Календарь событий

21 февраля 2024

Пощт тхьэрыкъуэ хахуэхэр

Тхьэрыкъуэ пощтыр цIыхухэм хъыбар зэрызэIэпахыу щыта пасэрей дыдэ Iэмалщ. Ар Пасэрей Мысырым къыщагъэсэбэпырт Нил къыщиуахэм деж цIыхухэм хъыбар ирагъэщIэн щхьэкIэ. Пасэрей Алыджым къыщысэбэпырт Олимп джэгухэм щытекIуахэм я цIэхэр кърырагъащIэу.

Ауэ псом нэхъыбэу тхьэрыкъуэхэр сэбэп щыхъуар зауэхэрщ. Бзухэм письмохэр штабхэм нагъэсырт, уеблэмэ щхьэхуэу абы хуэщIа Iэмэпсымэ якIэрыщIауэ тIасхъэщIэх яутIыпщырт.

Япэ тхьэрыкъуэ гъуэгур Франджым къыщызэIуахауэ щытащ 1870 гъэм. Франджы-пруссие зауэм щыгъуэ абы бийр зыдыхьа Парижрэ Тур къалэмрэ зэпищIэрт.

Термометрыр къутамэ…

ЦIыхур сымаджэ хъуа нэужь и Iэпкълъэпкъым и пщтырагъыр къызэрапщ термометрыр (градусникыр) къутэмэ, абы ит джынасур (ртуть) зэбгрож. Абы къыхиху гъуэзыр хуабжьу щхъухь гуащIэщ, уз зэхуэмыдэхэр хэпхынкIэ шынагъуэу. Аращи, асыхьэту зэщIэкъуэжын хуейщ. Дауэ?

Джынасур унэ лъэгум зэхуаку иIэмэ донэ, алэрыбгъум хопщIэ, ткIуэпс цIыкIу зыбжанэу зэкIэщIожри, зэхуэпхьэсыжыну гугъу мэхъу. 

ГъащIэ теплъэгъуэхэр

Зэныбжьэгъухэр

         Темболэт къулыкъущIэшхуэт. Ахъмэт лэжьакIуэшхуэт. Зэманымрэ илъэсхэмрэ зэпэIэщIэ ящIа иужькIи, я псэкIэ зэпэгъунэгъуу къэнат. ТIуми я гум ихуртэкъым зы хьэблэжь къызэрыщалъхуар. Быбэ мыгъуэм и шатэ щIэгъэпщтхьар зыIурыбзэежу зэрызэдашхари тIуми я тэмакъым IэфIу телъу нобэми къащыхъурт…

         Темболэт къалэм икIыжу я къуажэ дыхьэжмэ, и машинэр япэу зрихулIэр Ахъмэт и унэрт. Iэджи ягу къагъэкIыжу уэршэрырт, зэдэгушыIэрт а тIур. Я псэми зигъэпсэхурт. Ауэ цIыхум ягъэщIэгъуэн ямыухыу жаIэрт:

Абрэдж Залымхъан и хъыбар

Пащтыхьым Кавказым щригъэкIуэкIыу щыта политикэр ямыдэу лъэпкъ куэдым я лIыкIуэхэр пасэм щыгъуэ абрэджу ежьэжу, пащтыхьымрэ абы и IуэхутхьэбзащIэ генералхэмрэ я бийуэ къэуву щытащ. 

СпортымкIэ министрхэм я зэхуэс

 

Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ федеральнэ округхэм, Урысейм щIэуэ къыхыхьэжа щIыналъэхэм физкультурэмрэ спортымрэ зыщегъэужьыным теухуа къалэнхэр иджыблагъэ щызэпкърахащ Шэшэным и къалащхьэ Грознэм щызэхаша зэIущIэм. Ар иригъэкIуэкIащ УФ-м спортымкIэ и министрым и къудзэ Байсултанов Одес. ЗэIущIэм и лэжьыгъэхэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам.

Уфа медаль пщыкIуз кърах

Башкирием и щыхьэр Уфа зэраухуэрэ илъэс 450-рэ зэрырикъур ягъэлъапIэу иджыблагъэ а къалэм щекIуэкIащ каратэмкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэ 31-м я спортсмен 1500-м щIигъу.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр яIэту зэпеуэм хэтащ цIыху 21-рэ.
Я хьэлъагъ елъытауэ щызэуа гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ  Блий Изабеллэ, Байсиев СулътIан, Блий Эмир, Къущхьэ Инал, КIэбышэ Ислъам сымэ.

Къэзанш Артуррэ Бежан Идаррэ етIуанэ хъуащ. Ещанэ увыпIэр яубыдащ Глашев Мухьэмэд, Сидакъ Имран, Глашев Муслим, Сыжажэ Дамир сымэ.

Туризмэм гулъытэ хэха егъуэт

Къэралым и туризмэм зегъэужьыным хуэгъэпса, зэрыхудачых хабзэм тету щIыхуэхэр а IэнатIэм щылажьэхэм зэрырат къэрал программэм сом зы мелард дызэрыт илъэсым дыщIагъужынущ. Апхуэдэ унафэм иджыблагъэ Iэ тридзащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил.

НОБЭ

Мазаем и 21, бэрэжьей

         Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэщ

         Экскурсиер езыгъэкIуэкIым и дунейпсо махуэщ

         1819 гъэм Санкт-Петербург къэрал университетыр къызэIуахащ.

         1920 гъэм Урысейр электрификацэ щIынымкIэ и къэрал комиссэр (ГОЭЛРО) къызэрагъэпэщащ.

         1922 гъэм къалъхуащ шапсыгъ тхакIуэ цIэрыIуэ Лохвицкий Михаил (Аджыкъу-Джэрий).