|
Календарь событий
13 февраля 2024
13 февраля, 2024 - 18:39
Тэрч районым хыхьэ Дей жылэмрэ Прохладнэ щIыналъэм и Красносельскэ къуажэмрэ амбулаторэщIэхэр щаухуэнущ «ЦIыхухэм япэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэ щрат IуэхущIапIэхэр къэгъэщIэрэщIэжын» программэмкIэ. А IуэхущIапIэхэм иджыпсту я Iуэху зыIутым нэхъ гъунэгъуу зыщигъэгъуэзэну, ухуэныгъэщIэхэр щащIыну щIыпIэхэр зригъэлъагъуну жылагъуитIми щыIащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам.
13 февраля, 2024 - 17:09
Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Къулъкъужын Ипщэм и курыт еджапIэ №2-м иджыблагъэ щекIуэкIащ «Тхылъ псэу» тхылъаджэхэм я клубым и зи чэзу зэIущIэ. Иджырей пшыхьыр траухуат урысей тхакIуэ цIэрыIуэ Пушкин Александр и «Пиковая дама» (Цыхубз фIыцIэ) IэдакъэщIэкIым.
ЕгъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ зэхаша зэIущIэр щIэщыгъуэу, гъэщIэгъуэну икIи удихьэхыу екIуэкIащ икIи ахэр зыщIэса пэшыр Пушкин Александр и таурыхъхэм къытращIыкIа сурэтхэмкIэ ягъэщIэрэщIат.
13 февраля, 2024 - 16:57
«Лескенская газета»-м и «Лэскэн акъужь» напэкIуэцIым иджыблагъэ къытехуа «Щхьэ лъэныкъуэм и хъыбарым» сэ хуабжьу сыщыгуфIыкIащ! Абы куэдым сригъэгупсысащ, а псом кърикIуэуи газетеджэхэм лъэIукIэ зыфхуэзгъэзэнут. Аращ нэхъыбэу си IэдакъэщIэкI тхыгъэр зытеухуар.
13 февраля, 2024 - 16:12
Мы гъэм илъэси 100 ирокъу Шапошниковым и цIэр зезыхьэ, щIыуэпс биосферэмкIэ Кавказ къэрал мэзкъуэдыр къызэрызэрагъэпэщрэ.
РСФСР-м и Совнаркомым и унафэкIэ 1924 гъэм зи лъабжьэр ягъэтIылъа а IуэхущIапIэр хуэунэтIат КъухьэпIэ Кавказым фIэкIа нэгъуэщI щIыпIэ узыщримыхьэлIэ икIи щIэныгъэ-къэхутэныгъэ мыхьэнэ ин зиIэ бгылъэ мэзхэмрэ абыхэм щыпсэу псэущхьэхэмрэ хъумэным. 1979 гъэм а мэзкъуэдыр хабжащ ЮНЕСКО-м и нэIэм щIэт дунейпсо щIыуэпс щIэинхэм.
13 февраля, 2024 - 15:55
(лъэпкъ IуэрыIуатэм ипкъ иткIэ)
«...Дунейкъутэж щыхъум, бжьитI - бжьэпщымрэ бжьапцIэмрэ - Мерисэ и Iэгъуапэм зыщагъэпщкIури зыраудыгъуащ. Псори сабырыжу зэтес хъужа нэужь, ахэр зэщIэвууэ къилъэтыжахэщ. Мис абыхэм къатехъукIыжащ нобэр къыздэсым адыгэм бжьэуэ дгъэхъур».
13 февраля, 2024 - 15:00
КъухьэпIэ Кавказымрэ Абхъазымрэ я бгылъэ щIыпIэхэм куэду ущрохьэлIэ мывэ джей пIащIэхэм къыхэщIыкIа испы унэхэм (дольменхэм). Ахэр я щIэинщ пасэрей адыгэ-абхъаз лъэпкъыу илъэс мини 5 ипэкIэ псэуахэм.
