|
Календарь событий
13 мая 2024
13 мая, 2024 - 17:30
КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фонд Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэм зэIущIэ щекIуэкIащ, КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэщауэ. Ар теухуауэ щытащ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Ин къызэрыщахьрэ мы гъэм илъэс 79-рэ зэрырикъум. Ар къызэригъэпэщащ.
13 мая, 2024 - 17:27
«Лъэхъуэщ» жаIэмэ, ди къэралым и цIыхухэм, псом хуэмыдэу зи ныбжь хэкIуэтахэм, я нэгу къыщIэувэр Сталин Иосиф СССР-м и унафэщIу щыщытам зэрахьа залымыгъэрщ. Абы куэд тражыIыхьащи, лейуэ дытепсэлъыхьынкъым. АрщхьэкIэ совет лъэхъэнэр зэрыщыту хьэм ебгъэхьынри къезэгъыркъым. Зэгуэр щыIащ тутнакъэщхэр апхуэдизу щымышынэгъуа зэмани. Революцэр мурадыфIхэм хуэгъэпсат. Абыхэм ящыщт цIыхухэр пащтыхь властым и дэкъузэныгъэм къыщIэгъэкIынри. Псом хуэмыдэу лъэхъуэщхэм лей къащытемыгъэхьэнри. Псори зытращIыхьыр а хуитыныгъэхэр ягъэтIысахэми ялъэIэсынырт.
13 мая, 2024 - 15:21
Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Мамырыгъэм и жьэгур Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм и бзыпхъэщ» зыфIаща V щIыналъэ зэхуэсыр. Ар теухуат къаугъэ къыхэмыкIыу, псалъэкIэ щытыкIэ гугъухэр зэрызэблагъэкI щIыкIэхэм щIалэгъуалэр хуэущииным, дипломатие хабзэхэр, политикэ дунейм и мызакъуэу, гъащIэми цIыхухэр зэгурызыгъаIуэ IэмалыфIу зэрыщыщытым фIэщхъуныгъэ хуегъэщIыным.
13 мая, 2024 - 12:10
5-нэ Iыхьэ.
Сэри сыкъэщтащи, адэкIэ къэхъунум сышынапэурэ сыпоплъэ.
- Ар уэ уи къуэнша…
13 мая, 2024 - 12:04
1830 гъэм Гъазий Мухьэмэд Дагъыстэн псом и Iимаму хахащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым абы адыгэхэр къыхуриджащ зэгъусэу пащтыхьыдзэм пэщIэувэну. Иджыри къэс лъэпкъ къэс зэрыхузэфIэкIыу и щIы кIапэр ихъумэну хэтамэ, Гъазий Мухьэммэд къиIэтар ислъам диным и нып удзыфэрт, абы и хабзэхэмкIэ Кавказыр урыс зэрыпхъуакIуэ политикэм пэщIэувэным къыхузэщIигъэсту.
13 мая, 2024 - 11:24
Болэтей къуажэм щыщу Хэку зауэшхуэм цIыху 240-рэ хэтащ, 26-р офицеру. Мы жылэм икIа цIыху 26-м Сталинград деж щызэуа 115-нэ шууей дивизэм хэту лIыгъэ зэрахьащ. Я цIэ къиIуапхъэщ Къардэнхэ Сэхьидрэ Хьэмидрэ, Хьэгъур Тырку сымэ.
13 мая, 2024 - 11:20
Хэку зауэшхуэр зэриухрэ зэман куэд дэкIами, псалъэкIэ пхуэмыIуэтэнщ абы щыгъуэм цIыхухэм гузэвэгъуэрэ гугъуехьу ягъэвар. 1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа зауэм зэи мыкIуэдыжын лъэужь къигъэнащ.
Нэмыцэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ къыдыхьэрт, кхъухьлъатэхэр гъуахъуэу къыщхьэщагъэхьэт, лагъымхэр къытрагъэщащэрт.
13 мая, 2024 - 11:06
Накъыгъэм и 13, блыщхьэ
♦УФ-м и Тенджыз ФIыцIэ флотым и махуэщ
♦1913 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Гъубж Мухьэдин.
♦1924 гъэм къалъхуащ Урысейм и ЛIыхъужь Къардэн Уэхьид.
♦1939 гъэм къалъхуащ УФ-м пщIэ зиIэ и ухуакIуэ, УФ-м пщIэ зиIэ и гъуэгуухуэ, «Мостстрой» ОО-м и генеральнэ директору лэжьа Джэрыджэ Къанщобий.
|