Календарь событий

27 февраля 2024

Ракетэр къызэрагупсысрэ куэд щIащ

Ди зэманым космическэ кхъухьхэр щыIэщ куэду. Абыхэм хьэлъэ кърашэкI, цIыху ису хьэршым мэлъатэ. Щыгъуазэ щIагъуэ щыIэкъым япэу цIыхур хьэршым лъэтэным илъэс 400-кIэ и пэ къихуэу япэрей ракетэ къагупсысауэ зэрыщытам. ЩIэныгъэлIхэм къагъуэтыжащ ракетэм и ухуэныгъэр къыщыгъэлъэгъуа эскиз зэхэгъэувахэр зэрыт пасэрей дыдэ Iэрытх.

Ахэр кIуэ пэтми нэхъ шынагъуэ мэхъу

  Щхъуэжьхэр

КIэух зэхьэзэхуэм макIуэ

Шэшэным и Шали къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм студентхэм самбэмкIэ я зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и бэнакIуэхэр икIи ехъулIэныгъэфIхэр яIэу къагъэзэжащ.

         Соблыр Атмир, КъуэщIысокъуэ Идар, Борий Елдар, Тау Артур, КIуэкIуэ Темырлан сымэ я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм щытекIуащ.

         Апхуэдэ щIыкIэкIи ди щIалэхэм Iэмал ягъуэтащ СССР-м щIыхь зиIэ и тренер Чумаков Евгений и фэеплъу студентхэм папщIэ накъыгъэм и 14 – 17-хэм Ярославль къалэм щрагъэкIуэкIыну урысейпсо зэхьэзэхуэм и кIэух Iыхьэм хэтыну.

Адыгэбзэм зезыгъэузэщIхэр

 

         «Адыгэ псалъэ» газетым и ныбжьыр илъэси 100 щрикъу мы илъэсым абы и лэжьыгъэм щыгъуазэ, къытехуэ тхыгъэхэр зыфIэгъэщIэгъуэн, нэхъри ефIакIуэмэ зи гуапэ цIыху куэдым хъуэхъукIэ зыкъытхуагъазэ. Абыхэм я псалъэр къэдмылъытэу, ди гуапэ мыхъуу къанэркъым, зы махуэм нэхърэ адрейм нэхъыфI дызэрыхъунум, ди IэдакъэщIэкIхэр нэхъ щIэщыгъуэ зэрытщIынум яужь дитщ. Ди къалэнхэм дыпэлъэщрэ ахэр къыдэмыхъулIэрэ жызыIэфынури, зи чэнджэщ къыдэзыхьэлIэфынури ди щIэджыкIакIуэхэращи, ахэр нэхъыбэну, газетыр адыгэ унагъуэ псоми яIэрыхьэну ди хъуэпсапIэщ.

Сумом зыкъыщагъэлъагъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и телеграмм-каналым къызэритамкIэ, Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ КъБР-м сумомкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ. Абы хэтащ республикэм и спортсмени 100-м щIигъу.

Я хьэлъагъ елъытауэ зыкъыщагъэлъэгъуа гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Иуаз Алихъан, Домбырэ Алан, Темыркъан Атмир, Уэрджынокъуэ Алихъан, Джанукуевэ Элинэ, ЛъэнкIэпIашэ Расим, Гъубжокъуэ Ислъам, Токъумакъ Миланэ, Блий Амир, Абей Алихъан, КъуэщIысокъуэ Кристинэ сымэ.

Инджылызырщ къыщежьар

         Урысейм Украинэм щригъэкIуэкI дзэ Iуэху хэхар зыхуэгъэза мурад нэхъыщхьэхэм ящыщщ а къэралым нацизмэм и бжьыр щхьэщыхыныр. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, абы и  Iэужьхэр къощIэрэщIэж, СССР-р я пашэу ЕтIуанэ дунейпсо зауэм щызэхапIытIа пэтми. Зэрытлъагъущи, къуэпсхэр къэнащ. Мыр удз бзаджэм ещхьщ: сыт хуэдизри ираупщIыкIми, щIыпIэ-щIыпIэхэм къыщызэфIоувэж хьэфIанэр зэрагъэтIылъу.

ЗэманыщIэм хуэгъэпса Iуэху еплъыкIэ лъэщхэр

Кавказ Ищхъэрэм и IуэхущIапIэхэу зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ ерыскъыхэкIхэр, хьэпшыпхэр къыщIэзыгъэкIхэр, Урысейм и сату щIапIэ утыкухэм жыджэру зыкъыщызыгъэлъагъуэхэр дэIыгъыным куэдкIэ елъытащ щIыналъэхэм къакIуэ туристхэм я куэдагъым къыхэхъуэныр.

