр щыпсэу къэралхэм ящыщщ Хьэрып Эмират Зэгуэтхэр. Псори зэхэту ди лъэп­къэгъу унагъуэ минрэ ныкъуэ­рэ, цIыху миниплI хуэдиз, щопсэу а къэралым.

Жыгхэр хасэ

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и XIV зэIущIэшхуэм и пэ къихуэу, ХьэтIохъущо­къуэм и жыг хадэм фокIадэм и 18-м къыщызэIуахащ «Зэныбжьэгъугъэм и лъэс лъа­гъуэр».