Календарь событий

10 февраля 2024

ЩIалэгъуалэ мелуани 10-м нэблагъэ хэтщ

«Пушкиным и картэ» программэр зэрырагъажьэрэ ар къагъэсэбэпу къащэхуа билетым и бжыгъэр мелуан 53-м щIигъуащ. Абы теухуауэ УФ-м щэнхабзэмкIэ и министр Любимовэ Ольгэ иджыблагъэ къыщыпсэлъащ «Урысей» гъэлъэгъуэныгъэ-зэхыхьэм ипкъ иткIэ ирагъэкIуэкIа «КъэкIуэнум хэлъхьэныгъэ хуэзыщIыр щэнхабзэрщ» зэIущIэм. 

Дыщэ медалым нэсахэкъым

Владикавказ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ КИФЩI-м и щIыналъэхэм бэнэкIэ хуитымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. «Wrestlers of KBR» телеграм-каналым къызэритамкIэ, Осетие Ищхъэрэ – Аланием и къалащхьэм щызэпеуахэщ Кавказ Ищхъэрэм и бэнакIуэ ныбжьыщIэу 280-м щIигъу.

НОБЭ

Мазаем и  10, щэбэт
УФ-м щагъэлъапIэ дипломатие IэнатIэм и лэжьакIуэм и махуэр
1883 гъэм къалъхуащ Кавказ Ищхъэрэ совет республикэм и гъэзэщIакIуэ комитет нэхъыщхьэм и унафэщIу щыта Куэцэ Пщымахуэ.
1890 гъэм къалъхуащ узэщIакIуэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактору щыта, «Адыгэбзэ» тхылъыр зэхэзылъхьа Хъуран Батий.
1917 гъэм къалъхуащ УФ-м и цIыхубэ артист Сонэ Мухьэрбий.

ЕджакIуэхэм яIущIащ

Экстремизмэмрэ терроризмэмрэ епха щIэпхъаджагъэхэр къэмыгъэхъуным, абыхэм япэщIэтыным теухуа Iуэхугъуэхэр щызэпкърах, упщIэхэм жэуап щрат зэIущIэ Шэрэдж щIыналъэм ит, курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

Республикэм щыпашэхэр

Налшык къалэм и «Спартак» стадионым иджыблагъэ щекIуэкIащ КъБР-м дзюдомкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ республикэм и щIыналъэ псоми я лIыкIуэхэу зи ныбжьыр илъэс 23-рэ иримыкъуа спортсмену I00-м нэблагъэ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм хэIущIыIу ищIащ абы кърикIуахэр. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм щытекIуащ Пщыбий Амир, Жэмыхъуэ Марат, Ало Мухьэмэд, ТекIужь Астемыр, Абазэ Астемыр, Быф Идар, Мурзэбэч Iиляс сымэ.

ЛЪЭУЖЬ УЗЫНШЭ

 Къэбэрдей-Балъкъэрыр къызэрызэрагъэпэщрэ республикэм зыужьыныгъэшхуэ зэригъуэтар дэтхэнэ зы балигъми ещIэ. Уеблэмэ класс нэхъыжьыIуэхэм кIуэ школакIуэхэри абы щыгъуазэщ. Псом хуэмыдэу ди щIыналъэм лъэбакъуэшхуэ щичащ мэкъумэшым, промышленностым, культурэм, щIэныгъэ Iуэхум пыщIа IэнатIэхэм. Совет Союз псом щызэлъащIысат ди нартыхугъэкIхэм я ехъулIэныгъэр, республикэм хьэщIэшхуэ къэкIуамэ, яшэрт Аргудан къуажэми? Тэрчокъуэ Къамболэт зи унафэщI колхозым и лэжьэкIэр зыхуэдэм щыгъуазэ ящIырт.

Пщым я пщыж Инал Нэху

Адыгэ лъэпкъым и тхыдэм хэткъым лIыхъужь икIи пщышхуэ Инал нэхъ цIэрыIуэрэ пщIэ зыхуащIрэ. Абы къехъулIащ адыгэщIхэр къэрал ищIу лъэпкъыр зэкъуигъэувэну.
Инал щыпсэуамрэ и тепщэныгъэмрэ хуэпхь хъунущ 15-нэ лIэщIыгъуэм и пэхэм. Пщышхуэм теухуа тхыгъэхэм уащыхэплъэкIэ, къыбохутэ ар къызытехъукIар адыгэ-мамлюкхэм, Мысырымрэ Щамымрэ тепщэныгъэ щызыIыгъахэм, зэращыщыр. 

Си гъуэгугъэлъагъуэ

Мы махуэхэм илъэс 70 ирикъуащ ди республикэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм зи цIэр фIыкIэ щыIуауэ щыта журналист Iэзэ, унафэщI IэкIуэлъакIуэ, УФ-м, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Къардэн Мухьэмэд Мучэзир и къуэр къызэралъхурэ. ИлъэсиплIи дэкIыжащ а цIыху щыпкъэр дунейм зэрехыжрэ.

Бзэр псалъэ зырызурэ зэхэтщ

Иужьрей лIэщIыгъуэрэ ныкъуэм къриубыдэу хамэбзэхэм къыхэкIа псалъэу адыгэбзэм къыхыхьам хуэдиз ар мы дунейм зэрытетрэ къыхэхъуагъэнкъым. Дауи, абы езым и щхьэусыгъуэхэр иIэжщ: дунейм технологие и лъэныкъуэкIэ хуабжьу зеужьри, бзэр абы лъэщIыхьэркъым икIи хамэбзэхэм гъащIэм щаIэ тепщэныгъэр нэхъ лъэрызехьэщ адыгэбзэм иIыгъ увыпIэм нэхъри, абыхэм я лэжьыгъэм къыхалъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм пэмылъэщу, ахэр зэрыщыту къищтэн хуей мэхъу.