Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ, полицэм и генерал-майор Крючков Вячеслав я лэжьыгъэр утыку къихьэным и лъэныкъуэкIэ жыджэру къазэрыдэлажьэм папщIэ ведомствэм и щIыхь тхылъ иритащ КъБР-м и Парламентым и Аппаратым жылагъуэм пыщIауэ щытынымрэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымкIэ и управленэм и унафэщI Батыр Любэ. Узыншагъэ быдэ, зэIузэпэщыгъэ иIэну ехъуэхъури, министрым жиIащ адэкIи я зэдэлэжьэныгъэр нэхъри купщIафIэу зэрыщытынур и фIэщ зэрыхъур.