Календарь событий

28 февраля 2024

Анэ мылъкур зэрыпхъумэнур

Фысакъ

Жьы хъуахэр зэрахъуэкI

Къэбэрдей-Балъкъэрым электрокъару зэрыкIуэ кIапсэу, абыхэм киловатту яIыгъым и куэдагъым емылъытауэ, псори зэхэту километри 153,7-рэ блэкIа илъэсым къриубыдэу зэрихъуэкIащ «Россети Северный Кавказ»-м.

Иджырей мардэхэм хуэщIауэ

Узыншагъэ

Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир и жэрдэмкIэ къыхалъхьа лъэпкъ проетым ипкъ иткIэ, 2023 гъэм республикэм медицинэ IуэхущIапIэу 3 щаухуащ, зы къагъэщIэрэщIэжащ, 2-м зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIащ. 

Ди сабиигъуэм щыщ джэгукIэхэр

Адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадэгъуэгурыкIуэу яIэщ щIэблэм зэрызрагъэужьу, зэрагъасэу щыта Iэмалхэр. Абыхэм ящыщт сабий джэгукIэхэр. 

Теджэнокъуей къуажэ

Повестым щыщщ

Пщыкъан зекIуэ къикIыжащ щIымахуэ пщэдджыжьу. Теджэнокъуей къуажапщэмкIэ зы фочауэ макъ къыщыIуащ, Хуэдз псыхъуэр къигъэпсалъэщ, хьэуа диям ирижэри кIуэдыжащ. Ар къэIуащ уафэгъуагъуэ жыжьэм ещхьу, къуажэдэсхэри мыщхьэусыгъуэншэу къыхэщтыкIащ. ИтIанэ гъуо Хьэнэф-лъашэ уэрамхэр къызэхижыхьащ. И лъакъуэ лъашэмкIэ хэуэу, жэщым къеса уэс Iувым хэнэу, ар кIуэрт икIи и макъ лъэщым къызэрихькIэ гуорт...

Лей едмыхмэ, езым зигъэкъэбзэжынущ

ПсэукIэм зиужьын, цIыхур щыIэн папщIэ, электрокъару, хуабэ, уэздыгъэ хуейщ. КIэрыхубжьэрыхури, псыри, химие пкъыгъуэхэри, дыгъэри, жьыбгъэри къигъэсэбэпурэ, цIыхум а псори дыкъэзыухъуреихь дунейм, щIыуэпсым къыпкърех.

Бенкендорф и гукъэкIыжхэр

Бенкендорф Александр и цIэм «жандармхэм я унафэщI» псалъэ зэпхар тхыдэкIэ кIэрыпщIауэ къокIуэкI. Пащтыхь Александр Езанэм и унафэм щIэта къулыкъущIэр кIэлъыплъу щытащ Пушкин Александр, Лермонтов Михаил сымэ я IэдакъэщIэкIхэм, къытебдзэ хъунумрэ мыхъунумрэ и нэIэ щIэту. 1802 гъэм Бенкендорф пащтыхьым и унафэкIэ Урысейм и Азие, Европэ Iыхьэхэр къызэхикIухьауэ щытащ, генерал Спренгпортен Е. М. и пщэ далъхьа унафэ щэхум гъусэ хуэхъури. Бенкендорф и «ГукъэкIыжхэм» къыхощыж пщы Мысост Рослъэмбэч зэрыхуэзар. 

НОБЭ

Мазаем и 28, бэрэжьей

Куэдрэ узримыхьэлIэ узыфэхэм я дунейпсо махуэщ
ЦIыхур жеиным и дунейпсо махуэщ

1937 гъэм къалъхуащ адыгэ усакIуэ-уэрэдус цIэрыIуэ Къанкъул ФIыцIэ.
1942 гъэм къалъхуащ усакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Сонэ Абдулчэрим.
1955 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Щэрдан Нодар.

Емылыджым хуэдэщ

Политикэм ухыхьэныр шы емылыджым ушэсыным ещхьщ: псынщIэу урихьэжьэнущ, ауэ икIи игъэузуи укъыхифIихуэжынущ. Мыбдеж уанэри сэбэп къыщыпхуэхъужынукъым. Ар уигу къокI зэгуэр цIэрыIуэ хъуауэ щыта къэрал унафэщI куэдым я къекIуэкIыкIамрэ я ухыкIамрэ ущегупсыскIэ. Дэ нобэ и гугъу тщIынущ абыхэм ящыщ де Голль Шарль.