Календарь событий

22 февраля 2024

Гаджетхэр анэдэлъхубзэм къыхуэбгъэсэбэпыфынущ

Зэманым декIуу, абы щIэуэ къыхыхьэхэр лъэпкъым, къэралым, цIыхубэм къахуэбгъсэбэпу упсэунымкIэ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэфIэкIым куэд елъытащ. Ахэращ дунейм хэзагъэри, щIэуэ къежьэр къэзыпхъуатэри, зи щхьэ щхьэпэ хуэзыщIэжыфри. ЛIышэ Нарт къыщалъхуари къыщыхъуари Иорданиеращ. Кавказ зауэжьым и лъэхъэнэм зи хэку зрагъэбгына мухьэжырхэм я щIэблэ щIалэм зэрыцIыкIурэ и мурадщ хэкум зэ нэхъ мыхъуми къэкIуэну, къехъулIэмэ, щыпсэуну къэIэпхъуэжыпэну. Абы и адэр адыгэщ, и анэр убыхщ. Адыгэ унагъуэм къыщыхъуа сабийхэр IуэрыIуатэм, адыгэ хабзэм щIапIыкIати, къызыхэкIам хуэфащэу гъащIэм хэуващ.

Спортым и мастер хъуащ

УФ-м ДзюдомкIэ и федерацэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, Екатеринбург къалэм щекIуэкIащ дзюдомкIэ «А» классым хыхьэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. «ДзюдомкIэ уардэунэ» спорт комплексым махуитIкIэ щызэхэта зэIущIэр Совет Союзым и ЛIыхъужь, тIасхьэщIэх цIэрыIуэ Кузнецов Николай и фэеплъу щытащ икIи абы кърихьэлIащ къэралым и щIыналъэ 24-м я бэнакIуэу 250-м нэблагъэ.

Дзюдоистхэр зохьэзохуэ

СССР-м дзюдо, самбэ спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ и мастер, Къэрэшей-Шэрджэсым щIыхь зиIэ и тренер Мелекаев Сифар и саугъэтыр къэхьыным хуэунэтIауэ щIыналъэхэм дзюдомкIэ я зэхьэзэхуэ зэIуха иджыблагъэ Карачаевск къалэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ илъэс 21-рэ зи ныбжьхэу къэралым и щIыналъи 8-м я бэнакIуи 130-м нэблагъэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу спортсменибгъум я зэфIэкIыр къыщагъэлъэгъуащ а зэпеуэм. Абыхэм ящыщу килограмм 73-м щыбанэ Къущхьэ Тамерлан зыхэта гупым къытекIуэн къахэкIакъым икIи дыщэ медалыр къихьащ. Беслъэней Идар килорамми 100 хъухэм я деж ещанэ щыхъуащ.

Туристхэр къыдахьэх

«Туризмэмрэ хьэщIагъэм пыщIа Iуэхугъуэхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэу зэфIагъэкIынухэм къыхуаутIыпща мылъкум щыщкIэ Iуащхьэмахуэ лъапэм щыIэ Тегенекли къуажэм иджыблагъэ щагъэуващ псынщIэу зэпкърыплъхьэ-зэпкърыпхыж хъуу унэхэм хуэдэу плIы.

Лъэпкъым теухуа гупсысэхэр

Сыхуейт къыхэзгъэщыну хамэ щIыпIэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм сыт хуэдиз гугъуехь ятемылъами, я хабзэр, я бзэр нобэр къыздэсым зэрахъумэфар. Абазэ Сэруэт и IэдакъэщIэкIхэм я нэхъыфIщ «Ибн-Аммар» повестыр, «ГъащIэ и гъащIэж», «Нил Iут чэщанэ» романхэр.

1959 гъэм абы Каир къыщыдигъэкIащ къуажэ гъащIэм тепсэлъыхь «Махуэхэм защыдзей» романыр.

