Календарь событий

03 мая 2024

Спортсмен цIэрыIуэм и фэеплъу

Къэрэшей-Шэрджэсым и Лъэпкъ Зэхуэсым и депутату щыта, самбэмкIэ дуней псом и чемпион Къуныжь Мухьэмэд и фэеплъ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Черкесск къалэм щекIуэкIащ. Ар къызэрыхах зэпеуэу щытащ икIи абы хэтащ Кавказ Ищхъэрэмрэ Урысей Ипщэмрэ я бэнакIуэу 200-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 16-м щIимыгъуауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэкIэ зэхьэзэхуэм щыбэна Къудей Беслъэн килограмм 49-рэ хъухэм я деж дыщэ медаль къыщихьащ. Абы зымащIэкIэ къакIэрыхуащ Джэданэ Къантемыррэ (кг 46-рэ), Къанщауэ Темырланрэ (кг 53-рэ). Абыхэм зэхьэзэхуэм и домбеякъ медалхэр зыIэрагъэхьащ. 

Алим кIэух зэпеуэм хэтынущ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балигъ мыхъуахэр пIалъэкIэ щаIыгъ я центрхэмрэ я лэжьакIуэхэр «И IэщIагъэкIэ нэхъыфI» цIэм щыщIэбэна урысейпсо зэхьэзэхуэм и етIуанэ Iыхьэр.   
Абы хэтащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым къэрал кIуэцI IухухэмкIэ и щIыналъэи 7-м щыщу япэ Iыхьэм щытекIуахэр. 

ЩIыпIэ телъыджэу 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 
ЩIыналъэм иIэщ щIыпIэ телъыджэхэри, лъэпкъхэм я тхыдэр зи напщIэ телъ чэщанэхэри, Iуащхьэхэри, пасэрей жылэхэри. Иджыблагъэ интернетым дыщрихьэлIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэм ящыщу Iэмал имыIэу зэгъэлъагъун хуейуэ «Комсомольская правда» къыдэкIыгъуэм игъэбелджыла ди щIыпIэ дахэу 40-м. 

ЕтIуанэ увыпIэр къахь

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ. Абы хэтащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Щауэ Iэхьед и цIэр зэрихьэу Бахъсэн къалэм дэт спорт еджапIэм и гъэсэнхэр икIи ехъулIэныгъэхэр яIэу къагъэзэжащ.

Гъатхэпежьэ удз гъэгъахэр

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат. ХьэщIапIэрынэр зэрыемыкIур абы ищIэрти, зимыгъэгувэмэ, нэхъыфIу къилъытащ. Гъуэгу техьэжын ипэ Уэсгуащэм мурад ещI мэзым кIуэну. Абы фIэфIт щIэх-щIэхыурэ щIымахуэ мэзым зыщиплъыхьын, уэсбзууплъымрэ цIыжьдадэмрэ я уэрэд жьгъырухэм щIэдэIун. А цIыкIухэм я фIыгъэкIэ щIымахуэ мэзыр даущынши зэшыгъуи Уэсгуащэ къыщыхъуртэкъым. Уаем щымышынэ а бзухэр Уэсгуащэм и ныбжьэгъут.

ЦIЫХУР ЗЫХУЩЫIЭР ЦIЫХУРАЩ

Iустаз Гуащокъуэ Абдулбакъий нэхъыбэм зэрацIыхур дин ущиякIуэущ.  Ауэ ущиякIуэм прозэуи усэуи литературэм и хъугъуэфыгъуэхэм хыубжэфыну зэдзэкIыгъэ къызэрымыкIуэхэр иIэщ. Апхуэдэхэм я зы щапхъэ фи пащхьэ ныдолъхьэ. 
Хъалифэхэм ящыщ гуэрым Мысырым (Египет) усакIуэхэр иригъэблэгъат. Зы щIалэжь, и дамэм кхъуэщын кумбыгъэ тету, псы къригъэхъуэну кIуэрэ пэт, мо усакIуэ гупым яхуозэ. Захегъэпшахъуэри, я гъусэу макIуэ. Къеблэгъахэр хъалифэм егъэлеяуэ къигъэхьэщIэу здэщысхэм, мо лIы щыгъыныджэ бэлэбанэу кхъуэщын кумбыгъэ зыIыгъым тохуэ и нэр. ЙоупщI:

ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!

3-нэ Iыхьэ
Жэщ ныкъуэ хъуат. Хъуами, Зерэ жейкъым, сэри щхьэгъубжэм къыдэплъ мазэм и нур къащхъуэм си нэхэр тедияуэ, сыщылъщ. Сызэгупсысыр зыт – дауэ къела а псом Пэрыс тхьэмыщкIэ. ГъэщIэгъуэнщ ар делэ дыдэ зэрымыхъуар. Сыту сыцIыху гущIэгъуншэ! И нэр исщIу зымахуэ жесIащ, делэщыр нэгъуэщIыпIэкIэщ, жысIэри. ТхьэмыщкIэ!
- НтIэ, сымаджэщым ?
- Мышхэ-емыфэрэ икIи мыжейуэ къанэри, къарууншэ дыдэ хъуати, мэлIапэ щIалэр, жаIэри, и адэ-анэм къыщIагъэгъуэлъхьащ. Иджыри шхэкъым ар, хущхъуэкIэ и гъащIэ махэ хъуар яIыгъыу аращ, - а псалъэхэмкIэ Зерэ жейм хилъэфэжащ. 

