Календарь событий

04 декабря 2023

Сыбыр гъуэгуанэр

Мы гъэм илъэс 90 ирокъу ди къэралым щекIуэкIа политикэ зэхэзехуэныр. Абы цIыху мелуан бжыгъэ, лъэпкъ пщIы бжыгъэ текIуэдащ. А политикэ щхьэлым зэхихьэжахэм яхэхуащ Черкес автоном областым ирашу, Сыбыр щIыналъэм къыщыхута унагъуэхэр, лъэпкъхэр…
 Мы Iуэхум и фэеплъу адыгэхэмрэ абазэхэмрэ я лIыкIуэ гуп ди лъэпкъэгъухэм якIуа гъуэгум техьащ.

Адэм и гурыгъу

ФIы дыдэу зэрылъагъу зэныбжьэгъуитI щыIэт. Хьэбалэ зыпхъу нэхъ иIэтэкъым, Гъур зы щIалэ закъуэт иIэр. 
Илъэсхэр блокIри, хъыджэбз цIыкIур пщащэ, щIалэ цIыкIури щауэ мэхъу. АдитIым ар я жагъуэнт? Я адэхэм ядэплъейри, я бынхэри «зы тхьэмпэм тошхыкI» жыхуаIэм хуэдэу, фIы дыдэу зэрылъэгъуат. 
ПIалъэ ягъэуври, я бынхэр зэрагъашэ. Нысашэм и дауэдапщэхэр докIри, ныбжьыщIитIым зэдэпсэун щIадзэ…
Зэман дэкIауэ Гъур Хьэбалэ деж къэкIуауэ зэпсалъэу щысхэт. Хьэбалэ и ныбжьэгъум зыхуегъазэри: 

ХьэкIэкхъуэкIэхэми лIыгъэм пщIэ хуащI

Къэхъуа

Зи гугъу сщIыж хъыбарыр къыщыхъуар зауэ нэужь лъэхъэнэхэрщ. Гундэлэн жылэм дэса балъкъэрхэр Азием, Къэзахъстаным яша иужь, Зеикъуэм и къуажапщэм унагъуэ щитIым щIигъу къыпаудри, абы залымыгъэкIэ ягъэIэпхъуауэ щытат. Ахэр къуажэкум кIуэцIрыкI гъуэгум етIысэкIащ. ЩIапIэ куэд нэщIу къэнат, Iэ зэмыIусэж унэхэр иуэжри, зеиншафэ къатеуат. Къуажэм къегъэщIылIа щIыр абы дэс цIыху мащIэм зыхуей хуагъэзэфыртэкъыми, жылэм и хъуреягъым, дэнэ къуакIэ удыхьами, шу зэтесыр къыхэмыщу пабжьэ кIырыр щызэщIэкIат. 

Дуней псом и тхьэIухудыр къыхах

Сальвадор Республикэм иджыблагъэ щекIуэкIа «Дунейпсо тхьэIухуд 2023» 72-нэ зэпеуэм щытекIуащ Никарагуа щыщ, илъэс 23-рэ зи ныбжь Паласиос Шейннис. 

Джэду шыр

Iуэтэж

КIуэкIуцэ къалэшхуэм яшэу зэрыджэгу хьэпшыпхэм щыхагъадэм, япэ дыдэ Iэбэу къищтар джэдущ. Ари езым хуэдиз хъурэ цы щабэшхуи тетыжу, дэбжьеи къебжьыхыжи хъууэ. Ар абы зыкIэ фIыуэ елъагъури, шхэми здагъашхэ, жейми здагъэжей. Дэджэгум, дэджэгуурэ ицхэр фIей хъуамэ, езым егъэпскIыж. Уеблэмэ и анэм игъэпскIыуи, и шыпхъум къыдигъэпскIыуи идэркъым. Ауэ апхуэдэу фIыуэ зэрылъагъуу куэдрэ яхьакъым а тIум. 

ЩIылъэм дыхуэмысакъмэ…

ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, Каспий хы Iуфэм хыкхъуэхэр (тюлень) бжыгъэшхуэкIэ зэрыIулIыхьыр щIыуэпсым и щытыкIэм кърикIуа бэлыхьщ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, ар къызыхэкIыр хы лъабжьэм гъуэз къызэрымыкIуэ гуэрхэр къызэрыхихырщ. 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ

1. Налшык къалэ округым и «КъуэкIыпIэ» псэупIэ хьэблэм мэжджытышхуэ щыухуэным ехьэлIа, абы и проектымрэ и ухуэныгъэмрэ теухуа къалэнхэр зэкIэлъызыгъэкIуэну лэжьакIуэ гуп къызэгъэпэщын.
2. Къэщтэн Налшык къалэ округым и «КъуэкIыпIэ» псэупIэ хьэблэм щаухуэну мэжджытышхуэм и проектымрэ и ухуэныгъэмрэ теухуа къалэнхэр зэкIэлъызыгъэкIуэну лэжьакIуэ гупым хэтхэу мы унафэм щIыгъу гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуахэр.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм спортым епха и къэрал кIэзонэ, бюджет, автономнэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я улахуэхэр етыным и IуэхукIэ Положенэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2023 гъэм     щэкIуэгъуэм и 21-м     Налшык къалэ     №243-ПП

НОБЭ

Дыгъэгъазэм и 4, блыщхьэ

Информатикэм и махуэщ
1707 гъэм
Урысейм щыяпэу Москва къыщызэIуахащ узыншагъэм щыкIэлъыплъ къэрал IуэхущIапIэ (иджыпсту ар Бурденкэ Н. Н. и цIэр зезыхьэ дзэ клиникэ сымаджэщ нэхъыщхьэщ).
1946 гъэм Москва щызэпкъралъхьащ «Москвич-400» лIэужьыгъуэм и япэ автомобилыр.
1907 гъэм къалъхуащ КъБАССР-м щIыхь зиIэ и артист Ало ЛутIэ.