Календарь событий

07 февраля 2024

Бзэхэм я гъащIэр

Дэ псоми дощIэ: и бзэр щыIэхукIэщ лъэпкъыр зэрыпсэур. Ар зыфIэкIуэдар лъэпкъыжкъым. Ауэ езы бзэр псэункIэ мэхъу   зыIурылъахэр хьэрэкъуакIэ дыхьэжами. Пэжу,  апхуэдэ щапхъэхэр закъуэтIакъуэщ.

Псы къабзэ яIэн папщIэ

         Iуащхьэмахуэ лъапэ щыпсэухэмрэ мин бжыгъэкIэрэ ди деж зыгъэпсэхуакIуэ къакIуэхэмрэ папщIэ псыр зэрагъэкъабзэ,  къагъэсэбэпар зэрыIуаш ухуэныгъэхэр къыщагъэщIэрэщIэж щIыналъэм - километр 12-м щIигъум бжьамийхэр, кIэнауэхэр, хьэкхъуафэхэр щIэуэ далъхьэ. А лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «КИФЩI-м зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ.

2024 гъэми пащэнущ

Къуажэ гъащIэ

УФ-м «Къуажэхэм зегъэужьын» и къэрал программэр гъэзэщIэным Къэбэрдей-Балъкъэрым 2024 гъэми щыпащэнущ.

Iуащхьэмахуэ щIыналъэм зи гугъу тщIы программэм хыхьэу IуэхущIапIэу 4-м псы езышалIэ бжьамийхэр щызэрахъуэкIынущ, къищынэмыщIауэ сабий сад, спортым щыхуагъасэ школ, ныбжьыщIэхэр гъуазджэм щыхурагъаджэ центр иджырей мардэхэм къитIасэу щызэрагъэпэщыжынущ.

 ИужьреитIым ехьэлIа лэжьыгъэхэр илъэситIкIэ екIуэкIынущ: 2024 гъэм къыщыщIэдзауэ 2025 гъэри хыхьэу.

Яшхыни ящIэни щагъуэт

Ди къэралыр санкцэхэмкIэ дакъузэми, Къэбэрдей-Балъкъэрым абы и ныбжь къытридзэми, хэгъэгум и макроэкономикэм зеужь. Ар, шэч хэмылъу, къызыпэкIуэр  Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир, УФ-м и Правительствэр, федеральнэ министерствэхэр щIыналъэхэм зэпыу имыIэу зэрадэIэпыкъурщ,  республикэм ис цIыхухэм я лэжьыгъэрщ, къэрал къулыкъущIапIэхэм щрагъэкIуэкI Iуэхухэрщ.  

Япэ махуэхэм щыщIэдзауэ нартыху жылэхэр ящэ

Илъэс къэс Къэбэрдей-Балъкъэрым нартыху жылэ нэхъыфIхэм хуэдэу тонн мин 15 къыщыщIагъэкI. Жылэхэр зэмылIэужьыгъуэ куэд зэрыхъум къыхэкIыу, Урысей Федерацэм и щIыналъэ куэди, нэгъуэщI къэралхэри къыщIоупщIэ, ящэху.

Нэхъыбэр здрагъашэр Ростов, Воронеж, Белгород, Самарэ, Нижегородск, Ульяновск, Пензэ, Смоленск, Рязань, Томск, Омск, Свердловск, Иркутск областхэрщ, апхуэдэуи Татарстаным, Башкортостаным, Удмуртием, Мордовием ящэху. Беларусь Республикэми хуабжьу щIэупщIэ щиIэщ ди нартыху жылэхэм.

Бжьамийхэр зэрахъуэкI

Шэджэм щIыналъэм жьы хъуа бжьамийхэр зэхъуэкIыным ехьэлIа лэжьыгъэхэр щокIуэкI. Псалъэм къыдэкIуэу, дызэрыт илъэсым Шэджэм Ипщэ къуажэм къыщагъэщIэрэщIэжынущ псори зэхэту километри 3,2-рэ зи кIыхьагъ бжьамийхэр.