Суздаль къалэм щытокIуэ

 

Урысейм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Суздаль къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ илъэс 16 зи ныбжьхэр - къэралым и щIыналъэ 62-м я бэнакIуэ 600-м щIигъу.

         Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсэнхэм ящыщу зэхьэзэхуэм хэтахэм дыщэ медалищ абы къыщахьащ. Я хьэлъагъ елъытауэ щыбэна гупхэм япэ увыпIэр щаубыдащ ХьэщIэлI Нурдин (кг 35-рэ), Къудей Арсен (кг 73-рэ), Лыфыщ Рустам (кг 62-рэ) сымэ.

         Аджырэ Залым, Нэгъуей Азэмэт, Елъчэпар Мурат, Темырчы Темырлан сымэ абыхэм я гъэсакIуэщ.

Ласицкене Марие нобэ етIуанэщ

 

                   Урысейм атлетикэ псынщIэмкIэ и щIымахуэ чемпионат иджыблагъэ Мэзкуу къалэм щекIуэкIащ. А лIэужьыгъуэмкIэ къэралым щынэхъ лъэщ дыдэхэр щызэхуэсат атлетикэ псынщIэмкIэ ЦСКА-м щхьэ зытелъ и спорт комплексым. Абыхэм яхэтащ дуней псом щыцIэрыIуэ, Олимп джэгухэм я чемпион, Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсэн Ласицкене (Кучинэ) Марие.

ЩIыуэпс хъыбархэр

КIэрыхубжьэрыхухэм теухуауэ, Арктикэм хабзэншагъэ къыщокIуэкI. А щIыпIэм и процент 15-р апхуэдизкIэ яуцIэпIащи, яхуэмыгъэзэкIуэжыным хуэдизу щIыуэпсым егуэуащ. Зэран хъум и зэхуэдитIыр къызыпкърыкIыр Норильск агломерациеращ, адрейр Сыбыр КъухьэпIэм гъэсыныпхъэ къыщыщIэзых IуэхущIапIэхэращ.

Дыхуей дэ апхуэдэ хуитыныгъэ?

 Иджыблагъэ жылагъуэм и Iуэху еплъыкIэхэр къэзыхутэ IэщIагъэлIхэр хущIэкъуащ цензурэм  цIыхухэр зэрыхущытыр зрагъэщIэну. ЗэупщIахэм я Iыхьэ щанэм  къалъытэ ар щыIэххэн хуэмейуэ. Ауэ цIыхухэм я деж нагъэс хъыбархэм мардэхэр хуагъэувыным и телъхьэхэр процент 63-м нызэрыхьэсащ. БлэкIа илъэс 15-м абыхэм я бжыгъэм хэхъуащ (2008 гъэм зэрыхъуу щытар процент 58-рэщ). Абы къигъэлъэгъуащ 1993 гъэм референдумкIэ къащта Урысей Конституцэм и 29-нэ статьям  цIыхухэр  зэрыхущытыр.

«Аненербе» и лъэужьым тету

Илъэс зыбжанэ и пэкIэ Адыгэ Республикэм къыщагъуэтащ щIэныгъэм имыцIыху щхьэкъупщхьитIрэ, «Аненербе» зэгухьэныгъэм и дамыгъэр зытет пхъуантэмрэ. КъэпщытакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, щIэныгъэм къыхуэмыIуатэу ЩIым къыщыхъу гъэщIэгъуэнхэр зыдж зэгухьэныгъэр испы унэхэм къыкIэлъыкIуауэ арат. Языныкъуэхэми жаIэ а щIыналъэм и бгылъэхэм къапкърыкI радиацэр яджыну хуеяуэ.

НОБЭ

Мазаем и 27, гъубж

         Мыщэ хужьым и дунейпсо махуэщ

         Правительствэм и нэIэ щIэмыт зэгухьэныгъэхэм я дунейпсо махуэщ

         Урысейм щытыкIэ хэхам деж къагъэсэбэп и къарухэм я махуэщ

         1945 гъэм Мэсей Аслъэнджэрий «Совет Союзым  и ЛIыхъужь» цIэр къыфIащащ.

         1940 гъэм къалъхуащ шэрджэс сурэтыщI Мэзукъэбз Хьэзрэт.