Япэ дыдэу щIэныгъэлIхэм испы унэхэр хы ФIыцIэ Iуфэрщ къыщагъуэтар. Абы занщIэу гулъытэшхуэ хуащIащ икIи къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ щIэныгъэрылажьэхэм яджыну хуежьащ. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэмэ, Кавказыр сыт щыгъуи я плъапIэт хамэ къэрал щIэныгъэлIхэмрэ дунеяплъэ къэзыкIухьхэмрэ, нэгъуэщI щIыпIэ щумылъагъуну телъыджэ куэд а щIыналъэм ущыIущIэну къалъытэрти.
13 февраля, 2024 - 12:29
«Псым хуэдэу уаулъагъу»!» жаIэ. Абы къокI а ткIуаткIуэм нэхърэ нэхъыщхьэ мы дунейм зэрыщымыIэр. Хьэршым и планетэхэм гъащIэ къыщыщалъыхъуэкIэ псом япэ ирагъэщри псырщ - ар къэтмэ, адрей къомым мыхьэнэ гуэри яIэкъым.
Дызэрыщыгъуазэщи, дыкъэзыухъуреихь ЩIым и нэхъыбэр хыхэм щIагъэнащ, ауэ абыхэм яхэткъым цIыхум езым и щхьэкIэ къигъэсэбэфынухэр. А щхьэусыгъуэм къыхэкIыу зэфэ псыр иджыпстуи зэпэубыда мэхъу. Псалъэм и хьэтыркIэ, Китайр щыщэхуэн хуей мэхъу Байкал гуэл абрагъуэм. Апхуэдэ щапхъэхэри закъуэтIакъуэкъым. Апхуэдэу щыщыткIэ, зэгъэзэхуэн хуейщ.
13 февраля, 2024 - 11:18
Бакулев А. Н. и цIэр зезыхьэ, Гу-лъынтхуэ узыфэхэмкIэ щIэныгъэ центрым и IэщIагъэлIхэр Налшык къалэм щыIащ икIи сымаджэхэм я щытыкIэр къапщытащ. КIэлъыплъыныгъэм кърикIуам ипкъ иткIэ, дохутырхэм адэкIэ яубзыху абы игъуэтын хуей Iэзэгъуэр зыхуэдэр, кардио-хирургие дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэхэр езы центрым ягъакIуэ.
13 февраля, 2024 - 11:18
Къэбэрдей-Балъкъэрым иужьрей илъэситхум лъэпкъ пэхуэщIэхэр гъэзэщIэным сом мелард 48-м щIигъу щыхухахащ. Апхуэдэ бжыгъэхэр иджыблагъэ къигъэлъэгъуащ КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм.
Лъэпкъ пэхуэщIэхэр гъэзэщIэным трагъэкIуэдэну КъБР-м хухаха сом мелард 48,4-м щыщу меларди 7-м щIигъур щIыналъэ бюджетым къыхэкIащ.
13 февраля, 2024 - 10:01
Нартыхур къагъэкI илъэс мин бжыгъэ хъуауэ. Абы къыхэкIыу, ар тхыдэ щIэину къэплъытэ хъунущ. Псори десащ нартыхур гъуэжьу е хужьу щытын хуейуэ. АтIэ лIэужьыгъуэ гъэщIэгъуэнщ «Glass Gem» - «Абджыпс хьэдзэ» жыхуаIэр. Абы «лэгъупыкъу нартыхукIэ» еджэуи урихьэлIэнущ. ЛIэужьыгъуэ гъэщIэгъуэныр къигъэкIыныр гугъу ехьу зэригъэхъулIащ Америкэм щыщ фермер, жыггъэкI Барнс Карл. КъэкIыгъэм и пIалъэ зыщIэ куэдым яIущIэурэ, ягъэкIыу щыта нартыху лIэужьыгъуэхэм, ахэм зэрелэжьу щытам и Iэмалхэм зыщигъэгъуэзащ.
13 февраля, 2024 - 07:46
Мазаем и 13, гъубж
Радиом и дунейпсо махуэщ
1908 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, политик, Къэбэрдей АССР-м и Министрхэм я Советым и УнафэщIу 1951 - 1957 гъэхэм щыта Лъостэн Чэлимэт.
1945 гъэм къалъхуащ сурэтыщI, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Гъыдэ Валерэ.
|