Календарь событий

20 мая 2024

Футболыр псоми яйщ

Налшык къалэм дэт «Сабийхэм я стадионым» мы махуэхэм щокIуэкI тэмэму зэхэзымыххэм футболымкIэ я зэхьэзэхуэ. Ди республикэм и командэм нэмыщI, Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэхуэсащ Мэзкуу къалэм, Новгород, Волгоград областхэм, Ставрополь крайм, Осетие Ищхъэрэ – Аланием щыщ гупхэри.

Сабийхэми яхуэгуапэт

ГъукIэлI Исуф (Юрэ) Цацым и къуэр тележурналист Iэзэу зэрыщытам и мызакъуэу, усэхэри рассказхэри итхырт.  Абыхэм яхэтщ сабийхэм яхуэгъэзахэри. Мыбдежым къыщытхьыр апхуэдэхэм ящыщ зыщ. Къызэрытхыжар 2007 гъэм Абхъазым и къалащхьэ Сыхъум къыщыдэкIа «Шы лъэмакъ жылэ» зыфIища и тхылъырщ. 

Хьэндыркъуакъуэхэм я бзэ

Ди дадэ бдзэжьеящэшхуэт. Гъэмахуэ пщыхьэщхьэ уэм дахэу, дадэ дэрэ бдзэжьей дещэу гуэл Iуфэм дыIуст. Аддэ жыжьэу, адрыщI псы IуфэмкIэ къиIукIыу, мылицэ хьэндрэфийм ещхьу, фий макъ дахэ къоIу.

Адыгэ аслъэным и лIыгъэр

Урыс-Кавказ зауэжьым и кIыхьагъкIэ щIыхьрэ лIыгъэкIэ зи цIэр лъагэу зыIэта лIыхъужь куэд къыхощыж адыгэм и тхыдэм. Абыхэм ящыщщ ЩэрэлIыкъуэ-Дыгъужьыкъуэ Къазбэч. 1777-1840 гъэхэм псэуа а дзэзешэм теухуа хъыбар куэд къэсыжащ нобэм.

Краснодар крайм щыIэ АтIэкIумэ псым Iус БанэщI къуажэ цIыкIум къыщалъхуат ар, ЩэрэлIыкъуэ шапсыгъ лъэпкъ цIэрыIуэм щыщт. Урыс-Кавказ зауэм хэта британ тIасхъэщIэх Белл Джеймс зэритхыжамкIэ, Къазбэчщ «Адыгэ аслъэнкIэ» зэджэу щытар.

ЕджапIэ гъатхэхэр зэщIогъагъэ

«Урысей еджапIэ гъатхэ» фIэщыгъэ дахэр зиIэ II къэралпсо зэхьэзэхуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу хэта еджакIуэхэм текIуэныгъэ зыбжанэ къыщыхьащ, къызэрымыкIуэуи купщIафIэу къахущIэкIащ. Хэгъэгум и цIэкIэ екIуу утыкушхуэм зыщызыгъэлъэгъуа ныбжьыщIэхэм яхузэфIэкIащ КъэпщытакIуэ гупым хэт IэщIагъэлIхэмрэ еджагъэшхуэхэмрэ къыдахьэхын, я зэфIэкIхэм пщIэ къыхурагъэщIын.

Гъатхэм и гъэгъахэр

Накъыгъэр къихьэным къэнэж щIагъуэ щымыIэу ди щIыналъэм къыщызэщIэгъэгъащ мэжджыт жыгхэр. Лъэхъэнэ къэс езым и гъэгъа иIэжу къокIуэкI. Нэхъыжьхэм зэрыжаIэжымкIэ, зауэ нэужь лъэхъэнэхэм цIыхухэм псом нэхърэ нэхъыбэу хасэу щытащ накъырэ теплъэ зиIэ  гъэгъа дэжейр.

Кавказ Ищхъэрэм мэкъумэшымкIэ дыщынэхъыфIщ

2030 гъэм ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш-промышленнэ комплексым псори зэхэту продукцэу къыщIигъэкIым и куэдагъым и уасэр сом меларди 180-м нагъэсын мурадхэр щыIэщ. 2023 гъэм яхузэфIэкIам нэхърэ ар хуэдитIкIэ нэхъыбэщ.

Иужьрей илъэситIым къызэрагъэлъэгъуамкIэ, республикэм и зыужьыныгъэм проценти 10-кIэ хигъахъуэурэ макIуэ. НобэкIэ, Урысейм СтатистикэмкIэ и къэрал управленэм къызэритамкIэ, щIыналъэм и мэкъумэш-промышленнэ комплексым къыщIигъэкI продукцэм и куэдагъым и уасэр сом мелард 96 - 97-м нызэрохьэс.

Ахэр дахэ къудейкъым…

ГъэщIэгъуэнщ

 -Дэ дощIэ шымрэ хьэмрэ пасэ зэман лъандэрэ цIыхум и щIэгъэкъуэныфIу къызэрекIуэкIыр. Ар дыдэр яхужытIэ хъунущ ди гъусэу псэу тхьэрыкъуэхэми. Ауэ абы теухуауэ дызыщыгъуазэр, шэч хэмылъу, нэхъ мащIэщ.

Дин хъыбарым къызэрыхэщыжымкIэ, дунейр псым щыщIигъэнам щыгъуэ Нухь бегъымбарым тхьэрыкъуэ иутIыпщауэ щытащ и кхъухьыр зэкIуэлIэфыну щIыпIэ къригъэлъыхъуэну. Мыдрейм игъэзэжащ жыг къудамэ цIыкIу иIыгъыу. Абы къигъэлъагъуэрт псыр зэрыжэщIыжыр икIи къригъэла цIыхухэмрэ псэущхьэхэмрэ щеувэхын щIы кIапэ мыгувэу къыщIэщыну.

Сабий къэс я гулъытэм щIэтщ

 Ди къэралым гулъытэ хэха щыхуащI ныкъуэдыкъуагъ зыбгъэдэлъ сабийхэр жылагъуэ гъащIэм хэшэным.  Ди республикэми а Iуэхум теухуауэ лэжьыгъэшхуэхэр щызэфIагъэкI: зеиншэу къанэ  апхуэдэхэр щапI унэхэр, щрагъаджэ класс щхьэхуэхэр щыIэщ, абыхэм папщIэ программэ хэхахэр ягъэзащIэ.

НОБЭ

Накъыгъэм и 20, блыщхьэ

Метрологием и дунейпсо махуэщ

Бжьэхэм я дунейпсо махуэщ

Фэбжь зыгъуэтам еIэзэ дохутырым и дунейпсо махуэщ

1939 гъэм «КъБР-м и цIыхубэ артист», «КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ» цIэ лъапIэхэр ягъэуващ.

1927 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Гугу Рашад.