|
Календарь событий
18 мая 2024
18 мая, 2024 - 12:48
Налшык къалэм и Курзалым накъыгъэм и 16-м къыщызэIуахащ «Кинокавказ-2024» IV Кавказ Ищхъэрэ щIалэгъуалэ кинофестивалыр. Ар къызэригъэпэщащ УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм икIи щрегъэкIуэкI ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым.
18 мая, 2024 - 12:26
Мы махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щекIуэкIащ «VITA REHAB DAY: реабилитация, санаторно-курортное лечение. Настоящее и будущее» фIэщыгъэр зиIэ, щIыналъэхэр зэпызыщIэ щIэныгъэ-практикэ конференц. Къэралым и щIэныгъэлI, IэщIагъэлI цIэрыIуэхэм абы и утыку къыщрахьащ иужьрей зэманым унэтIыныгъэм щIэуэ къыхыхьа Iэзэгъуэхэр, апхуэдэуи къагъэлъэгъуащ санаторэхэм я лэжьыгъэр егъэфIэкIуэнымкIэ хэкIыпIэу къалъытэхэр.
18 мая, 2024 - 10:48
Налшык дэт Макъамэ театрым щагъэлъэпIащ «Илъэсым и унагъуэ - 2024» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуахэр. Iуэхур къызэригъэпэщащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ, Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэу къащхьэщыжынымкIэ министерствэхэм. Макъамэ театрым кърагъэблэгъат бын унагъуэшхуэхэр, унагъуэщIэхэр - зэпеуэм нэхъыфIу къыщалъытахэр. Пшыхьыр ирагъэкIуэкIащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Аттаев Азноррэ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ адыгэ драмэ театрым и актрисэ Къуэшокъуэ Регинэрэ.
18 мая, 2024 - 10:01
Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъ ин дыдэ курыт еджапIэр Налшык къалэм и «КъуэкIыпIэ» хьэблэм щаухуэ икIи абы щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр и кIэм ноблагъэ. ЗэрытраухухамкIэ, школым еджакIуэхэм папщIэ тIысыпIэу мин 1,5-рэ иIэнущ. Ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «Егъэджэныгъэ» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ.
|