|
Календарь событий
15 мая 2024
15 мая, 2024 - 17:22
Урысейм бэнэкIэ хуитымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Шэшэным и Грознэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэ куэдым я спортсмен лъэщу 500-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 21-м щIимыгъуауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр ихъумэу зэхьэзэхуэм хэта Джыджий Темырлан килограмм 92-рэ хъухэм я деж домбеякъ медалыр къыщихьащ, абы щIэбэну къыпэщIэта, Дагъыстэным и бэнакIуэ Гаджибатыров Гаджимурад хигъащIэри.
15 мая, 2024 - 17:01
А фIэщыгъэм щIэт V ЩIалэгъуалэ фестивалыр Налшык и НыбжьыщIэ театрым къыщызэIуахащ накъыгъэм и 11-м. «Эстафета памяти» Iуэхум хыхьэ а зэхыхьэр траухуащ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщахьрэ илъэс 79-рэ, Севастополь къалэмрэ Кърым Республикэмрэ нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIахыжу щхьэхуит къызэращIыжрэ илъэс 80 зэрырикъумрэ.
15 мая, 2024 - 16:22
Уахэ жыжьэм къраутIыпщыкIыу, акъыл зиIэ гуэрхэм ди деж къагъэсынкIэ хъуну радио-хысыджхэр (сигналхэр) къэубыдыным хузэхагъэува проектым хыхьэу, Австралием ЩIэныгъэхэмкIэ и къэрал зэгухьэныгъэм (CSIRO) хэтхэм зэпкъралъхьауэ щыта MWA (Murchison Widefield Array) радиотелескоп лъэрызехьэмкIэ астрономхэм къаплъыхьащ Парус (Жьыхь) «цIуугъэнэ» гуэрэн абрагъуэм лъэныкъуэкIэ къыщыт и Iэгъуэблагъэм хыхьэ вагъуэ мелуани 10-м нэблагъэр.
15 мая, 2024 - 16:00
Бахъсэн къалэм хыхьэ «Джэдыкъуэ Плъыжь» шы спорт комплексым щIыналъэхэм я зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щекIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ дуней псом и япэ космонавт Гагарин Юрий и Кубокыр къэхьыным икIи гъуэгуанэ зэхуэмыдэхэр нэхъ псынщIэу зэпычынымкIэ абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 11-м, Белоруссием я шууейуэ 100-м нэблагъэ.
15 мая, 2024 - 15:58
Хэку зауэшхуэм хэтахэм я фэеплъхэм екIуалIэ гъуэгухэр дызэрыт илъэсым зэIузэпэщ щащIынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым. Абыхэм ящыщщ Налшык къалэм 2-нэ Таманскэ дивизием и цIэр зезыхьэ и уэрамыр, ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 45-рэ щрикъум ягъэува фэеплъым хуэкIуэ «ЩIалэгъуалэ» уэрам дыхьэпIэр.
15 мая, 2024 - 15:11
Алыджым и Луртаки къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Европэм грэпплинг бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ къэрал куэдым я бэнакIуэ 200-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 14 – 15 хъухэу.
15 мая, 2024 - 15:10
Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр. АбыкIэ унафэ къыщащтауэ щытар ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм и зэIущIэу Бразилием и къалэ нэхъ инхэм ящыщ Рио-де-Жанейрэ 1992 гъэм щызэхашар арат.
Мы Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэхэм зыхуагъэувыжауэ щыта къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ экологие щэнхабзэм зегъэужьынымрэ дыкъэзыухъуреихь дунейм и щытыкIэм цIыхухэр щыгъуазэ щIынымрэ.
15 мая, 2024 - 15:00
Ди щIыналъэм и щIыпIэ телъыджэхэр къэхутэнымрэ ахэр щIэрыщIэу цIыхубэм я пащхьэм илъхьэнымрэ илъэс куэд хъуауэ телажьэ, я творческэ лэжьыгъэ купщIафIэхэм пэкIуэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща Котляровхэ Мариерэ Викторрэ иджыблагъэ къыдагъэкIащ «Куэд къыбжезыIэ Къэбэрдей-Балъкъэр» зыфIаща тхылъыр. Ар «Ди щIыуэпсым и теплъэ» фIэщыгъэм щIэту 2011 гъэм щыщIэдзауэ 2019 гъэм нэсыху къыдагъэкIахэм я е 9-нэ Iыхьэщ.
15 мая, 2024 - 15:00
Налшык Хъураным и цIэр зезыхьэ и уэрамым телъа асфальтыр (Дэшхуей хадэм нэсыху) мэлыжьыхьым и пэщIэдзэхэм трагъэкъэбзыкIри, щIэуэ асфальтыр зэрытралъхьэным хуэдэу ягъэхьэзырауэ щытщ. Мы махуэхэм щIадзауэ абы и сэмэгурабгъу лъэс зекIуапIэр зыхуей хуагъазэ: кърашэлIа техникэхэмкIэ асфальтыр трахащ, лъащIэр зэтес ящIащ.
15 мая, 2024 - 13:39
Сыт хуэдэ лъэхъэнэми дэтхэнэ къэралми и зэIузэпэщагъэр къалъытэ абы и унагъуэ къызэрыгуэкIым иIэ псэукIэм и лъагагъымкIэ, абы исхэр зыхуей-зыхуэфIхэр ягъуэту гъащIэм зэрыхэтыфымкIэ. Ар хъумэным къэралым гулъытэ лей хуригъэщIын папщIэ, ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм I989 гъэм къыхилъхьауэ щытащ Унагъуэм и дунейпсо илъэс гъэувын хуейуэ. А Iуэхум ехьэлIа я гупсысэхэр зэгухьэныгъэм къыщыхалъхьэри, дунейм и къэрал псоми я унафэщIхэм унагъуэм пщIэ, гулъытэ хэха хуригъэщIын папщIэ, ООН-м 1993 гъэм нэхъ куууэ къиIэтауэ щытащ унагъуэм и Iуэхур.
15 мая, 2024 - 13:00
Урысейм Тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м и колоние №3-м и лэжьакIуэхэр ТекIуэныгъэм и махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ фронтым Iута Хочуев Магомед.
Илъэси 100 гъащIэ къэзыкIуа ветераным хьэщIэхэр гуапэу иригъэблэгъащ. Десантник нэсыр Хэку Зауэшхуэм пхыкIащ. Зауэм здыIутым абы и лъакъуэм уIэгъэ игъуэтат, арщхьэкIэ л1ыгъэ зыхэлъ Бэчмырзэ и къуэ Магомед Хэкур бийм щыхъумэным пищащ.
15 мая, 2024 - 12:44
6-нэ Iыхьэ
Си щIыфэм щIыIэу зыгуэр ирижэри, си щхьэфэцыр уащ. Си Iупэр пIэжьажьэрт, си жьэпкъыпэр пыкIэзызыхьырт, си тэмакъми тыкъырышхуэ гуэр тенам хуэдэу, узырт, щикъузыкIырт. ЖысIэнури сызэгупсысынури пшагъуэм щIихъума хуэдэт.
|