Календарь событий

20 февраля 2024

ГъуэгуфIхэм къахохъуэ

Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Шэджэм ЕтIуанэ къуажэмрэ «Шэджэм цIыкIу» хьэблэмрэ я зэхуакум дэлъ, километри 3,5-рэ зи кIыхьагъ автомобиль гъуэгур иджырей мардэм къитIасэу зэрагъэпэщыжынущ. Р-217 федерал гъуэгум къыщыщIедзэри, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым и кIыхьагъкIэ ирокIуэ ар.

Хьэтагъ и мэз

Лэскэн псыхъуэм удэкIауэ Алагир ущыкIуэкIэ, Суадаг къуажэм пэмыжыжьэу мэз хъурей цIыкIу ухуозэ. Осетинхэр абы Хьэтагъ и мэзкIэ йоджэ. Нэхъапэм Хьэтагъ и мэзым апхуэдиз пщIэ хуащIырти, жыг дэнэ къэна, зы къудамэ щыпаупщIыртэкъым. Абы къыщынэртэкъым: Хьэтагъ и мэзым щIэс хьэкIэкхъуэкIэхэми ещакIуэртэкъым. Сыт абы Хьэтагъ и мэзкIэ щIеджэри апхуэдиз пщIэ щыхуащIри?

Адыгэ тхыдэм теухуа къэхутэныгъэшхуэ

Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэ Щэнхабзэ фондым пшыхь гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ «Тхылъ еджэ Налшык» пэхуэщIэм хыхьэу. Ар теухуат тхылъищу зэхэту Куэтэншы СулътIан иджыблагъэ къыдигъэкIа «Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я тхыдэм».
ЗэIущIэр къызэIузыха, Щэнхабзэ фондым и унафэщI Мэкъуауэ Люазэ къызэхуэсахэм фIыщIэ яхуищIа нэужь, тхыдэ зэужьыр «Принт-Центр» тхылъ тедзапIэм къызэрыщыдэкIар, адыгэхэм ижь лъэхъэнэ лъандэрэ къакIуа щыIэныгъэр къызэщIэзыубыдэ къэхутэныгъэ гъэщIэгъуэну зэрыщытыр, щIэныгъэм и зы лъэбакъуэшхуэу ар къызэрылъытапхъэр и псалъэм къыщыхигъэщащ.

И ныбжьми, жылагъуэм щиубыд увыпIэми емылъытауэ

Узыншагъэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэр зыгъэгузавэ узыфэ зэрыцIалэ зыбжанэ щыIэщ. Абыхэм ящыщщ дуней псор зэлъэзыщIыса СПИД узыфэр. Абы илIыкIхэмрэ ар зыпкърытхэмрэ я бжыгъэм кIуэ пэтми зэрыхэхъуэр къыщыпщIэкIэ, а узыфэ зэрыцIалэм жылагъуэм хэщIыныгъэшхуэ иритынкIэ шынагъуэ зэрыщыIэр къыбгуроIуэ. А узыр къызыхэкIым, абы зэрызиубгъум, къишэ шынагъуэхэр зыхуэдэм, зэрызыщыпхъумэнум тедгъэпсэлъыхьыну зыхуэдгъэзащ СПИД-мрэ узыфэ зэрыцIалэхэмрэ япэщIэтынымкIэ республикэ центрым и поликлиникэ къудамэм и унафэщI Щомахуэ Iэминат. 

НОБЭ

Мазаем и 20, гъубж

Къулей «тхьэмыщкIэхэр»

Унагъуэ Iуэхутхьэбзэхэр щащIэ IэнатIэм хуэарэзы къэгъуэтыгъуейщ. Ар щхьэусыгъуэ зыбжанэм къыхокI. Япэрауэ, псым, газым, электрокъарум я уасэхэм апхуэдизу щIэх-щIэхыурэ захъуэжри, ахэр иджыри къэс къекIуэкIам щытумыгъуэтэж куэдрэ къохъу. ЕтIуанэрауэ, тхылъхэр къыщыпхурагъэхькIэ зэпымыууэ щыуагъэхэр яIэщIокI. Дауи, езыхэм я фейдэ хэлъу. ИтIанэ езы Iуэхутхьэбзэхэр (лэжьыгъэ гуэрхэр ебгъэщIэным) апхуэдизу лъапсейщи, пщымыгъупщэжу зэманкIэ уигу къонэ. Газетхэр куэдрэ тотхыхь апхуэдэ щытыкIэм, депутатхэм хабзэ щхьэхуэхэр къащтэ. Мардэхэр ягъэув, ауэ зыкIи зихъуэжыркъым.

Уи кхъащхьэр дэнэ щыIэ, си адэ?

Зи щхьэм пщIэ хуэзыщIыж дэтхэнэми ищIэн хуейщ къызыхэкIа лъэпкъыр, ицIыхупхъэщ абы и нэхъыжьыфIхэр. Апхуэдэ Iуэхугъуэхэр игъэнэхъапэу дунейм тетащ ди унэкъуэщхэм ящыщ Къардэн Хьэутий Машэ и къуэр. Фельдшер цIэрыIуэу щыта, Аруан районым и «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэ» медицинэ IэнатIэм илъэс куэдкIэ хьэлэлу щылэжьа Къардэным тхылъ куэд щIиджыкIырт къэрал тхыдэм, щалъхуа щIыналъэм, зыщыщ лъэпкъым ятеухуауэ. Езым жиIэжу зэрыщытамкIэ, апхуэдэ куэдым щыгъуазэт и адэ Къардэн Машэ Сэлихь и къуэри и адэ къуэшхэри. Абы теухуат Хьэутий ди газетым къитхауэ щытар.

Я зэфIэкIыр Рузэ щагъэлъэгъуэнущ

Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) КИФЩI-м пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я щIалэгъуалэу 150-м нэблагъэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Пять колец» спорт академием и гъэсэнхэм ящыщу я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Тхьэмокъуэ Элинэ (кг 42-рэ), Iусен Къамболэт (кг 45-рэ), Бицу Къантемыр (кг 63-рэ), Гъубжокъуэ Астемыр (кг 73-рэ) сымэ. 

Ласицкене Марие и текIуэныгъэщIэ

СССР-м щIыхь зиIэ и тренер Алексеев Виктор и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Санкт-Петербург къалэм. Спортсмен цIэрыIуэхэр абы щызэпеуащ атлетикэ псынщIэм хыхьэ лIэужьыгъуэ зыбжанэкIэ. 
Ди гуапэ зэрыхъущи, лъагапIэхэм елъэнымкIэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр къыщихьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсэн Ласицкене Марие. Абы къищта метр 1,91-рэ лъагапIэм щхьэпрылъыфын ар зыхэта гупым къахэкIакъым. ЕтIуанэ хъуа Ермаченковэ Татьянэ елъащ метр 1,89-м, ещанэ увыпIэр зыубыда Кочановэ Марие къыхуэщтар метр 1,87-рэщ. 

Афганистаным щыIахэм я щIыхькIэ

Советыдзэхэр Афганистаным къызэрырашыжрэ илъэс 35-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ иджыблагъэ Налшык къалэм щызэхашат Iэпщэрыбанэ зауэ спорт лIэужьыгъуэмкIэ зэхьэзэхуэ зэIуха. Абы кърихьэлIащ республикэм и щIыналъэ псоми я спортсмен ныбжьыщIэу 120-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 12 - 13, 14 - 15 хъухэу. Я хьэлъагърэ я ныбжьрэ елъытауэ, ахэр щIэбэнащ медаль комплекту 16-м.