Ди къэралым и къалащхьэм иджыблагъэ щекIуэкIащ пауэрлифтингымкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэ, «ЩIымахуэ Мэзкуу» фIащауэ. Абы хэтащ Урысейм и спортсмен 300-м нэблагъэ.
КърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь, зэпеуэм и абсолютнэ чемпион цIэр къыфIащащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэ Вэрокъуэ СулътIан. IэпщэкIэ абы къиIэта килограмм 92,5-рэ зи хьэлъагъ штангэм и хьэрхуэрэгъухэр пэлъэщакъым икIи дунейпсо классымкIэ спортым и мастер цIэр къыхуагъэфэщащ.
Ди щIалэр зыгъасэр Хьэщпакъ Мусарэ Гъубж БетIалрэщ.