Замятиным и гъащIэмрэ гуащIэмрэ

Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм щокIуэкI «Мы о нём» гъэлъэгъуэныгъэ. Ар теухуащ урыс тхакIуэ цIэрыIуэ Замятин Евгений къызэралъхурэ илъэси 140-рэ зэрырикъуам.

Замятин Евгений и гъащIэмрэ гуащIэмрэ теухуа гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьащ тхакIуэм и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъхэр, езым теухуауэ ятха тхыгъэхэр, сурэтхэр.

ЗэгурыIуэныгъэ зэращIылIащ

Урысей гвардием Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къулыкъущIапIэм и унафэщI, полицэм и полковник Васильев Сергей иджыблагъэ яIущIащ КъБР-м и ЩIалэгъуалэ правительствэм хэтхэм.

ЗэIущIэм кърихьэлIащ КъБР-м и ЩIалэгъуалэ правительствэм и унафэщI Бейтыгъуэн Исмэхьилрэ курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр Хьэмыкъуэ Сэлимрэ. Лъэныкъуэхэр тепсэлъыхьащ зэгъусэу утыку къралъхьэфыну Iуэхугъуэхэм, и гугъу ящIащ щIыналъэм къихъуэ щIалэгъуалэр хэкупсэу къэгъэтэджыным ехьэлIауэ яхузэфIэкIыну жэрдэмхэмрэ пэхуэщIэхэмрэ.

ПсэукIэр ирагъэфIакIуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым фэтэр куэду зэхэт унэу 67-рэ къызыхуэтыншэу щызэрагъэпэщыжынущ 2024 гъэм къриубыдэу, лифту 22-рэ абыхэм щызэрахъуэкIынущ. Лэжьыгъэхэр щекIуэкIынущ республикэм и щIыналъэ псоми.

Унэхэр сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзэу зэгъэпэщыжын лэжьыгъэхэм хохьэ я щхьэхэр зэхъуэкIыныр, унэ IуплъапIэхэр къэгъэщIэрэщIэжыныр, абы екIуалIэ бжьамийхэр, ток кIапсэхэр, н.къ. зэхъуэкIыныр, щIыунэхэр тэмэму къищIыкIыжыныр, нэгъуэщIхэри. Апхуэдэ Iуэхугъуэхэм я фIыгъэкIэ фэтэр куэду зэхэт унэхэм щIэсхэм я псэукIэр йофIакIуэ, нэхъ тынш мэхъу.

Ерыскъы къабзэм дыхуокIуэ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм жыг хадэ зезыхьэ, мыIэрысэм елэжь IуэхущIапIэхэм ящыщу IэрыщI щIыгъэпшэрхэр, химие пкъыгъуэхэр, цIыхум и узыншагъэм зэран хуэхъу нэгъуэщI гуэрхэри къамыгъэсэбэпу къагъэкIа пхъэщхьэмыщхьэу зэрыщытым щыхьэт техъуэ сертификат япэу зратар Къэбэрдей-Балъкъэрым и Шэрэдж щIыналъэм щыIэ «Гъавэ бэв» IуэхущIапIэрщ.

«Роскачество»-м иджыблагъэ къызэритамкIэ, иджы абы и продукцэм, дамыгъэ хэха «органик» псалъэр тридзэми хъунущ, ар зэрыкъабзэр къригъэлъагъуэу.

ЗэхэщIыкI IэрыщIым и IэмыщIэм

Нейрон зэIущэр, зэхэщIыкI IэрыщIыр ди гъащIэм къыхыхьэпащ псом хуэмыдэу иужьрей зэманым. Интернет напэкIуэцIхэм куэдрэ дыщрохьэлIэ цIыхухэм ар къагъэсэбэпурэ теплъэ щхьэхуэхэр зэхагъэувэу. Псалъэм и хьэтыркIэ, лъэпкъ щхьэхуэм къыхэкIа бзылъхугъэм е цIыхухъум и напэпкъыр абы ищIыфынущ программэкIэ, е цIыхур иригъэплъыжыфынущ хуэгъэфэщауэ жьы хъуа нэужь иIэну теплъэм. ЗэхэщIыкI IэрыщIыр щIэныгъэм къызэрыщагъэсэбэпым нэмыщI, иджы абы икIи цIыхухэм зырытрагъэу. Акъылым къитIасэм и нехьэкъехуэну хэт хъуащ компьютеркIэ зэхагъэувэ программэхэр.

