|
Календарь событий
29 февраля 2024
29 февраля, 2024 - 17:58
Бахъсэн районым егугъуу щагъэзащIэ Урысей Федерацэм и «Унагъуэ ныбжьыщIэхэр псэупIэхэмкIэ къызэгъэпэщыныр» къэрал программэр. Абы и щыхьэтщ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур гуфIэгъуэ щытыкIэм иту унагъуэ ныбжьыщIэхэу 6-м ярита сертификатхэр. НаIуэу зэрыщытщи, апхуэдэ тхылъхэм Iэмал къуат фэтэр къызэрыпщэхуну е узыщIэсыну унэ зэрыбухуэну ахъшэ къеIыпхыну.
ЯгъэфIахэр Баксаненкэ, Зеикъуэ, Кыщпэк, Къулъкъужын Ипщэ, Къулъкъужын Ищхъэрэ, Къубэ-Тэбэ къуажэхэм ящыщщ. Абыхэм псори зэхэту сом мелуани 5,5-м щIигъу яIэрыхьащ.
29 февраля, 2024 - 14:36
Тэн Iус Ростов къалэм Лышх узыфэхэмкIэ и щIэныгъэ-медицинэ IуэхущIапIэм мы махуэхэм ирегъэкIуэкI Ипщэ Федеральнэ округымрэ Урысейм и щIыналъэщIэхэмрэ медицинэмкIэ я лэжьакIуэхэм лышх узыфэхэмкIэ я щIэныгъэ щыхагъахъуэ зэIущIэхэр.
Мазаем и 26-м щIидза егъэджэныгъэхэр тхьэмахуитIкIэ екIуэкIыну яубзыхуащ. Лышх узыфэхэр къыщIидзагъащIэу къэхутэнымрэ абыхэм нэхъ хьэлъэ дыдэу хэт лIэужьыгъуэхэмрэ ятеухуауэ онкоцентрым и щIэныгъэлIхэр махуэ къэс лекцэ къахуеджэнущ медицинэм и лэжьакIуэхэм.
29 февраля, 2024 - 14:07
УФ-м и Президент Путин Владимир Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъазэр мы дакъикъэхэм иухащ. Сыт щыгъуи xyэдэу къэрал Iэтащхьэм и къэпсэлъэныгъэм нэхъыщхьэу къыщыхигъэщащ ди зыужьыныгъэр зыхуэдэнур, абы дызэрыхуэкIуэну Iэмалхэмрэ гъуэгухэмрэ. Апхуэдэуи унафэщIхэм, цIыхубэм къапэщылъ къалэнхэм я хэкIыпIэу къилъытэхэр игьэбелджылащ, Правительствэмрэ Парламентымрэ япэ ирагъэщу зэлэжьыпхъэ Iуэхугъуэхэр наIуэ къищIащ.
29 февраля, 2024 - 13:55
«Чегем-Агро» IуэхущIапIэм иджыблагъэ щызэхэтащ мы гъэм япэу къагъэкIа бэдрэжанхэр къыщIэчын зэрыщIадзэм теухуа зэIущIэ. ЦIыхухэм фIыуэ ялъагъу а хадэхэкIыр щыIуахыжынущ гектар 37,6-м.
29 февраля, 2024 - 12:20
Дыкъэзыухъуреихь дунейм дызэрегуэуар дгъэзэкIуэжынымкIэ, щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, зы Iэмал закъуэщ диIэр – экологие гъэсэныгъэ жыхуаIэу апхуэдизу дызыхуэныкъуэ хабзэщIэр щIэблэм яхэлъхьэнырщ. А къалэн хьэлъэр зи пщэ къыдэхуахэм ящыщщ химие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Щауэ Iэбубэчыр.
29 февраля, 2024 - 11:41
УФ-м и Президент Путин Владимир нобэ захуигъэзэнущ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым. Абы хэтынущ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбеки.
«Дызэрыщыгъуазэщи, апхуэдэ зэIущIэхэм Президентыр зытепсэлъыхьыр дэ – къэралыгъуэ лъэпкъыбэм щыпсэухэр – нэхъ дызыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэрщ: хэкум, зэкъуэтыныгъэм, унагъуэм, хабзэхэм, зыужьыныгъэм ехьэлIахэрщ. Къэралыр нэхъри егъэфIэкIуэнымкIэ ди Президентым дыкъуэтщ», - жеIэ КIуэкIуэм.
29 февраля, 2024 - 11:18
Дэ десэжащ Венгриер сыт щыгъуи и щхьэ хуитыжу къызэрыувым. Хэбгъэзыхьмэ, зыхэт Евросоюзым хэт псоми и Iуэху бгъэдыхьэкIэхэм къащхьэщыкIыу. АрщхьэкIэ и тхыдэ гъунэгъум уриплъэжмэ, абы зы телъыджэ гуэри хэлъкъым. Венгриер социалист гупкIэм щисми апхуэдэу щытащ: ар дэтащ, жыпIэнурамэ, социализмэмрэ капитализмэмрэ я зэхуакум. Абы апхуэдэ политикэр къехъулIэрт езым и унафэщI Iущ Кадар Янош и акъылIыфIагъым и фIыгъэкIэ.
29 февраля, 2024 - 11:18
Мазаем и 29, махуэку
Лэжьыгъэ хьэлъэм къыхэкI фэбжьхэр гъэмэщIэным и дунейпсо махуэщ
Бжыгъэр зи лъабжьэ егъэджэныгъэм и махуэщ
НэгъуэщIым и унафэм щIэту лажьэхэм я дунейпсо махуэщ
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 2 - 5, жэщым щIыIэр градуси 4 - 1 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
29 февраля, 2024 - 10:01
Адыгэхэм ди тхыдэм теухуауэ къыдэкI дэтхэнэ къэхутэныгъэри, тхыгъэри, тхылъри лъэпкъым и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ, ди тхыдэр фIыуэ зэрыдмыщIэр къэплъытэмэ. Дызэрыщыгъуазэщи, апхуэдэ тхылъхэр нэхъыбэу къыдэкI щыхъуар 90 гъэхэм щыщIэдзауэщ.
Псалъэм папщIэ, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Бгъэжьнокъуэ Барэсбий, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидатхэу Сокъур Валерэ, Къэжэр Валерэ, Мэрзей Аслъэнбэч, Къармэ Руслан, нэгъуэщIхэми я къалэмыпэ къыщIэкIахэр уасэншэщ. Адыгэ лъэпкъ тхыдэм куууэ хэIэбэфауэ къысщохъу зи цIэ къисIуа щIалэхэр.
29 февраля, 2024 - 09:00
Цадаса Гамзат и цIэр зезыхьэ авар макъамэ-драмэ театрым и унафэщI, тхакIуэ, публицист, «Дагъыстэн» журналым и редактор нэхъыжь Бисавалиев Мухьэмэд аварыбзэр нэхъ махэ зэрыхъуамкIэ анэхэр егъэкъуаншэ. Псалъэмакъышхуэ Дагъыстэным къыщигъэхъейуэ Кавказым хэIущIыIу щыхъуа абы и тхыгъэм ди щIэджыкIакIуэхэри къеджэну ди гуапэт.
|