|
Календарь событий
16 мая 2024
16 мая, 2024 - 19:35
ТекIуэныгъэр илъэс 79-рэ щрикъум ирихьэлIэу ди хэгъэгум щекIуэкIа Iуэхугъуэхэм жыджэру хэтащ къэрал къулыкъущIэхэр, щIыпIэхэм унафэ щызезыхьэ унафэщIхэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъ скъарым деж щыIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.
16 мая, 2024 - 18:33
Бахъсэн къалэм щызэхэт «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэм» и узэщIакIуэ Къарэ Ратмир къыхилъхьа жэрдэмкIэ Бахъсэн къалэм и зыгъэпсэхупIэ паркым щыхасащ нэхъ дахэ дыдэхэм хабжэ сакурэ жыгхэр.
16 мая, 2024 - 17:30
«УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жраIащ Ингуш уэрамым ирикIуэу бохъшэ къызэрагъуэтар.
16 мая, 2024 - 16:28
Мазаем и 28-м илъэси 140-рэ ирикъуащ адыгэ лъэпкъым къыхэкIа, тырку литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа тхакIуэхэм яз Сейфеддин (Хьэткъуэ) Умар.
Адыгэ мухьэжырхэм къатепщIыкIа, Хьэткъуэхэ ящыщ, зи адэ Шэукъий дзэм хэта Умар дунейм къыщытехьар Генен къалэрщ. 1896 гъэм Умар къиухащ Iэщ дохутырхэр щагъэхьэзыр еджапIэр, 1903 гъэм – юнкерхэр къыщIэзыгъэкIыр къиухыжри, япэщIыкIэ Смирнэ къалэм, иужькIэ - Македонием и гъунапкъэм деж щыт дзэхэм къулыкъу щищIащ.
16 мая, 2024 - 15:24
1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ. Ар куэдым ящIэркъым, ауэ Ананенкэ Алексей, Беспалов Валерий, Баранов Борис сымэ реактор жьэражьэм и лабжьэм ехри, Европэ псом щыпсэу цIыху мелуан бжыгъэхэр кърагъэлащ.
16 мая, 2024 - 14:22
Зыкъом щIауэ сигу илът куэдым я гукъеуэ зы Iуэхугъуэ сытетхыхьыну. Ар зытеухуар спорт джэгукIэ лIэужьыгъуэхэм бжьыпэр щызыIыгъ футболырщ. Абы и лъэныкъуэкIэ псом ящхьэ мэхъу СССР къэралыгъуэр къутэжа нэужь, абы дихьэхыу еплъхэм я бжыгъэр мащIэ зэрыхъуар, япэм щыгъуэ командэ уардэу щытахэр зэрыщымыIэжыр е ахэр Урысей чемпионатым и етIуанэ, ещанэ лигэхэм зэрыщыджэгур.
16 мая, 2024 - 13:19
Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта Шэрджэс Алий. А цIыху емызэшыжым итхыжахэм къыхэтхыжащ мыбдежым къыщытхьри…
16 мая, 2024 - 12:16
ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэр, къэралым и дэнэ щIыпIэми хуэдэу, Налшык къалэми Iэтауэ щагъэлъэпIащ.
Фэеплъ пэкIу нэужьхэм къалэм и скверхэмрэ утхэмрэ уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ цIэрыIуэхэм махуэшхуэ концертхэр щатащ. «Восток» кинотеатрым и гупэм къит утым деж, хабзэ зэрыхъуауэ Ветеранхэм я «Эстафета» хорымрэ «Родник» къэзакъ хорымрэ я зауэ уэрэдхэр щагъэзэщIащ.
16 мая, 2024 - 11:14
Бахъсэн щIыналъэм щIадзауэ япэу щыхасэ витамин зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ нэхъ къулей дыдэхэм хабжэ шыгъулдыкъащхъуэр (голубика). Абы и лъахэр Урысейм и Ищхъэрэ лъэныкъуэрщ. «А пхъэщхьэмыщхьэ телъыджэм и къэгъэкIыным тэмэму убгъэдыхьэмэ, ди щIыналъэхэми щыпхуэгъэбэгъуэнущ, - жеIэ Кыщпэк къуажэм гектар 22-рэ щыхэзыса Тхьэкъуахъуэ Замир.
16 мая, 2024 - 10:12
Иджырей Украинэм и унафэщIхэр хуейкъым Хэку зауэшхуэм теухуауэ зыри ягу къагъэкIыжыну. Псом хуэмыдэу зэрыпхъуакIуэхэм къуажэхэр щIым щыщ ящIыжу зэрыщытар. Ар къызыхэкIри, гурыIуэгъуэщ: езыхэри а фашистхэм къащхьэщыкIыркъым. Абы и щыхьэтщ Донецк, Луганск, Горловкэ къалэхэм, нэгъуэщIхэм я цIыху мамырхэр зэрызэтраукIэр. Аращ нэмыцэхэм езы Украинэм щызэрахьа хьэкIэкхъуэкIагъэр щIащыгъупщэжари. Волынь областым хыхьэ Ратнэ районым щыщ Кортелисы къуажэр 1942 гъэм зэрагъэсари абыхэм ящыщщ.
16 мая, 2024 - 09:08
Накъыгъэм и 16, гъубж
Биографхэм я махуэщ
1954 гъэм Налшык къыщызэIуахащ украин тхакIуэ Вовчок Марко и фэеплъ.
1808 гъэм къалъхуащ адыгэ тхыдэдж, этнограф, тхакIуэ Хъан-Джэрий СулътIан.
1917 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Щхьэгъэпсо Таужан.
1957 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, РАЕН-м и академик, КъБР-м щIыхь зиIэ и экономист Къалэ Замир.
|