НОБЭ

Мазаем и 7, бэрэжьей

         Урысейм щагъэлъапIэ щIымахуэ спорт лIэужьыгъуэхэм я махуэр

         2014 гъэм Сочэ къалэм къыщызэIуахащ XXII щIымахуэ Олимп джэгухэр.

        1890 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ артист Ашуров Танахум.

        1968 гъэм къалъхуащ усакIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, ЩIДАА-м и член-корреспондент Бэлагъы Любовь.

Дунейм и щытыкIэнур

НЭХЪЫЖЬХЭМ Я ГЪАЩIЭР И ГЪУАЗЭУ

Зеикъуэ къуажэм щыпсэу нэхъыжьхэм ящIэж а жылэм пщIэрэ щхьэрэ иIэу дэса Къэрмокъуэ Псэбыди абы и къуэ Мэлили - тIури лэжьакIуэшхуэт, хьэлэлхэт, адыгагъэр псом япэ ирагъэщу къэгъуэгурыкIуат. Адэмрэ адэшхуэмрэ я гъуэгум ирикIуащ абыхэм я щIэблэ Мухьэмэди.

Пасэу, пэщIэдзэ классхэм щыщIэсым, Мухьэмэд къыхихакIэт зыхуеджэну IэщIагъэр. ИкIи къуажэм дэт курыт школыр къиуха нэужь, Налшык къокIуэри, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щIотIысхьэ. Зоотехник IэщIагъэр зыгъуэта щIалэщIэр Мэкъумэш хозяйствэмкIэ министерствэм Тэрч районым егъакIуэ.

Псоми чэзу яIэщ

Илъэс тIощIырыпщIкIэ дызэIэбэкIыжмэ, нобэ дуней псор зэщIэзыщта хуабэщхэр щыIэххэу щытакъым. Пэжщ, сотыхих зыIыгъ къалэдэсхэм я щIы кIапэ тIэкIухэм целлофаныщхьэ зытелъ парник цIыкIухэр яIэу щытащ. Абыхэм гъатхэхуэкIуэу помидор, нащэ жылэхэр нэхъ пасэу щыхасэрти, гъэтIысыныпхъэхэр езыхэр зэрыхуейуэ къыщагъэкIырт, бэзэрым къыщамыщэхун щхьэкIэ. Иджы тлъагъуращи, пхъэщхьэмыщхьэ, хадэхэкI къабзэкIэ цIыхур зыщыгугъыу щыта къуажэ шыгъуэгу хадэхэр зэрыщыту хуабэщщ. Зыри нэгъуэщI хуеижкъым. Плъагъурэ, абы ахъшэ хьэзыр къыщIах илъэсым хуэзэу тIэуней-щэнейрэ.

И гуащIэ щымысхьу лажьэрт

КъБР-м и промышленнэ производствэм и къызэгъэпэщакIуэ нэхъ лъэрызехьэхэм хабжэрт 1980 гъэхэм ди республикэм и зыужьыныгъэм псэемыблэжу хуэлэжьа, абы и уэгур зыгъэнэхуахэм ящыщ Сэкрэк Аннэ. Абы и гъащIэри, и лэжьыгъэри зыхуигъэпсар промышленность псынщIэм зегъэужьынырщ. 1979 гъэм щегъэжьауэ 1994 гъэ хъуху «Дружба» трикотаж комбинатым и унафэщIу щыта Сэкрэк Аннэ и махуэр зэпэлъытат, и IуэхузехьэкIэр купщIафIэт, зыпэрыт лэжьыгъэм къыпэкIуэ хъерыр нэрылъагъут.