Календарь событий

08 февраля 2024

Ласицкене Марие дыщэм нэсакъым

Мэзкуу къалэм СпортымкIэ и къэрал университетым и спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Урысей щIымахуэ» атлетикэ псынщIэмкIэ XXXIII дунейпсо зэхьэзэхуэр. Абы хэтащ Олимп джэгухэм я чемпионкэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Ласицкене (Кучинэ) Марие икIи етIуанэ увыпIэр къихьащ.

Лъэпкъ пэхуэщIэр мэлажьэ

2024 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым цIыхухэр нэхъыбэу шызэхуэс, зыщагъэпсэху щIыпIэу 27-рэ къызыхуэтыншэу зэIузэпэщ щащIынущ. Лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIыну щIыпIэхэмрэ абыхэм яIэну теплъэхэмрэ яубзыхун щхьэкIэ ирагъэкIуэкIа IэIэтым хэтащ республикэм и цIыху мин 75-м нэблагъэ.

ЦIыхухэр нэхъыбэу шызэхуэс щIыпIэхэм ящыщу мы гъэм япэ ирагъэщу зэIузэпэщ ящIыну щIыпIэу 8 къыхахащ. Абы нэмыщI, «Къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ апхуэдэ щIыпIэу иджыри 19 Налшык къалэмрэ республикэм и щIыналъэхэмрэ зыхуей щыхуагъэзэнущ.

Владивосток макIуэ

Мэзкуу къалэм и «Олимпийская деревня-80» спорт ухуэныгъэм иджыблагъэ щекIуэкIащ УФ-м и къалащхьэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ бэнакIуэхэу зи ныбжьыр илъэс 18 иримыкъуахэр.

АнэнэпIэс

Къэхъуа хъыбар

Хывхэр

Хъыбар кIэщI

ПщIантIэ зэв кIыхьым хыв гуп зэкIэлъхьэужьу къыдокI. Фэ Iувыр къызэпхачыну къоныкъуэкъу жыпIэнщ, лъакъуэр зэблахыху тхыцIэм къытридзэ дзажэ зэкIэрыблэр щыплъагъукIэ.

Iуащхьэжьхэм я щэхухэр

Сыкъыщыхъуа Зольскэ жылэм и Iуащхьэжьхэм (курганхэр) сызэрысабийрэ сыдахьэхыу щытащ. Ахэр, инхэри цIыкIухэри, къуажэм удэту плъагъурт, Iуащхьи 10 хуэдизи хъурт.

Мэзыр хьэуа къабзэм и «къэгъэхъуапIэщ»

Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм «Экологие» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ республикэм и мэзхэм ящыщу гектари 117-м жыгыщIэ цIыкIухэр щагъэтIысынущ, жылэхэр щыхащIэнущ.

ГъавэщIэм телажьэу

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, 2024 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым бжьыхьэсэм ирагъэубыдащ гектар мин 70,6-рэ. Нэгъабэ диIам елъытауэ ар проценти 102-рэ мэхъу. Абы щыщу гъавэм хухахащ гектар мин 65-р, рапсым гектар мин 51-р, Iэщым щхъуантIэу ирагъэшхыну къэкIыгъэхэм - гектар 0,5-р.

Жылапхъэу къагъэсэбэпахэр ди къэралым къыщагъэкIащ, республикэм и щIыналъэхэм я щIым и щытыкIэм теухуауэ зэхадзауэ щытащ. Бжьыхьэсэр щрагъэкIуэкIым щIыгъэпшэрхэр ирикъуу дыхалъхьащ.

ТIэщIэхуа дуней еплъыкIэм и лъэужь

Шумер-аккад пасэрей тхыгъэхэм куэдрэ уащрохьэлIэ «Адапэ» псалъэм. Адыгэбзэми санскритми абы зы мыхьэнэщ щиIэр: япэрей, псори къызытехъукIыжа адэ. Зи гугъу тщIы тхыгъэхэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, Адапэр хуэм-хуэмурэ Адэм хъуащ. Адыгэбзэми санскритми зэхуэдэу увыпIэрэ мыхьэнэрэ щаIэщ «хьэ» псалъэмрэ, «уа/уэ»-мрэ. А тIур зы псалъэу къыщупсэлъкIэ, дунейм, гъащIэм, фIэщхъуныгъэм, философием купщIэ яхуэхъу цIэ кIэщI – Хьэуа – къагъэщI.

КъэкIуэнур зейхэм я зэхуэс

Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым интеллект IэрыщIымрэ робототехникэмрэ ятеухуа зэхуэс гъэщIэгъуэн иджыблагъэ щекIуэкIащ.

Адэм и уэсятыр гъуэгугъэлъагъуэ хуэхъуат

Мы тхыгъэр зытеухуа, РСФСР-м егъэджэныгъэмкIэ и отличник, Джэрмэншык къуажэм щIыхь зиIэ и цIыху, пщIэ зиIэ егъэджакIуэ ЛIуп Нурхьэлий 1932 гъэм жэпуэгъуэм и 27-м Джэрмэншык къыщалъхуащ. И сабиигъуэр къэралыр гугъуехьышхуэ щыхэт зэманым техуащ. Хэку зауэшхуэр зэрыщIидзэу, къуажэ Советым и тхьэмадэу лажьэ и адэ Данил къулыкъур къигъанэри, занщIэу зэуапIэм кIуащ…

НОБЭ

Мазаем и 8, махуэку

♦Урысей щIэныгъэм и махуэщ

♦Урысейм и дзэ топографым и махуэщ

♦1905 гъэм Урысейм щыяпэу къызэIуахащ журналистхэр щрагъаджэ курсхэр. Ахэр къызэригъэпэщат профессор Владимиров Леонид.

♦1994 гъэм КъБР-м «Газета Юга» газетым и япэ номерыр къыщыдэкIащ.

♦1917 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ артист, УФ-м щIыхь зиIэ и артист, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтым и лауреат Болэ Мурат.