Календарь событий

05 декабря 2023

Улахуэхэм хагъахъуэ

Къэралым и бюджет IэнатIэхэм щылажьэхэм я хэхъуэр нэхъыбэ щIыным ехьэлIауэ Урысей Федерацэм и Правительствэм лэжьыгъэ пыухыкIахэр зэпымыууэ ирегъэкIуэкI, УФ-м и Президентым къахуигъэува къалэнхэр игъэзащIэу. 

«Сыринэм» и адыгэбзэм ихьэхуахэр

                     Ди республикэм и «Сыринэ» щIалэгъуалэ гупыр «Театральная завалинка» урысейпсо зэпеуэм къыщыхэжаныкIащ. Абы теухуа хъыбар ди газетым тетащ. Нобэ теддзэр а Iуэху дахэр зи нэгу щIэкIа Къанкъул Раисэ и тхыгъэщ.

Зэхыхьэр щызэхашар Москва областым и Одинцовэ районым хыхьэ Осоргино къуажэм Эсамбаев Мыхьмуд и цIэр зезыхьэу дэт зыгъэпсэхупIэрщ.

         УФ-м и щIыналъэ 46-м я ныбжьыщIэ театр 174-м щыщу «Лесной городок» пансионатым щекIуэкIа фестивалым хэтыну гупыж зыщIахэм къыхахар 12 къудейт.

ХьэкIэкхъуэкIэхэми лIыгъэм пщIэ хуащI

Къэхъуа

Урысейм и цIыху дыхъуну дыхуейщ

           Урысейм Палестинэм хиубыдэ Газэ секторым щыIэ и цIыхухэр къишэжын щIидзащ щэкIуэгъуэм и 12-м. А лэжьыгъэр зэфIегъэкI УФ-м КъэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэм япэщIэтынымкIэ и министерствэм (МЧС).

        Урысей Президентми абы и унафэкIэ Iуэхур зэфIэзыгъэкI МЧС-ми фIыщIэ хуэзыщI цIыхухэр ди къэралым къаша къудейкъым. Абыхэм ящыщ куэд Кавказым къагъэIэпхъуащ. «Дэ Урысейм и цIыху дыхъуну дыхуейщ», - жиIащ Дагъыстэным Газэм щыщу къаша гупым  я нэхъыжьым.

Iуащхьэмахуэ щIыналъэм гъуэгухэр щызэрагъэпэщыж

«ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» къэрал программэм ипкъ иткIэ Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щIыпIэ зыбжанэм екIуалIэ, километрибл зи кIыхьагъ гъуэгухэмрэ лъагъуэхэмрэ щызэрагъэпэщыжащ.

Тхыдэдж ныбжьыщIэхэм я зэхуэс

Налшык къалэм дэт, щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ Центрым иджыблагъэ тхыдэдж ныбжьыщIэхэм я зэхуэс гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ. Тхыдэр фIыуэ зылъагъу, ар куууэ зыджыну хуей щIалэгъуалэм Iэмал ягъуэтащ къэралми, щIыналъэми, жылагъуэхэми я блэкIам зэрыхащIыкI щIыкIэр утыку къащIыну, я щIэныгъэр здынэсыр IэщIагъэлIхэм ирагъэлъагъуну.

И тхыгъэхэр лъэп­къым и дыщэ чысэм илъу къэнащ

         Ди лъэпкъ щэнхабзэм и тхыдэм цIыхубэ творчествэр къыхэпхыжмэ, ямылейуэ куэд къанэркъым, жыжьэ дыди кIуэцIрыкI хуэдэ­къым. КъыщIэмынэр зыщ – тхыбзэм и тхыдэр зэкIэ зэрымылIэщIыгъуэрыбжэращ. ИтIанэми, а куу дыдэу къыпфIэмыщIын тхыдэми уи гур хэзыгъэхъуэн Iэджи хэлъщ. Апхуэдэхэм ящыщ зыщ Шортэн Аскэрбий и гъащIэмрэ и IуэхущIафэхэмрэ. Нэхъыбэм ар зэрацIыхур «Бгырысхэр» романращ. Пэжщ, нобэ роман зытхрэ зытхауэ Iэджи диIэщи, япэ итам и лIыгъэр къыдгурыIуащэркъым.

Макъамэр щIэщыгъуэ зыщIыф

Зэи мыкIуэдыжыну лэжьыгъэ инрэ IуэхущIафэ дахэрэ дуней псом къытринэри, езыр тхэкIыжащ «Иджырей зэманым и дирижёр щэджащэ», «Макъамэбзэм и пащтыхь», «Термоядернэ Темыркъан», «Дуней псом щыцIэрыIуэ дирижёр», «Дирижёр Iуэхум и тхьэ» зыхужаIэ музыкант цIэрыIуэ Темыркъан Юрэ Хьэту и къуэр. Илэжьам и куэдагъым хуэдизи фIыкIэ тепсэлъыхьащ икIи тетхыхьащ ди хэкуэгъу щэджащэм. Абы теухуа япэ дыдэ тхылъыр къыдэзыгъэкIар журналист, публицист цIэрыIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдщ. Фи пащхьэ идолъхьэ Мухьэмэд и Iэдакъэ къыщIэкIауэ а тхылъым ихуа тхыгъэхэм ящыщ зы, гъэкIэщIауэ.

НОБЭ

Дыгъэгъазэм и 5, гъубж

         ЩIыгулъым и дунейпсо махуэщ

         Урысейм и Дзэ щIыхьым и махуэщ

         1936 гъэм СССР-м и етIуанэ Конституцэр къащтащ. Ар тхыдэм хыхьащ «Сталиным и Конституцэ» цIэр иIэу.

         1936 гъэм КъБАО-р КъБАССР хъуащ.

         1942 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и партизанхэр Лэскэн Езанэм щыIэ нэмыцэ быдапIэм теуащ, хэщIыныгъэшхуи иратащ.