|
Календарь событий
25 сентября 2023
25 сентября, 2023 - 19:47
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2020 гъэм щэкIуэгъуэм и 9-м къыдигъэкIа унафэ №256-ПП-м къару имыIэжу къэлъытэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2023 гъэм фокIадэм и 11-м Налшык къалэ №190-ПП
25 сентября, 2023 - 18:39
Къэбэрдей-Балъкъэрым Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, иужьрей илъэсхэм нэрылъагъуу хэхъуащ ди щIыпIэм зыгъэпсэхуакIуэ къакIуэхэм я бжыгъэм.
25 сентября, 2023 - 17:36
ДифI догъэлъапIэ
Сыжажэ Къылъшыкъуэ къызэралъхурэ илъэси 160-рэ ирокъу
25 сентября, 2023 - 16:28
ЦIыху куэд щыIэщ ди лъэпкъым лъабжьэ хуэхъуа пасэрейхэм я гугъу щащIкIэ, а псори къагупсысауэ къафIэщIу, щIэныгъэм тегъэщIапIэ быдэ зэрыщиIэм шэчышхуэ къытрахьэу. Илъэсищэ къудей мыхъуу, лIэщIыгъуэ пщIы бжыгъэхэр щыблэкIакIэ, тхыдэджхэми къэхутакIуэхэми щыуагъэ зэраIэщIэкIынкIи хъунур гурыIуэгъуэщ. Гурыщхъуэ псоми уапхыкIыу, пэжыр мыращ жыпIэныр зэрымытыншым нэмыщIыж, астрономием, биологием, химием ещхьу, тхыдэ щIэныгъэми махуэ къэс иджыри къэс ямыгугъа куэд къыщызэIуах.
25 сентября, 2023 - 15:24
Дунейм и дахэгъуэщ. Къытепсэ бжьыхьэ дыгъэр фIэбэмащIэу, шындэбзиймкIэ щопэщащэ Зулэ.
… « Гъатхэ дыгъэр си нысэм типси, бжьыхьэ дыгъэр си пхъум типсэ», - жызыIам и Iуэху зыIутар тхьэм ищIэнщ, ауэ, жыпIэнурамэ, хэлъщ а бжьыхьэ дыгъэпсым нэсу дызыщымыгъуазэ къару щэху гуэр. Псоми ухуэнэплъэIусынри Iэмалыншагъэкъым… Чыхум хыхьэжа гупсысэхэм здыхэтым, хьэнцейгуащэ къезышэкIхэм я макъ къызэхихащ абы. Телъыджэщ, Зулэ къыхуэгубзыгъыжыркъым, иужь дыдэу хьэнцейгуащэ щилъэгъуар. ИIыгъ пщIантIэ жыхапхъэр хыфIидзэри, макъыр къыщыIу куэбжэпэмкIэ жащ.
25 сентября, 2023 - 14:17
Пришвин Михаил урыс тхакIуэщ.
25 сентября, 2023 - 13:11
КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, адыгэбзэ шэрыуэ зыIурылъ, утыку итыкIэ дахэ зиIэ Гумэ Маринэ сыт хуэдэ Iуэху пэрыхьэми екIуу, къызыхуэтышэу зэфIех.
25 сентября, 2023 - 12:42
ФокIадэм и 25,блыщхьэ
Зи тхьэкIумэхэм зэхамыххэм я дунейпсо махуэщ
Машинэ зыщIым и махуэщ
1934 гъэм Налшык къыщызэIуахащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и колхоз-совхоз IуэхущIапIэхэм я япэ спартакиадэр.
1941 гъэм ВКП (б)-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым унафэ ищIащ уIэгъэ хъуа зауэлIхэр зыхуей хуэгъэзэнымкIэ комитет къызэрагъэпэщыну.
1915 гъэм къалъхуащ АР-м и цIыхубэ тхакIуэ, драматург, зэдзэкIакIуэ Еутых Аскэр.
25 сентября, 2023 - 12:07
Адыгэ IуэрыIуатэм лъабжьэ, купсэ, къуэпс хуэхъур лъэпкъым и купщIэращ. Абы и Iыхьэ-Iыхьэурэ адыгэм теухуа тхыдэр зэхэлъщ. Ди лъэпкъым хуэгъэзауэ, ижь-ижьыжым къыщегъэжьауэ къикIуа гъуэгуанэр гъуджэу къызэрыщыжщ тхыдэ, гъыбзэ, лIыхъужь уэрэдыжьхэр. Абыхэм я фIыгъэкIэ адыгэм къикIуа тхыдэ Iыхьэшхуэ ди деж къэсащ.
25 сентября, 2023 - 11:04
Iуэхур судым нэсащ
Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм, Урысей МВД-м и Управленэ нэхъыщхьэу Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм щыIэм я лэжьакIуэхэм, къэлъыхъуэныгъэхэр ирагъэкIуэкIыу къызэпаудащ Iэщэрэ абы иралъхьэ шэхэмрэ республикэм щигъэкIыным пыщIауэ Налшык щыщ цIыхуитIым зэрахьэ хабзэншагъэр.
КъБР-м щыIэ УФСБ-м и Следственнэ къудамэм уголовнэ Iуэху къиIэтащ УФ-м и УК-м и 222-нэ статьям и 5-нэ Iыхьэм и «а» пунктым къыщыхьа щIэпхъаджагъэм ипкъ иткIэ. Зэрагъэкъуаншэр къыщыгъэлъэгъуа уголовнэ Iуэхур судым Iэрагъэхьащ.
|