Календарь событий

19 февраля 2024

Кавказ Ищхъэрэм бжьыпэр щиIыгъщ

Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ щIыналъэхэм я мэкъумэш IэнатIэхэм 2023 гъэм и щIышылэ - дыгъэгъазэ мазэхэм я лэжьыгъэм кърикIуахэр зэхалъхьэжу къата бжыгъэхэр дызыщыгуфIыкIынщ - Къэбэрдей-Балъкъэрым бжьыпэр иубыдащ.

Iэщрэ джэдкъазу иIэм хохъуэ

Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, 2024 гъэм щIышылэм и 1-м ирихьэлIэу Iэщ лIэужьыгъуэу, джэдкъазу республикэм иIэм къыхэхъуащ икIи 2023 гъэм и апхуэдэ зэманым щыIа бжыгъэхэм нэхърэ нэхъыбэщ. 
Псалъэм къыдэкIуэу, дызэрыт илъэсым и япэ махуэхэм Iэщышхуэм я бжыгъэр мин 277,3-рэ хъуащ, ипэ ита илъэсым зэрыщытам проценти 101,6-кIэ хуэкIуэу. Абы щыщу жэму мини 146,3-рэ (проценти 4,7-кIэ хэхъуащ) яIэщ. Мэлымрэ бжэнымрэ я щхьэ бжыгъэр процент 14,3-кIэ хэхъуащ, джэдкъазым проценти 10,8-кIэ. 

КIэртIофри яхуэбэгъуат

Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, ди республикэм и мэкъумэш, уней, я щхьэ хуэлэжьэж IуэхущIапIэхэм, унагъуэхэм псоми зэхэту 2023 гъэм кърахьэлIэжащ кIэртIоф тонн мини 154,6-рэ, е 2022 гъэм щыIа бжыгъэхэм проценти 101,1-кIэ хуэкIуэу. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым илъэс къэс гектар мини 7-м щIигъу кIэртIофым щыхухах. Илъэс блэкIам кIэртIофу ику иту гектар къэс центнер 212,2-рэ къытрахащ. 

Илъэс 35-рэ ирикъуащ

Совет Союзым и дзэхэр Афганистаным къызэрырашыжрэ илъэс 35-рэ зэрырикъур, къэралым и щIыналъэ псоми хуэдэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэлъапIэ, мыхьэнэшхуэ зиIэ жылагъуэ-политикэ Iуэхуу къалъытэу. Абы теухуа пэкIу щекIуэкIащ Афган зауэм хэкIуэда ди лъахэгъухэм я фэеплъу Налшык къалэм и Дэшхуей хадэм итым деж. 
А махуэм мемориалым деж щызэхуэсат КъБР-м и Парламентым и депутатхэр, КъБР-м и Правительствэм хэтхэр, Налшык къалэ администрацэм, КъБР-м и дзэ комиссариатым, жылагъуэ ветеран IэнатIэхэм, дин IуэхущIапIэхэм, КъБР-м и щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр. 

«Тхьэшырыпхъухэмрэ бзаджэнаджэхэмрэ»

Романым щыщ пычыгъуэ

Пасэу къапщIэмэ…

ЦIыхур нэхъыбэу зэрылIыкI узыфэхэм я деж етIуанэ увыпIэр щиIыгъщ лышхым. Дуней псор зыщыщтэ уз шынагъуэм илъэс къэс цIыху мелуани 8-м нэблагъэ йолIыкI. Къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, нэхъыбэу абы ихьыр зи ныбжь хэкIуэтахэрщ, илъэс 60 - 70-м итхэрщ. Апхуэдэу щытми, кIуэ пэтми узыфэ бзаджэм зыIэщIилъхьэ щIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ я бжыгъэми хохъуэ. Медицинэ щIэныгъэлIхэм илъэс бжыгъэкIэрэ ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм я фIыгъэкIэ абы и Iэзэгъуэ зэхуэмыдэхэр къагъэнэхуащ, а лэжьыгъэм адэкIи къыпащэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж зэпеуэм зегъэужьыным щIэгъэкъуэн хуэхъунымкIэ щыIэ Советым хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 7-м къыдигъэкIа Указ №163-УГ-м щIэгъэбыдам зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

 Урысей Федерацэм и сенатор-Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым къыбгъэдэкI лIыкIуэ Ульбашев М.М. 2023 гъэм и бжьыхьэ сессием зэфIигъэкIа лэжьыгъэм теухуауэ жиIахэм я IуэхукIэ
 

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

 

АдыгэлI нэсу псэуа щIэныгъэлI

 Адыгэ лъэпкъыр дымащIэми, дызэрыгушхуэ хъун цIыху хьэлэмэтхэмкIэ къулейуэ дыкъекIуэкIащ. 

ЩIым и бзэ лъахэбзэ

«ЩIыпIэцIэхэр фэеплъщ ахэр къыщызэтена щIыналъэхэр зи хэщIапIэу щыта лъэпкъхэм я дежкIэ», - щитхыгъащ географие щIэныгъэхэм я доктор Мурзаев Эдуард «Географие в названиях» и тхылъ купщIафIэм и напэкIуэцIхэм ящыщ зым.

НОБЭ

Мазаем и 19, блыщхьэ

Джейхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ
1954 гъэм
СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэкIэ Кърым областыр РСФСР-м хагъэкIри, Украинэм иратащ.
1949 гъэм къалъхуащ адыгэ макъамэдж Къардэн Юлие.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, Налшык уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градуси 5, жэщым градус 1 - 2 щыхъунущ.