|
Календарь событий
26 февраля 2024
26 февраля, 2024 - 18:13
Муниципалитетхэр къыщызэхикIухьым, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щыгъуазэ зищIащ республикэм щекIуэкI ухуэныгъэ нэхъ инхэм хабжэ, автомобиль куэд щызэблэкI «Шэджэм 2 - Булунгу» гъуэгум ухуэныгъэхэр зэрыщекIуэкIым.
26 февраля, 2024 - 17:30
«Кубаным и Кубокыр» киокусинкаймкIэ къэхьыным хуэунэтIа урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Краснодар къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ щIалэ, хъыджэбз 350-м щIигъу, къэралым и щIыналъэ 21-м къикIауэ.
26 февраля, 2024 - 17:00
Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм иджыблагъэ щекIуэкIащ сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ дзюдомкIэ я щIыналъэ зэхьэзэхуэ. Къэралым и щIыналъэ 11-м къикIауэ хъыджэбз, щIалэ цIыкIу миным щIигъу щIэбэнащ «Налшык» спорт комплексым и саугъэтым.
26 февраля, 2024 - 16:30
ЦIыхум и гъащIэр иригъэтыншыну Iэмэпсымэ куэд къигъэщIащ. Псалъэм папщIэ, зэманыр зэрыпибжыкI Iэмалхэр. Пасэрейм япэ щIыкIэ гъэр зэманкIэ игуэшащ, зы зэманыр мазэ бжыгъэкIэ, мазэр махуэ бжыгъэкIэ, икIэм-икIэжым, махуэр сыхьэт бжыгъэкIэ игуэшыжри, зэманыр къызэрилъытэ Iэпщэ, блын сыхьэтхэр къигупсысыжащ.
26 февраля, 2024 - 15:30
«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм (проектым) и фIыгъэкIэ 2024 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыпIэ-щIыпIэкIэ гъуэгухэр щызэрагъэпэщыжыным щыпащэ.
26 февраля, 2024 - 15:06
Зэманыр псынщIэу макIуэри, илъэсхэр къэгъэнауэ, мазэ къэс ди гъащIэм щIэ гуэрхэр къыхелъхьэ. Апхуэдэщ дызыхэт мазаери. ИкIи ар къазэрыщхьэщыкIри, мы гъэм махуэ 29-рэ зэрикIыхьагъым и закъуэкъым.
Нэхъапэхэм зэи щымыIауэ зэуэ цIыху куэдым (гуп зэмылIэжьыгъуэхэу 40-м щIигъум) ахъшэу (пособиехэу, компенсацэхэу) яIэрыхьэм хущIагъунущ. Зэрыхагъэхъуэнури проценти 7,4-кIэщ. Статистикэм къитахэм ятепщIыхьмэ, нэгъабэ апхуэдизкIэщ инфляцэм зэрызиIэтар. Абы къокI мы Iуэхур псом япэу яхуэгъэзауэ нэхъ хуэмыщIахэр, лъэрымыхьхэр уасэхэр зэрыдэкIуейм щыхъумэным.
26 февраля, 2024 - 14:45
ЩIыпIэ телъыджэхэмкIэ гъэнщIащ Абхъаз щIыналъэр. Абы и Iыхьэ щанитIыр бгылъэщи, Абхъаз Альпхэр фIащауэ, дуней псом щыцIэрыIуэщ.
26 февраля, 2024 - 14:43
Зэадэзэкъуэ псэурт. ЩIалэм ныбжьэгъу куэд иIэти, пщыхьэщхьэ къэс ешхэ-ефэ ящIырт. Ауэрэ лIыжьым и мылъкур лъащIэм нагъэсащ. «Уи ныбжьэгъухэр къомышэ» жиIэуи и къуэм жриIэфыртэкъым, и жагъуэ имыщIын щхьэкIэ.
26 февраля, 2024 - 12:16
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къулейщ зи цIэр фIыкIэ жаIэ IэщIагъэлIхэмкIэ, щIэныгъэлIхэмкIэ, лэжьакIуэшхуэхэмкIэ. Щоджэн Аслъэнбэч зи гуащIэ и шхыгъуэ ихуэу, и хэкум хуэпэжу, лэжьыгъэм хуэIэкIуэлъакIуэу псэуа цIыху щыпкъэщ, щIэныгъэлI лъэрызехьэщ. Ар 1936 гъэм мэлыжьыхьым и 11-м Тэрч куейм хыхьэ Плановскэ къуажэм къыщалъхуащ. 1954 гъэм абы къиухащ Налшык къалэ дэта республикэ школ интернатыр.
26 февраля, 2024 - 12:00
КъухьэпIэ Кавказым и псы нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ Лабэ. Абы и тIуащIэхэу Лабэшхуэрэ Лабэ ЦIыкIурэ зыдэтхэр щIыпIаплъэхэм къызэрагъэунэхурэ куэд щIащ.
26 февраля, 2024 - 11:53
(Къэхъуа)
Дыгулыбгъуей пощт гъуэгум ипщэкIэ къытесу, ДыгулыбгъуеишхуэкIэ зэджэу щытам щыщу ГъущIапщэ Iумэт жаIэри, зы лIыжь къулей щыIэгъащ, бжьэ и куэду. Сэ ар слъэгъуауэ щытащ 1902 гъэм. А гъэр арат сэ мыдрисэм сыщыщIэтIысхьари. Абы къуитI иIэт сэ сщIэуэ - Ахьмэдрэ Мыхьмудрэ.
26 февраля, 2024 - 11:51
Зэзауэ зэхэт бэнэкIэ спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ ЕсэнтIыгу къалэм щекIуэкIащ. КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, зэпеуэм кърихьэлIащ КИФЩI-м хыхьэ щIыналъэ псоми я спортсменхэр.
26 февраля, 2024 - 11:50
Мазаем и 26, блыщхьэ
♦1940 гъэм къалъхуащ тхакIуэ Щауэ Къалидар.
♦1953 гъэм къалъхуащ адыгэ сурэтыщI, IуэрыIуатэдж, РАХ-м и дипломант, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и художник ГъукIэ Замудин.
♦1965 гъэм къалъхуащ КъБР-м и Парламентым и депутат, Афганистаным щызэуахэм я республикэ зэгухьэныгъэм и унафэщIу щыта, къэрал дамыгъэ лъапIэ зыбжанэ зыхуагъэфэща Тхьэгъэлэдж Тимур.
|