УнэIут псалъэм къикIа зекIуэ

Ди IуэрыIуатэм хъыбар гъэщIэгъуэн хэтщ къэбэрдейхэм я тхыдэм щыщ зы Iыхьэ цIыкIу къигъэлъэгъуэжу. Зэреджэри «Къэбэрдейхэм цеипхъэжь джанэр зэрызыщахам и хъыбарщ». А зэманым Тэлъостэней щIыжаIэ Жанхъуэт и къуэ Талъостэн и пщыгъуэт. Ар Беслъэн пцIапцIэ ипэкIэ пщы нэхъыжьу тетат.

Хэкум щыхуэзэшым дыщэидэ ищIырт

Къэбэрдеипщ Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ пIащIэртэкъым Грозный Иван щхьэгъусэ хуэхъуну. Зэрыхуэмейр гуригъэIуэну щIэхъуэпсырти, хъыджэбзаплъэ пащтыхьым деж щашэну махуэм дыщэ IуданэкIэ хэдыкIа бостей шакъафэр щитIэгъэным и пIэкIэ къащхъуафэ зыхэлъыр къыхихат. Къапщтэмэ, ар абыи зыкIи нэхъ фагъуэ щIэхъукIыртэкъым.

ЦIыхухэр сакъыну къыхураджэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Оперативнэ штабыр республикэм  щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ йохъуэхъу  Хэкум и хъумакIуэм и махуэмкIэ икIи ахэр къыхуреджэ сакъыну, терроризмэм зыщыхъумэнымкIэ  хабзэхэр ягъэзэщIэну:  
– щытыкIэ къызэрымыкIуэхэр, дыкъэзыухъуреихьхэм я дежкIэ шынагъуэ къэзышэнкIэ хъунухэр къэвмыгъэхъу; 
– автотранспортыр абы хухэха щIыпIэхэм деж щывгъэув;  

Илъэси 100 ирикъуащ

Тхыгъэ фэеплъ куэд зимыIэ лъэпкъхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ яIэщ япэу дунейм къытехьа къыдэкIыгъэхэм. Абыхэм я лъапIэныгъэр зэпхар япэу къызэрыдэкIам и закъуэкъым, атIэ зэфIэувэу хуежьа литературэщIэм ича лъэбакъуэхэм я инагъыр къэгъэлъэгъуэнымкIэ, я фIагъыр къыщIэгъэщынымкIэ, гупсысэкIэмрэ лъэпкъ щIэжымрэ зиужьынымкIэ ябгъэдэлъ къарур къызэрагъэлъэгъуэфымкIи пщIэшхуэ яIэщ.

Зи усыгъэр щыгъэу зэрылъэлъ

Къэбэрдей-Балъкъэрым, Урысей Федерацэм, хамэ хэгъуэгу куэдми щыцIэрыIуэ усакIуэшхуэ Къэшэж Иннэ псэужатэмэ, мы мазэм илъэс 80 ирикъунут. Иннэ Москва къыщалъхуами, и адэ Инал ди къуажэгъут, езыри апхуэдизкIэ гурэ псэкIэ ди къуажэм къыкIэрыпщIауэ щытащи, дыдей дыдэу фIэкIа зэи тлъытакъым, илъэс бжыгъэ дахэ ирикъухукIи абы теухуа пшыхьхэр едгъэкIуэкIащ. Апхуэдэ Iуэху дахэ екIуэкIащ иджыблагъи.

Гъыбзэжьхэм уащIэдэIумэ…

ЩIыхь зыпылъ гъуэгуанэ кIыхь къикIуащ адыгэ лъэпкъым. Абы и тхыдэм уриплъэжмэ, наIуэ пщохъу ар тыншу зэрыщымытар. Гугъуехь Iэджэ къызэринэкIащ, зауэ-банэ куэдым къыхэкIащ ар. Сыт хуэдэ щытыкIэ къимыхутами, и пщIэр хригъэутакъым, и щхьэхуитыныгъэр лъэгущIыхь яхуищIакъым. Ауэ сыт хуэдэ уасэкIэ…

НОБЭ

Мазаем и 22, махуэку

♦ЩIэпхъаджагъэ зыкIэлъызэрахьа цIыхухэм защIэгъэкъуэным и дунейпсо махуэщ

♦1942 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Щауэ Мухьэмэд.

♦1954 гъэм къалъхуащ КъБР-м и Парламентым и депутату щыта, Къэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэш хозяйствэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Щоджэн Мартин.