Календарь событий

09 февраля 2024

Iулъхьэмрэ къапхъэнымрэ

 Шыгъу зышхар псы йофэж, жаIэ. Ар пэжщ, ауэ Iуэхур а псыр дыдж дыдэу къызэрыщIэкIынурщ. Апхуэдэщ Iулъхьэри. Абы дихьэхар увыIэжыфыркъым теунэхъуэху, уеблэмэ и кIуэдыр къикIыху.
 А мыгъуагъэм и бий бэнэныгъэр щрагъэкIуэкI зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыжыф  къэрал псоми. Ар языныкъуэхэм щынэхъ ткIийщ, адрейхэм щынэхъ щабэщ - тетыгъуэр зейхэр зэрыбгъэдыхьэм елъытащ.

Iуащхьэмахуэ и псысэ

Дунейр псыкIэ щикъутэжым щыгъуэ, Нухь бегъымбарым и кхъухьыр гъуни нэзи зимыIэж хы гущIыIум къытенауэ щытащ. Зэман зыбжанэкIэ псым тетащ ар. Кавказ къурш екIуэкIхэр зэлъигъэIэсащ, Iуащхьэмахуэ жьэхэуэху. АдкIэ Нухь бегъымбарым и кхъухьыр мыкIуэжыф хъуащ, икIи Нухь Iуащхьэмахуэм табущхьэщэщкIэ елъэIуу щIидзащ къуршым щхьэдигъэхыу адэкIэ иутIыпщыну. АрщхьэкIэ Iуащхьэмахуэ ауи идакъым. ИтIанэ пщIэншэу лъаIуэурэ еша Нухь бегъымбарым жиIащ:

ЗэфIэкI лъагэ зыбгъэдэлъа еджагъэшхуэ

Мы гъэм илъэс 25-рэ мэхъури, ди къэралым щагъэлъапIэ Урысей щIэныгъэм и махуэр. Иужьрей илъэс зыбжанэм РАН-м и лэжьыгъэм хуабжьу зиужьащ. Абы и Президиумым епхауэ мэлажьэ щIэныгъэ къэхутэныгъэхэм хэлъ Iуэху къиинхэмкIэ щIэныгъэ совет зыбжанэ. Апхуэдэхэщ гидрофизикэм, дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным, хьэршым епха советхэр, дунейпсо щэнхабзэ щIэиныр, тенджызхэмрэ хыхэмрэ, Арктикэмрэ Антарктикэмрэ джыным хуэунэтIа къэхутэныгъэхэмкIэ советхэр, нэгъуэщIхэри. Къэралым и щIыпIэ куэдым зыщаужьащ РАН-м и щIыналъэ къудамэхэми.

ЩIыIуб нэфым и гъуэ

Дызыхиубыдэ къэщIыгъэ абрагъуэу «Вселеннэ» зыфIащар арами, абы хуагъадэ адрей нэрымылъагъухэр арами, къэухь иныщэу иIэу зыхужаIэр цIыху къарукIэ зэлъэгъэIэсыным зэману текIуэдэнур дызэрыщымыгугъауэ мащIэ дыдэ щIынымкIэ хьэршым къыщахута Iэмалхэм я нэхъ пажэу астрофизикхэм мы зэманым къызэдалъытар «кротовая нора» («щIыIуб нэфым и гъуэ» е «хьэмбылу зэпрыщыпIэ») цIэр зытрагъэIукIа къэщIыгъэ телъыджэрщ. 
 «Мащэ хужькIи» йоджэ

ЦIыхубз щIалэжь

гушыIэ
ЕплIанэ Iыхьэ  
5
Сыт Хьэрф хуэдэу географием делэ ихъукI егъэджакIуэр зыщIэбэгынкIи хъунур? Пэжщ! Езым хуэщIэр зыгуэрым иригъэщIэным. Iущыцэ сабиижкъым, щIэныгъэм и ней щыхуащ. Ауэ борш щыхуэгъавэкIэ, еджэкIэ иримыгъэщIэфыну пIэрэ? И цIэр тхыгъэм кIэщIэту илъагъуну щыфIэфIкIэ, и цIэ-унэцIэр пэжу щыхуэтхыжкIэ (хьа-хьа-хьа), зы псалъэуха-псалъэухаитI, е абзац-абзацитI, хуэмурэ тхыгъэ-тхыгъитI еджэуи пхуегъэсэнущ! 

Араши каратэмкIэ зэпоуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, «Урысейр спорт къэралыгъуэщ» къыхуеджэныгъэм щIэту иджыблагъэ Саратов къалэм щекIуэкIащ «Федерацэм и Кубокыр» араши каратэмкIэ (арашидо) къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэхэм я спортсмену 200-м щIигъу, ди республикэм икIа зэуакIуэ 19 яхэту. 

НОБЭ

Мазаем и 9, мэрем
Дзэ дохутырым и дунейпсо махуэщ
Урысейм и Граждан авиацэм и махуэщ
1951 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Иуан Анатолэ.
1953    гъэм къалъхуащ Европэм дзюдомкIэ и чемпион хъуа, XXII Олимп джэгухэм домбеякъ медаль къыщызыхьа, УФ-м щIыхь зиIэ и гъэсакIуэ Емыжь Iэрамбий.
Дунейм и щытыкIэнур