Календарь событий

14 февраля 2024

Мы мазэр къэхъукъащIэхэмкIэ бейт

1958 гъэм мазаем и 1-м Америкэ Штат Зэгуэтхэм хьэршым ягъэлъэтауэ щытащ щIым и спутник IэрыщIыр. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, ахэр дуней псом щыетIуанэ хъуащ. Япэ дыдэу спутник зыгъэлъэтар СССР-ращ.
«Эксплорер-1» спутникыр килограмм 13,6-рэ хъурт. Абы ракетэ кIуэцIым, щIыбым щыщыIэ температурэр къэзыпщытэ Iэмэпсымэ хэтт, микрофон хагъэуват микрометеорхэр къызэрыжьэхэуэр итхын щхьэкIэ.
ЩIэныгъэлI Ван Аллен Джеймс къигупсыса а Iэмэпсымэр килограмми 5 хъурт. А IэмалымкIэ хьэршым щыщыIэ щытыкIэр щIым щыIэхэм къалъэIэсырт. 

Адыгэбзэм и пщIэр къэзыIэт

Дызэрыт зэман гугъум гу щIыIэ дищIа е еджэхэм нэхърэ зытххэр нэхъыбэ хъуауэ дызэхэзэрыхьыжу ара, сытми куэдрэ къохъу усакIуэ нэсым и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъым хуэфащэ гулъытэ щимыгъуэт. Апхуэдэ гупсысэхэр си гум къагъэкIащ усакIуэ Сонэ Абдулчэрим «Iэгу-махуэ IэщI-жэщ» зыфIища и тхылъым аргуэру зэ набдзэгубдзаплъэу сыкъеджэжа нэужь.

Дыгъэм дисыжыну, хьэмэрэ уэшхым дилъэсыну?

Иужьрей илъэсхэм щIыуэпсым хьэдэгъуэдахэу зыкъызридзэкIри, зэрыщымытауэ зыкъыдигъэлъэгъуащ: Москва зэтезыкъута борэнхэр, гъэмахуэкум Мурманск щIэзыхъума уэсыр, машинэхэмрэ унащхьэхэмрэ зэхэзыкъута уэр, къалэхэмрэ къуажэхэмрэ зылъэса уэшх зэпымыухэр, Алтай щIыналъэм къыщепща жьышхуэхэр, Америкэм и зы щIыналъэ псо зысыжа мафIэсыр, щIы щхьэфэр щIыпIэ-щIыпIэкIэ зэгуэзытхъа щIыхъейхэр… ЦIыху цIыкIур игъэгужьеят щIыуэпсым къыщекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм. Уеблэмэ языныкъуэ щIэныгъэлIхэм хуагъэфащэрт «дуней къутэжыгъуэр» къэблэгъауэ. 

НэгъэцIу Хьэсэнбий и лIыгъэр

Мазаем и 15-р Урысей Федерацэм щагъэуващ я къалэн ягъэзащIэу нэгъуэщI къэралхэм щыхэкIуэда зауэлIхэм я фэеплъ махуэу. Хэкур хъумэнымкIэ я пщэрылъ къалэныр къызыхуэтыншэу, я къаруи, я зэфIэкIи, уеблэмэ я гъащIи щымысхьу зыгъэзэщIа щIалэхэм ящыщ куэдым я къуэпсыр Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщежьат. А къалэн мытыншыр къызыхуэтыншэу зыгъэзащIэхэм, щхьэхуитыныгъэм зи псэр щIэзытахэм я фэеплъхэр мыкIуэдыжынщ. А щIалэхэм зэрахьа лIыгъэм и инагъыр псом хуэмыдэжу зыхыбощIэ мы лъэхъэнэм, ди къэралым гъунэгъу щIыналъэм дзэ Iуэхугъуэ хэхахэр щыщригъэкIуэкI зэманым. 

НОБЭ

Мазаем и 14, бэрэжьей
ЗэгуэкIуахэм я дунейпсо махуэщ
Тхылъхэр саугъэт щIыным и дунейпсо махуэщ
1932 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, 1997 - 2000 гъэхэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу щыта Акъбащ Борис.
1951 гъэм къалъхуащ КъБР-м промышленностымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, политик Атэлыкъ Анатолэ.

Бжыгъэхэм къагъэлъагъуэ

Урысей Федерацэм Къэрал статистикэмкIэ и управленэу Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм щыIэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2023 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм продукцэу къыщIагъэкIащ сом мелард 89,5-рэ я уасэ, ар проценти 10,1-кIэ нэхъыбэщ 2022 гъэм и иджы хуэдэ зэманым щыIа бжыгъэхэм нэхърэ. 

Литературэр фIыуэ зылъагъухэм я зэпеуэ

Налшык къалэм дэт Къэрал концер гъэлъэгъуапIэм «Псалъэр гум щынэскIэ…» фIэщыгъэ дахэр зиIэ хэгъэгупсо литературэ зэпеуэм и бжьыгъуэ зэфIэхьыр щекIуэкIащ.

ЦIыхухэм зыIэщIалъхьэ

(Табыхъу Хьэзрит щIыуэпсымрэ псэущхьэхэмрэ ятриухуа и тхыгъэхэм щыщщ) 

Куэд щIащ псэущхьэхэм я гъащIэр цIыхухэм я IэмыщIэ зэрыралъхьэжрэ, яукIынуми яшхынуми хуиту. Зыр и фэм, цы дахэ зэрытетым щхьэкIэ, адрейхэр я лыр зэрыIэфIым къыхэкIыу, нэгъуэщIхэр - зэран хъу хуэдэу е цIыху гъащIэмкIэ шынагъуагъэ къашэу къызэралъытэм папщIэ.