Мэрем фIыгъуэм зыхэвмыгъэкIыж

Ислъам щIэныгъэлIышхуэ Гъэзэлий Iэбу Хьэмид «Дин щIэныгъэхэр къэгъэпсэужын» тхылъ цIэрыIуэм щытопсэлъыхь махуэ щхьэхуэхэм къадекIуэкI псапэ нэмэзхэм я щIыкIэр. Абыхэм я щапхъэщ мэрем махуэм хухэхар. 

ЗэгурыIуэнукъым

Франджым и президент Макрон Эммануэль нахуэу жиIащ Атлантикэ ищхъэрэ блокым хэт къэралхэм я зауэлIхэр Украинэм ягъэкIуэн хуейуэ. Ауэ шынагъуэ дыдэ зыпылъ а лъэбакъуэхэр зэкIэ даIыгъакъым. ИтIани нэщэнэ щIагъуэкъым абы тепсэлъыхьу зэрыщIадза къудейр. Ауэ быдэу фIэщ щIыгъуейщ арыншами нэхъри зэкIэщIэкI, зэгурымыIуэж хъу «Европэ зэкъуэтыр» мыбдеж щызэкъуэувэну. Абы хыхьэ къэралхэм езыхэм дзыхь зыхуащIыжыркъым. Псалъэм и хьэтыркIэ, гугъущ франджыхэмрэ инджылызхэмрэ зызэхащIыкIауэ уи нэгу къыщIэбгъэхьэну. Англосакскэм укъызэрамыгъэпэжынур фIыуэ къагуроIуэ нэгъуэщIхэми.

Я нэIэм щIэтынущ

Псы хущхъуэхэр хъумэнымрэ ахэр къыщыщIэж щIыпIэхэр зэIузэпэщ щIынымрэ ехьэлIа лэжьыгъэхэм пащэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм гъэ кIуам унафэ къищтащ цIыхухэм я узыншагъэр егъэфIэкIуэнымкIэ, ди щIыналъэм турист нэхъыбэ къешэлIэнымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Джылы-Су аузыр сыт и лъэныкъуэкIи хъумэным теухуауэ. А щIыпIэм щIыуэпсым (псы къыщIэжыпIэхэм, хьэуам, щIым, мэзхэм) зэран хуэхъу лэжьыгъэ щрагъэкIуэкIынукъым, ихъуреягъыр хъупIэу къагъэсэбэп, Iэщ фермэхэр, псэупIэ унэхэр, кхъэхэр щаухуэ хъунукъым. 

Гъавэ бэвыр я плъапIэщ

Май щIыналъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, -къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ и управленэм. Дызэрыт илъэсым гъатхасэм абы щыхухахынущ гектар 10567-рэ. 
НобэкIэ жылэхэр зыхасар къэдгъэлъагъуэмэ: сэхураныр гектар 410-м, зэнтхъыр – гектари 146-м, хьэр – гектар 350-м, гуэдзыр – гектар 60-м хагъэзэгъащ. Iэщым щхъуантIэу ирагъэшхыну къэкIыгъэхэм гектар 12836-рэ хухахащ.

Куржы фIэщыгъэхэм я тхыдэ лъабжьэхэр

Куржы щIыналъэм щызекIуэ щIыпIэ фIэщыгъэ куэдым я лъабжьэр адыгэбзэм къызэрыщежьам икIи ахэр щызекIуэ Куржым и Iыхьэм адыгэхэр зэрисам топсэлъыхь куржы щIэныгъэлI Джанашиа Симон. 

Балъкъыз Камилэ дыщэ медаль къехь

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ я щIыналъэхэм я командэ 13, спортсменхэм я ныбжьыр илъэс 13 - 15-хэм къриубыдэу. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и хъыджэбз цIыкIухэм я командэм гуп зэпеуэхэм етIуанэ увыпIэр къыщыхуагъэфэщащ. Абы хэтащ Балъкъыз Камилэ, Курдаевэ Элизэ, Мэкъуауэ Даянэ, Созаевэ Софие, Шыбзыхъуэ Сабинэ, Балэ Таисие, Караевэ Александрэ, Разореновэ Дианэ, Подливаевэ Елизаветэ, Чирковэ Виталие сымэ.

НОБЭ

Накъыгъэм и 3, мэрем
Печатыр зыми и унафэ щIэмытыным и дунейпсо махуэщ
Дыгъэм и дунейпсо махуэщ
1957 гъэм КПСС-м и ЦК-мрэ СССР-м и Министрхэм я Советымрэ унафэ къащтащ колхозхэр совхозу зэхъуэкIыным теухуауэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уфауэ щыщытынущ.     Хуабэр махуэм   градус 14 - 16, жэщым градуси 6 щыхъунущ. ЩIым и малъхъэдис щытыкIэм балли 3-кIэ зихъуэжынущ.